Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

44 УРОКЫР

ЦІыхухэм ягъэлъапІэ махуэшхуэ псори Алыхьым игу ирихьу пІэрэ?

ЦІыхухэм ягъэлъапІэ махуэшхуэ псори Алыхьым игу ирихьу пІэрэ?

Иеговэ хуейщ гъащІэм гуфІэгъуэ хэтхыу дыпсэуну икІи зэман-зэманкІэрэ дызэхуэсурэ дызэрыгъэгушхуэну. Ауэ цІыхухэм ягъэлъапІэ махуэшхуэ псори Алыхьым игу ирихьу пІэрэ? Мы упщІэм дызэрыхущытымкІэ Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъур дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэнур?

1. ЦІыхухэм ягъэлъапІэ махуэшхуэ куэдыр Иеговэ щІимыдэр сыт?

Нобэ ягъэлъапІэ махуэшхуэ куэдыр Библием итым зэрытемыхуэр икІи абыхэм дин нэпцІыр лъабжьэ зэрахуэхъуар уэ бгъэщІэгъуэну къыщІэкІынщ. Ахэр Іэзэгъуазэм икІи цІыхур лІэми, абы и псэр мылІэу я фІэщ зэрыхъум пыщІауэ щытынкІэ хъунущ. Языныкъуэ махуэшхуэхэм лъабжьэ хуохъу цІыхухэм нэщэнэхэр я фІэщ зэрыхъумрэ ехъулІэныгъэм зэрыщыгугъымрэ (Исайя 65:11). Иеговэ и лэжьакІуэхэм яжреІэ: «Абыхэм фахэкІи, лъэныкъуэкІэ фыув. Мыкъабзэм фемыІусэ» (2 Коринф 6:17) a.

2. ЦІыху гуэрхэр зыгъэлъапІэ махуэшхуэхэм Иеговэ дапхуэдэу зэрыхущытыр?

Иеговэ къыджеІэ цІыхум ущыгугъыным шынагъэ зэрыпылъыр. (Къеджэ Иеремия 17:5.) Языныкъуэ махуэшхуэхэм къэрал унафэщІхэмрэ зауэлІхэмрэ ягъэлъапІэ. Адрей махуэшхуэхэм къэрал дамыгъэхэмрэ абы хуитыныгъэ зэрызригъэгъуэтамрэ ягъэлъапІэ (1 Иуан 5:21). Политикэм е цІыхухэм я хуитыныгъэхэм щІэбэныным пыщІа махуэшхуэхэри щыІэщ. Иеговэ и мурадым пэщІэувэ еплъыкІэхэр зыгъэкІуатэ цІыху е организацэ гуэр дгъэлъапІэмэ, сыт Иеговэ и гум щыщІэнур?

3. Сыт хуэдэ зыщІыкІэм махуэшхуэр зэІигъэхьэфыну?

Библием къемызэгъыу елъытэ щхьэрыутІыпщу екІуэкІ ефэ-ешхэхэмрэ щІыкІэншэу зыщащІ вечеринкэхэмрэ (1 Петр 4:3). Иныкъуэм деж цІыхухэм напэтехыу, егъэлеяуэ хьэлыншэу махуэшхуэхэм зыщащІ. Дэ Иеговэ и ныбжьэгъуу дыкъэнэну дыхуеймэ, апхуэдэ къемызэгъ щытыкІэм зыщытхъумэн хуейщ.

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Иеговэ дгъэгуфІэн щхьэкІэ, махуэшхуэхэмрэ вечеринкэхэмрэ теухуауэ сыт хуэдэ унафэхэр къэтщтэн хуейми къащІэ.

4. Иеговэ зыгъэпуд махуэшхуэхэм фыхэмыт

Ефес 5:10 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Махуэшхуэ гуэр бгъэлъэпІэнрэ умыгъэлъэпІэнрэ унафэ къэпщтэну сыт къыбдэІэпыкъунур?

  • Ущыпсэу щІыпІэм сыт хуэдэ махуэшхуэхэр щагъэлъапІэрэ?

  • Дауэ уеплърэ, а махуэшхуэхэр Иеговэ игу ирихьрэ?

Псалъэм папщІэ, цІыхур къыщалъхуа махуэр гъэлъэпІэным Иеговэ дапхуэдэу хущытми уегупсысауэ пІэрэ? Библием иткъым Иеговэ и лэжьакІуэхэм къыщалъхуа махуэр ягъэлъапІэу щытауэ. Ауэ абы итщ Иеговэ хуэмылажьэ цІыхуитІым ар зэрагъэлъэпІауэ щытам и хъыбар. ЩІэдзапІэ 40:20—22, Маттэ 14:6—10 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Мы пычыгъуэхэм къаІуэтэж ІуэхугъуитІыр сыткІэ зэщхь?

  • Мы ІуэхугъуитІым тепщІыхьмэ, цІыхухэм къыщалъхуа махуэр зэрагъэлъапІэм Иеговэ дапхуэдэу зэрыхущытыр?

Уэ мыпхуэдэу уегупсысынкІэ хъунущ: «ЦІыхур къыщалъхуа махуэм икІи Библием итым темыхуэ нэгъуэщІ махуэшхуэ ягъэлъапІэхэм сыхэтми сыхэмытми Иеговэ и деж апхуэдизу мыхьэнэшхуэ иІэу ара?» Къеджэ Исход 32:1—8. ИужькІэ ВИДЕОМ еплъи мы упщІэхэм жэуап ет:

  • Махуэшхуэ гуэрыр Иеговэ игу ирихьрэ иримыхьрэ зэхэгъэкІын щІыхуейр сыт?

  • Абы и еплъыкІэр дапхуэдэу къызэрытщІэнур?

Махуэшхуэ гуэрым теухуауэ Иеговэ и еплъыкІэр дапхуэдэу къызэрытщІэнур?

  • А махуэшхуэр Библием итым пэщІэмыувэу пІэрэ? Абы лъабжьэ хуэхъуар къащІэ.

  • А махуэшхуэм цІыху гуэр, организацэ е къэрал дамыгъэ имыгъэлъапІэу пІэрэ? ЩІыхьышхуэри лъытэныгъэшхуэри зыхуэфащэр Иеговэ закъуэщ. А зыращ ди гугъуехьхэм кІэ езытыфынур.

  • А махуэшхуэр зэрагъэлъапІэ щІыкІэр Библием ит хабзэхэм пэщІэмыувэу пІэрэ? Иеговэ и пащхьэм дэ къабзэу дыкъыщынэн хуейщ.

5. Уи еплъыкІэм пщІэ хуащІыну адрейхэм ядэІэпыкъу

Иеговэ ифІэмыфІ махуэшхуэхэр бгъэлъэпІэну нэгъуэщІхэм ущыхагъэзыхьым деж, хьэуэ жыпІэну гугъущ. Апхуэдэ унафэ къыщІэпщтар гуапэу, шыІэныгъэ пхэлъу абыхэм къагурыгъаІуэ. Ар зэрыпщІ хъунум и зы щапхъэ деплъынщ. ВИДЕОМ еплъ.

Маттэ 7:12 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Мы едзыгъуэм ипкъ иткІэ, Иеговэ и Щыхьэту щымыт уи благъэхэм махуэшхуэ гуэрым щхьэкІэ ар ямыгъэлъэпІэну яжепІэн хуей?

  • Махуэшхуэхэр умыгъэлъапІэми, уи унагъуэм щыщхэр фІыуэ зэрыплъагъур икІи лъапІэу зэрыплъытэр дапхуэдэу абыхэм зэребгъэлъэгъуфынур?

6. Дэ насыпыфІэу дыщытыну Иеговэ хуейщ

Иеговэ хуейщ ди унагъуэмрэ ди ныбжьэгъухэмрэ я гъусэу дыгушхуэу, дыгуфІэу зыдгъэпсэхуну. Экклезиаст 8:15 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Дэ насыпыфІэу дыщытыну Иеговэ зэрыхуейр мы едзыгъуэм дапхуэдэу къызэрыхэщыр?

Иеговэ хуейщ и лэжьакІуэхэм гъащІэм гуфІэгъуэ хахыу псэуну. Къэрал куэдым къикІа Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс конгрессхэр абы щыхьэт тохъуэ. ВИДЕОМ еплъи ар зэрыпэжыр уи нэкІэ зэгъэлъагъу.

Галатие 6:10 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Махуэшхуэ закъуэхэра Іэмалу щыІэр цІыхухэм фІы яхуэпщІэну?

  • Сытым деж нэхъыбэу гуфІэгъуэ щызыхэпщІэр: къалэн птелъу цІыхум тыгъэ щыхуэпщІым деж, хьэмэрэ уэ ухуейуэ тыгъэ щептым деж?

  • Иеговэ и Щыхьэтхэм зэман-зэманкІэрэ я сабийхэм тыгъэхэр хуащІ икІи зэхуашэсри ягъэджэгу. Фэ сабий фиІэу щытмэ, фегупсыс ахэр зыпэмыплъа сыт хуэдэ тыгъэ яхуэфщІ хъунуми.

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «А махуэшхуэм сыт хуэдэ лъабжьэ имыІами, псом нэхърэ нэхъапэр унагъуэмрэ ныбжьэгъухэмрэ я гъусэу зыдгъэпсэхуну абы Іэмал къызэрыдитыращ».

  • Абы теухуауэ уэ сыт жыпІэнур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Иеговэ хуейщ ди унагъуэмрэ ди ныбжьэгъухэмрэ я гъусэу зэман дгъэкІуэну икІи дызэрыгъэгушхуэну. Ауэ ар хуейкъым езыр зыгъэпуд махуэшхуэхэм дыхэтыну.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Махуэшхуэ гуэрым Иеговэ зэрыхущытыр къыдгурыІуэн щхьэкІэ, сыт хуэдэ упщІэхэм дегупсысын хуей?

  • Махуэшхуэхэм теухуауэ диІэ еплъыкІэр ди унагъуэм щыщхэмрэ ди ныбжьэгъухэмрэ дапхуэдэу къазэрыгурыдгъэІуэфынур?

  • НасыпыфІэу дыщытыну икІи ди нэгу зедгъэужьыну Иеговэ зэрыхуейр дэнэ дэ щытщІэр?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэм ямыгъэлъапІэ махуэшхуэхэр сыт хуэдэми къащІэ.

«Языныкъуэ махуэшхуэхэр Иеговэ и Щыхьэтхэм сыт щІамыгъэлъапІэр?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)

ЦІыхур къыщалъхуа махуэр гъэлъэпІэныр Иеговэ игу иримыхьу къыщІэтлъытэм и щхьэусыгъуиплІыр къащІэ.

«ЦІыхур къыщалъхуа махуэр Иеговэ и Щыхьэтхэм сыт щІамыгъэлъапІэр?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)

Махуэшхуэхэр ягъэлъэпІэну щыхагъэзыхьым деж ныбжьыщІэхэм Иеговэ зэрагъэгуфІэфынум теухуауэ еплъ.

«Иеговэ уэ лъапІэу уелъытэ» (11:35)

Мелуан бжыгъэ хъу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Хъуромэр (Рождествор) ямыгъэлъэпІэну мурад ящІащ. Апхуэдэ мурад сыт абыхэм щІащІар?

«Абыхэм нэхъыфІыр къагъуэтащ» («ХъумакІуэ чэщанэ», дыгъэгъазэм и 1, 2012 гъэ, урысыбзэкІэ)

a Ухэтыну узыхуэмей махуэшхуэ гуэр адрейхэм щагъэлъапІэм деж, уэ сыт пщІэ хъунуми 5-нэ приложением къыщыпщІэнущ.