04 УРОКЫР
Хэт хъуну Алыхьыр?
Ижь-ижьыж лъандэрэ цІыхухэр тхьэ нэпцІ куэдхэм хуолажьэ. Ауэ Библиер топсэлъыхь «тхьэуэ щыІэхэм нэхърэ нэхъ Тхьэшхуэм» (2 Летопись 2:5). Хэт зи гугъу тщІыр? ЦІыху куэдыр зыхуэлажьэ тхьэхэм нэхърэ ар щхьэ нэхъ лъагэ? Мы урокым уэ къыщыпщІэнущ Алыхь пэжым езым теухуауэ уэ къыбжиІэну зыхуейр.
1. Хэт Алыхьым и цІэр икІи а цІэр тщІэну езы Алыхьыр зэрыхуейр дэнэ дэ щытщІэр?
Алыхьым теухуауэ дэ Библием къыщыдощІэ. Алыхьым дэ зыкъытхуегъазэ: «Сэ сы-Иеговэщ. Аращ си цІэр». (Къеджэ Исайя 42:5, 8.) Иеговэ цІэр журтыбзэм къытехъукІащ икІи, щІэныгъэлІ куэдым зэрабжымкІэ, а цІэм къикІыр «Абы къегъэхъу» жиІэу аращ. Иеговэ хуейщ абы и цІэр дэ тщІэну (Исход 3:15). Абы щыхьэт тохъуэ Алыхьым и цІэм Библием миниблым a щІигъукІэ узэрыхуэзэр. Иеговэ цІэр зезыхьэр «ищхьэкІэ уафэми ищІагъкІэ щІылъэми щыІэ Алыхь пэжыращ» (Второзаконие 4:39).
2. Иеговэ теухуауэ Библием сыт къыщытщІэр?
ЦІыхухэм тхьэ куэд ягъэлъапІэ, ауэ, Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхь пэжыр Иеговэ закъуэщ. Сыт апхуэдэу щІыжытІэр? Дэ дощІэ Иеговэ «фІэкІа ди щхьэщыгум зыри зэримытыр». (Къеджэ Псалом 83:18.) Иеговэщ «лъэкІыныгъэшхуэ» зиІэр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы дэтхэнэ и мурадри игъэзэщІэжыфынущ. Аращ «псори къэзыгъэщІар»: Дунеишхуэмрэ псэ зыІут псомрэ (Апокалипсис 4:8, 11). Иеговэ закъуэщ сыт щыгъуи щыІар икІи щыІэнур (Псалом 90:2).
НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ
ЯпэщІыкІэ Алыхьым и цІэмрэ и титулхэмрэ зэрызэщхьэщыкІым дытепсэлъыхьынщ. ИужькІэ Алыхьым и цІэр къызэрыпхузэІуих щІыкІэмрэ абы ар къыщІыпхузэІуихым и щхьэусыгъуэмрэ къэтщІэнщ.
3. Алыхьым титул куэд иІэщ, ауэ абы и цІэр зыщ
Алыхьым и цІэмрэ и титулхэмрэ зэрызэщхьэщыкІым теухуа ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх.
-
Алыхьым и цІэмрэ абы и титул «Зиусхьэн» жыхуиІэмрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ?
Библием жеІэ цІыхухэр тхьэ куэдым зэрыхуэлажьэр. Псалом 136:1—3 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:
-
Хэт «алыхьхэм я Алыхьыр» икІи «зиусхьэнхэм я Зиусхьэныр»?
4. Иеговэ хуейщ уэ абы и цІэр къэбгъэсэбэпыну
Сыт къэзыгъэлъагъуэр Иеговэ зэрыхуейр абы и цІэр къэбгъэсэбэпыну? ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр зэпкърыфх.
-
Дауэ уеплърэ, Иеговэ хуей абы и цІэр цІыхухэм ящІэну? Сыт апхуэдэу ущІегупсысыр?
Иеговэ хуейщ цІыхухэм абы и цІэр къагъэсэбэпыну. Рим 10:13, ДЩІ итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:
-
Алыхьым и цІэр къэбгъэсэбэпыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
-
Адрейхэм уи цІэр зэращІэжыр икІи ар къызэрагъэсэбэпыр уи гуапэ?
-
Дауэ уеплърэ, Иеговэ и гуапэ абы и цІэмкІэ ущеджэм деж?
5. Иеговэ хуейщ уэ абы и ныбжьэгъу ухъуну
Камбоджэ къэралым щыщ Сотен зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым и цІэр абы къызэрищІам насыпыфІэ дыдэ ищІащ. ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх.
-
Сотен дауэ къызэрыщыхъуар Алыхьым и цІэр къызэрищІар?
Зыгуэрым ныбжьэгъу ухуэхъун ипэ, абы и цІэр къэпщІэн хуейщ. Екъуб 4:8, япэ Іыхьэм итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:
-
Иеговэ сыткІэ къолъэІурэ?
-
Алыхьым и цІэр къызэрыбгъэсэбэпым сыт абы гъунэгъу ущІыхуищІыр?
ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Алыхьыр закъуэщ, абы узэреджэм мыхьэнэ иІэкъым».
-
Алыхьым и цІэр зэры-Иеговэр уи фІэщ хъурэ?
-
Дапхуэдэут нэгъуэщІым къызэрыгурыбгъэІуэнур Алыхьыр зэрыхуейр абы и цІэр дэ къэдгъэсэбэпыну?
КЪЭПЩЫТЭЖ
Алыхь пэж закъуэм и цІэр Иеговэщ. Алыхьыр хуейщ абы и цІэмкІэ деджэну икІи апхуэдэу абы гъунэгъу дыхуэхъуну.
Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:
-
Иеговэ сыткІэ къащхьэщыкІрэ цІыху куэдыр зыхуэлажьэ тхьэхэм?
-
Алыхьым и цІэмкІэ дыщІеджэн хуейр сыт?
-
Сыт къэзыгъэлъагъуэр Иеговэ зэрыхуейр уэ абы ныбжьэгъу ухуэхъуну?
НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ
Алыхьыр зэрыщыІэм щыхьэт техъуэ Іуэхугъуитху зэпкърых.
Алыхьыр сыт щыгъуи зэрыщыІар уи фІэщ пщІыным Іущагъ зэрыхэлъым теухуауэ къеджэ.
«Алыхьыр хэт къэзыгъэщІар?» («ХъумакІуэ чэщанэ», шыщхьэІум и 1, 2014 гъэ)
Пасэрей журтыбзэмкІэ Алыхьым и цІэр къызэрапсэлъу щытар нобэ дымыщІэми, а цІэр къэдгъэсэбэпын хуейщ. Абы и щхьэусыгъуэм теухуауэ къащІэ.
Алыхьым и цІэмкІэ дызэреджэм мыхьэнэ иІэу пІэрэ? Алыхьым зы цІэ закъуэ фІэкІа зэримыІэм теухуауэ къеджэ.
a Алыхьым и цІэм къикІымрэ языныкъуэ Библиехэм а цІэм ущІримыхьэлІэмрэ теухуауэ «ДунеищІэкІэ еджэу урысыбзэкІэ зэдзэкІа Тхыгъэ ЛъапІэм» и Приложение А4 нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ.