13 УРОКЫР
Дапхуэдэу дин нэпцІым Алыхьыр зэригъэпудыр?
Алыхьыр — фІылъагъуныгъэмэ, абы хуэлажьэу зызыбжыж дин куэдым апхуэдиз залымыгъэ щхьэ зэрахьэрэ? КІэщІу жыпІэмэ, ахэр дин нэпцІщ икІи Алыхьым теухуауэ пцІым хурагъаджэри аращ. Дапхуэдэу абыхэм Алыхьым пцІы зэрытралъхьэр? Езы Алыхьыр дауэ абы зэрыхущытыр? Сыт абы ищІэну и мурадыр?
1. Дин нэпцІым зыхуригъаджэм дауэ Алыхьыр зэригъэпудыр?
Дин нэпцІым Алыхьым теухуа пэжыр пцІыкІэ зэрихъуэкІащ (Рим 1:25). Псалъэм папщІэ, дин куэдым жаІэ Алыхьым и цІэр къэбгъэсэбэп мыхъуну, ауэ Тхыгъэ ЛъапІэм зэритымкІэ, Алыхьым и цІэр къэбгъэсэбэпыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Рим 10:13, 14). Абы нэмыщІ Іей гуэр къыщыхъум деж, ар Алыхьым къыбгъэдэкІыу дин пашэхэм жаІэ, ауэ Тхыгъэм зэритымкІэ, Алыхьым зэи Іей къыбгъэдэкІыфынукъым. (Къеджэ Екъуб 1:13.) Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ пцІым и ягъэкІэ цІыхур Алыхьым пэжыжьэ мэхъу.
2. Дин нэпцІым и ІуэхущІафэхэм дауэ Алыхьыр зэригъэпудыр?
Алыхьыр цІыхухэм зэрыхущытым хуэдэукъым дин нэпцІыр цІыхухэм зэрыхущытыр. Библием зэрыжиІэмкІэ, дин нэпцІым «и гуэныхьхэр зэтелъу уафэм нэсащ» (Апокалипсис 18:5). ЛІэщІыгъуэ куэд хъуауэ динхэр политикэми зауэхэми хоІэбэ икІи цІыху куэдым я лІэныгъэмкІэ ар къуаншэщ. Языныкъуэ дин пашэхэр тхъэжу псэуну хуейщи, я члисэм къекІуалІэхэм ахъшэ къыІэщІагъэкІ. А псом къегъэлъагъуэ абыхэм Алыхьыр яцІыхун дэнэ къэна, абы и цІэкІэ зыгуэр ящІэну хуитыныгъэ лъэпкъ зэрамыІэр. (Къеджэ 1 Иуан 4:8.)
3. Алыхьыр дин нэпцІым дапхуэдэу зэрыхущытыр?
Дин нэпцІым и ІуэхущІафэ Іейхэм дэ дыкъигъэгубжьмэ, сыту пІэрэ-тІэ Иеговэ зыхищІэр а псор щилъагъум деж? Алыхьым цІыхухэр фІыуэ елъагъури, дин пашэхэм абы пцІы къызэрытралъхьэм икІи ахэр цІыхухэм Іейуэ зэрахущытым ар хуабжьу къегъэгубжь. Абы дыкъегъэгугъэ дин нэпцІыр игъэкІуэдыжыну икІи ар зэи къэмыунэхужыну (Апокалипсис 18:21). Куэд мыщІэу Алыхьым дин нэпцІу хъуар игъэкІуэдыжынущ (Апокалипсис 18:8).
НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ
Дин нэпцІым илэжь къуаншагъэм, Алыхьыр абы зэрыхущытым икІи Иеговэ адэкІи къэпцІыхуну дин нэпцІыр зэран зыхуэбгъэхъун щІыхуэмейм теухуауэ къащІэ.
4. Дин псори Алыхьым къищтэкъым
Куэдым я гугъэщ гъуэгу зэмылІэужьыгъуэхэм зы щІыпІэм узэрыхуашэм хуэдэу, дин зэмылІэужьыгъуэхэми Алыхь закъуэм ухуашэу. Ауэ ар апхуэдэу пІэрэ зэрыщытыр? Маттэ 7:13, 14 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:
-
Библием зэрыжиІэмкІэ, сыт хуэдэ гъуэгура гъащІэм ухуэзышэр?
ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх.
-
Дин псори Алыхьым къищтэу Библием жиІэрэ?
5. Лъагъуныгъэм теухуауэ Алыхьым къыдита хабзэм дин нэпцІыр теткъым
Дин нэпцІым Алыхьыр егъэпуд. Абы щыхьэт техъуэ щапхъэхэм ящыщ зыщ ар зауэхэм зэрыхэІэбэр. ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр зэпкърыфх.
-
ЕтІуанэ Дунейпсо зауэшхуэм члисэ куэдым сыт хуэдэ лъэныкъуэ яубыдар?
-
Абыхэм ящІам сыт хуэдэ гурыщІэхэр уэ къыуитрэ?
Иуан 13:34, 35; 17:16 итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:
-
Уэ дауэ уеплърэ, динхэр зауэхэм зэрыхэІэбэр Иеговэ щилъагъум деж, абы и гум щыщІэр сыт?
-
Дин нэпцІым щІэпхъаджагъэ куэд зэрихьащ. Лъагъуныгъэм теухуауэ Алыхьым къыдита хабзэм динхэр зэрытемытыр къэзыгъэлъагъуэ зы щапхъэ къэпхьыфыну пІэрэ?
6. Алыхьыр хуейщ цІыхухэр дин нэпцІым и лъабжьэ къыщІэкІыну
Апокалипсис 18:4 итым фыкъеджи a мыбы фегупсыс:
-
Дин нэпцІым къигъэпцІа цІыхухэм Алыхьыр дэІэпыкъуну зэрыхуейм сыт хуэдэ гурыщІэхэр уэ къыуитрэ?
7. Алыхь пэжым теухуауэ адэкІи щІэныгъэ зэгъэгъуэт
Дин нэпцІым и ІуэхущІафэхэр Алыхьым теухуауэ уиІэ еплъыкІэм зэран хуэбгъэхъун хуей? Уи нэгу къыщІэгъэхьэт мыпхуэдэ зы Іуэхугъуэ. Къуэр адэм и чэнджэщыфІхэм емыдаІуэу, унэм щІокІри, зыхуейр ищІэу мэпсэу. Къуэм и дуней тетыкІэр адэм игу ирихькъым. Аращи, захуагъэ хэлъ къуэм ищІэм щхьэкІэ адэр бгъэкъуэншэну?
-
Дин нэпцІым зэрихьэ мыхъумыщІагъэхэм щхьэкІэ Иеговэ бгъэкъуэншэным захуагъэ хэлъ? Иеговэ теухуауэ адэкІи къэпщІэну дин нэпцІым илэжьыр зэран зыхуэбгъэхъун щІыхуэмейр сыт?
ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Диным Іей фІэкІа фІы лъэпкъ къихькъыми, Алыхьым теухуауэ зыри зэхэсхыну сыхуейкъым».
-
Сыт уэ абы теухуауэ жыпІэфынур?
-
Иеговэ теухуауэ диІэ еплъыкІэм дин нэпцІым и ІуэхущІафэхэр зэран хуэдгъэхъун щІыхуэмейр сыт?
КЪЭПЩЫТЭЖ
Дин нэпцІым зыхуригъаджэмрэ абы илэжь мыхъумыщІагъэмрэ Алыхьыр егъэпуд. Алыхьым дин нэпцІыр игъэкІуэдыжынущ.
Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:
-
Дин нэпцІым зыхуригъаджэм икІи абы илэжь мыхъумыщІагъэм уэ дауэ узэрыхущытыр?
-
Иеговэ дапхуэдэу дин нэпцІым зэрыхущытыр?
-
Иеговэ дин нэпцІым сыт ирищІэнур?
НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ
Динхэм я нэхъыбэм Алыхьыр зэрагъэпудыр къащІэ.
«Сыт хуэдэ дин пІыгъми хъуну пІэрэ? Дин псоми Алыхьым ухуашэрэ?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)
Иеговэ сыт щІыхуейр ди закъуэу абы дыхуэмылажьэу, ар фІыуэ зылъагъухэм я гъусэу дыхуэлэжьэну?
«Алыхьыр арэзы пщІын щхьэкІэ дин гуэрым ухэтын хуей?» (интернет-статья)
Дин пашэ гуэрым и диным шэч къытрихьэу щІидзами, абы ар къигъэувыІакъым Алыхь пэжыр къилъыхъуэну.
«Сыт дин пашэм и члисэр къыщІигъэнар?» («Фыкъызэщыу!», мазае, 2015 гъэ)
ЛІэщІыгъуэ куэд хъуауэ динхэм Алыхьым теухуа пцІым хурагъаджэри, цІыхухэм я гугъэщ Алыхьыр гущІэгъуншэу икІи абы дыкъыфІэмыІуэхуу. Библием а пцІыр къызэрыщІигъэщыр къащІэ.
a Апокалипсис тхылъым дин нэпцІыр «Бабилэн къалэшхуэкІэ» зэджэ цІыхубзым ирегъэщхь. Абы теухуауэ нэхъыбэ Приложение 1 къыщыпщІэфынущ.