Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Приложениехэр

Приложениехэр
  1.  «Бабилэнышхуэр» зищІысыр сыт?

  2.  Мэссихьыр дапщэщ къыщыкІуэн хуеяр?

  3.  Лъы къыщагъэсэбэп медицинскэ процедурэхэр

  4.  Зэпэщхьэхуэу псэуныр

  5.  ЦІыхухэм ягъэлъапІэ махуэшхуэхэр

  6.  Уз зэрыцІалэ зиІэм папщІэ

  7.  Ахъшэм, лэжьыгъэм, юридическэ Іуэхухэм пыщІа упщІэхэр

 1. «Бабилэнышхуэр» зищІысыр сыт?

Дин нэпцІым «БабилэнышхуэкІэ» щІеджэр сыт? (Апокалипсис 17:5). Мис абы и щхьэусыгъуэхэр:

  • Абы дуней псом тепщэныгъэ щиІэщ. Библием щыжыІащ «Бабилэнышхуэм» «цІыху гупышхуэхэми, къэралхэми, лъэпкъхэми» тепщэныгъэ зэрахуиІэр. Ар «дунейм и пащтыхьхэм тепщэныгъэ яхузиІэ» къалэшхуэщ (Апокалипсис 17:15, 18).

  • Ар политикэракъым икІи коммерциеракъым. Бабилэнышхуэм кІэ къыхуэкІуа нэужь «дунейм и пащтыхьхэмрэ» «сатуущІэхэмрэ» иджыри щыІэнущ (Апокалипсис 18:9, 15).

  • Абы Алыхьым теухуауэ пцІым хурегъаджэ. Бабилэнышхуэм «псэжькІэ» йоджэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и фейдэ къилъыхъуэу, къэрал унафэщІхэм зэгурыІуэныгъэхэр ирещІылІэ (Апокалипсис 17:1, 2). Абы лъэпкъ псори къегъапцІэ икІи куэдым я лІэныгъэмкІэ ар къуаншэщ (Апокалипсис 18:23, 24).

13 урокым и 6 пунктым гъэзэжын

 2. Мэссихьыр дапщэщ къыщыкІуэн хуеяр?

Библием щыжыІащ Мэссихьыр къэкІуэн ипэ тхьэмахуэ 69 дэкІын хуейуэ. (Къеджэ Даниил 9:25.)

  • Тхьэмахуэ 69 дапщэщ щыщІидзар? Ди эрэм ипэ 455 гъэм. А гъэм Неемие Ерусалим кІуащ, а къалэр зэтригъэувэжын щхьэкІэ (Даниил 9:25; Неемия 2:1, 5—8).

  • Тхьэмахуэ 69 дапхуэдизрэ зэрекІуэкІар? Языныкъуэ едзыгъуэхэм зэритымкІэ, зы махуэр зы илъэсщ (Числа 14:34; Иезекииль 4:6). Апхуэдэу щыхъукІэ, зы тхьэмахуэр илъэсибл мэхъу. Аращи, тхьэмахуэ 69 илъэс 483 мэхъу (69 x 7)

  • Тхьэмахуэ 69 щиухар дапщэщ? Ди эрэм ипэ 455 гъэм щыщІэдзауэ илъэс 483 къэдбжмэ, ди эрэм 29 гъэм дыкъыхуокІуэ a. А гъэ дыдэм Хьисэ псым зыщІигъауэри, Мэссихь хъуащ (Лука 3:1, 2, 21, 22).

15 урокым и 5 пунктым гъэзэжын

 3. Лъы къыщагъэсэбэп медицинскэ процедурэхэр

Языныкъуэ медицинскэ процедурэхэм езы сымаджэм и лъыр къыщагъэсэбэп. А процедурэхэм щыщ гуэрхэр Алыхьым и лэжьакІуэхэм деж къезэгъкъым. Псалъэм папщІэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэм донору лъы яткъым икІи операцэ ящІын ипэ я лъыр зыхрагъэшкъым, ар итІанэ зыхрагъэкІэжын щхьэкІэ (Второзаконие 15:23).

Ауэ нэгъуэщІ процедурэхэм Алыхьым и лэжьакІуэр арэзы техъуэнкІэ хъунущ. Апхуэдэ процедурэхэм хохьэ: анализ ебгъэщІын щхьэкІэ уи лъыр птыныр, гемодиализ, гемодилюция пщІыныр, лъыр зезыгъакІуэ аппаратыр («аппарат искусственного кровообращения» жыхуаІэр), лъыр зэрызэхуахьэсыж аппаратыр («селл-сейвер» жыхуаІэр) къэбгъэсэбэпыныр. Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми унафэ езым ищІын хуейщ операцэ щащІым деж, анализхэр щыІахым деж е операцэ Іуэху хэмыту щагъэхъужым деж и лъыр къызэрагъэсэбэпыным теухуауэ. Мы процедурэхэр дохутырхэм зэращІыр зэщхьэщыкІынкІэ хъунущи, операцэ, анализ е процедурэ гуэрым арэзы утехъуэн ипэ, уи лъыр къызэрагъэсэбэпыну щІыкІэм щыгъуазэ зыпщІын хуейщ. КъыкІэлъыкІуэ упщІэхэм уегупсыс хъунущ:

  • Си лъым и Іыхьэ гуэр къысхашрэ, зэман гуэркІэ къагъэувыІэу, си Іэпкълъэпкъым щымыщ хъууэ щытмэ-щэ? Си напэм къысхуидэну пІэрэ а лъыр адэкІи си Іэпкълъэпкъым щыщу сыбжыну икІи ар «щІым щикІутын» хуэмейуэ къэслъытэну? (Второзаконие 12:23, 24).

  • Медицинскэ процедурэ щащІкІэ си лъым и Іыхьэ гуэр къащтэрэ, зэхъуэкІыныгъэ гуэр халъхьэу къысхакІэжмэ, си напэм ар къысхуидэну пІэрэ?

39 урокым и 3 пунктым гъэзэжын

 4. Зэпэщхьэхуэу псэуныр

Библием зэщхьэгъусэхэр зэпэщхьэхуэу псэуну хуигъэушкъым. Абы гурыІуэгъуэу щыжыІащ зэщхьэгъусэхэр зэпэщхьэхуэу псэуну унафэ ящІми, нэгъуэщІ щхьэгъусэ зрагъэгъуэтыж зэрымыхъунур (1 Коринф 7:10, 11). Ауэ Алыхьым и лэжьакІуэр и щхьэгъусэм бгъэдэкІыу, щхьэхуэу псэуну хуэзыгъэушынкІэ хъуну щхьэусыгъуэ зыбжанэ щыІэщ.

  • ЦІыхухъур ерыщ екІуауэ и унагъуэр зыхуей хуигъэзэн имыдэмэ. ЦІыхухъум и унагъуэр зыхуей хуигъэзэн имыдэу, и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ ахъшэншэ е ерыскъыншэ дыдэу къигъанэу щытмэ (1 Тимофей 5:8).

  • Егъэлеяуэ гущІэгъуншэу уи щхьэгъусэр къыпхущытмэ. Уи щхьэгъусэр егъэлеяуэ гущІэгъуншэу къыпхущытрэ, уи узыншагъэм зэран хуэхъуну е уи гъащІэр пфІэкІуэдыну шынагъэ щыІэу щытмэ (Галатие 5:19—21).

  • Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтекъута хъункІэ наІуэу шынагъэ щыІэмэ. Иеговэ ухуэлэжьэну уи щхьэгъусэм Іэмал лъэпкъ къыуимытмэ (Апостолхэм 5:29).

42 урокым и 3 пунктым гъэзэжын

 5. ЦІыхухэм ягъэлъапІэ махуэшхуэхэр

Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Иеговэ зыгъэпуд махуэшхуэхэм хэткъым. Ауэ Іуэхугъуэ къэс сыт пщІэнуми унафэ къэпщтэн щхьэкІэ Библием тету гъэса уи напэр къэбгъэсэбэпын хуейщ. Щапхъэ зыбжанэ деплъынщ.

  • Махуэшхуэ гуэрым щхьэкІэ зыгуэр къохъуэхъумэ. Абы «упсэу» жепІэ хъунущ. Ауэ а махуэшхуэр щІомыгъэлъапІэм и щхьэусыгъуэр къищІэну цІыхур хуеймэ, абы ар къыгурыбгъаІуэ хъунущ.

  • Иеговэ хуэмылажьэ уи щхьэгъусэм и благъэхэм махуэшхуэ гуэр ягъэлъапІэу Іэнэ къаІэтауэ абы уздишэну хуейщ. Абы укІуэну уи напэм идэмэ, ипэІуэкІэ уи щхьэгъусэм жепІэ хъунущ дин нэпцІым пыщІа хабзэхэм узэрыхэмытынур.

  • Узыгъэлажьэм махуэшхуэм ирихьэлІэу премие къыуитыну хуейщ. Премиер къеІыпхын хуэмейуэ щыт? Хьэуэ. Узыгъэлажьэм а премиер махуэшхуэ гъэлъэпІэным хыхьэу ибжрэ? Е лэжьыгъэр фІыуэ зэрыбгъэзащІэм щхьэкІэ фІыщІэ зэрищІыр абыкІэ къигъэлъагъуэу къилъытэу ара абы? Е а премиер къызэрыуитымкІэ уи лэжьыгъэр фІыуэ зэрыбгъэзащІэр фІыщІэ ищІу къилъытэу ара?

  • Махуэшхуэм уэ зыгуэрым тыгъэ къыует. Абы жиІэфынущ: «Сэ сощІэ мы махуэшхуэр зэромыгъэлъапІэр, ауэ мы тыгъэр уэстыну сыхуейщ». АбыкІэ цІыхум уэ гулъытэ къыпхуищІыну хуейуэ къыщІэкІынущ. Ауэ абы уи фІэщхъуныгъэр игъэунэхуну е махуэшхуэм пыщІа хабзэхэм бзаджагъэкІэ ухигъэтыну хуейуэ къыщІэкІынкІи хъунущ. Абыхэм егупсыси, тыгъэр къэпщтэнрэ къомыщтэнрэ унафэ щІы. Сыт хуэдэ унафэ къэдмыщтами, дэ напэ къабзэ диІэну икІи Иеговэ пэжу дыкъыхуэнэну дыхуейщ (Апостолхэм 23:1).

44 урокым и 1 пунктым гъэзэжын

 6. Уз зэрыцІалэ зиІэм папщІэ

Дэ цІыхухэр фІыуэ долъагъу. Абы къыхэкІкІэ дэ дысымаджэмэ е уз зэрыцІалэ гуэр диІэу дегупсысмэ, тхузэфІэкІыр тщІэнущ адрейхэр дымыцІэлэн щхьэкІэ. Апхуэдэу щІэтщІэр Библием ит унафэм дытетщи аращ: «Уэ уи щхьэр фІыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фІыуэ лъагъу» (Рим 13:8—10).

Уз зэрыцІалэ зиІэ цІыхум а унафэм зэрытетыр дапхуэдэу къызэригъэлъагъуэ хъунур? Псалъэм папщІэ, ар адрейхэм гъунэгъуу бгъэдыхьэнукъым икІи ІэплІэ, ба яхуищІынукъым. Абы и жагъуэ ищІынукъым, ар хьэщІапІэ кърамыгъэблагъэмэ. Псым зыщІигъэуэн ипэ абы и Іуэхур зыІутыр зэхуэсым и координаторым жриІэнущ. И гъусэу псым зыщІэзыгъэуэнухэр абы зэримыцІэлэн Іэмал къуэшхэм къагъуэтынущ. Зыгуэрым епсэлъэн щІидзэн ипэ уз зэрыцІалэкІэ къацІэлэну шынагъэ зиІа цІыхум и лъыр анализ иригъэщІын хуейщ. А цІыхум абыкІэ къигъэлъэгъуэнущ «нэгъуэщІ цІыхухэм я фІагъ зыхэлъым и ужь» зэритыр (1 Коринф 10:24).

56 урокым и 2 пунктым гъэзэжын

 7. Ахъшэм, лэжьыгъэм, юридическэ Іуэхухэм пыщІа упщІэхэр

Ахъшэм пыщІа зэгурыІуэныгъэр ттхыуэ щытмэ, абы гугъуехь куэдым дыщихъумэфынущ, ар зэтщІылІэр Иеговэ и лэжьакІуэу щытми (Иеремия 32:9—12). Ауэ абы емылъытауэ ахъшэм е нэгъуэщІ упщІэ гуэрым пыщІауэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм я зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ гуэрхэри къыдыхьэнкІэ хъунущ. НэгъуэщІ цІыху къыхамыгъэхьэу а Іуэхур езыхэм псынщІэу зэрызэхагъэкІыным иужь итын хуейщ.

Ауэ гуэныхьышхуэ зыпылъ Іуэхугъуэ къэхъумэ-щэ? Псалъэм папщІэ, зыгуэрым пцІы тралъхьэмэ е гъэпцІагъэкІэ и мылъкур къыІэщІагъэкІмэ, сыт абы ищІэн хуейр? (Къеджэ Маттэ 18:15—17.) Хьисэ и псалъэхэм къыхощ пчын хуей лъэбакъуищыр:

  1. Зи зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьахэм я Іуэхур езыхэм зэрызэхагъэкІыным иужь итын хуейщ. (15-нэ едзыгъуэм еплъ.)

  2. Ар езыхэм зэхамыгъэкІыфмэ, Иеговэ и еплъыкІэ зиІэ зы цІыху е цІыхуитІ зыдагъэІэпыкъу хъунущ. (16-нэ едзыгъуэм еплъ.)

  3. Абы иужьи Іуэхур зэхэмыкІамэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыхуагъэзэн хуейщ. (17-нэ едзыгъуэм еплъ.)

Зэхуэсым и цІэри Иеговэ и цІэри дымыгъэулъиин щхьэкІэ Іуэхур судым нэдмыгъэсмэ нэхъыфІщ (1 Коринф 6:1—8). Ауэ Алыхьым и лэжьакІуэм судым зыщыхуигъэзэн хуей Іуэхугъуэхэри щыІэщ. Псалъэм папщІэ, нэчыхьыр егъэкъутэжыным, сабийр къызыхуэнэным, алимент тыным, страховкэм, банкротствэм е уэсятым пыщІа упщІэхэр. Мыпхуэдэ Іуэхугъуэхэм деж Иеговэ и лэжьакІуэм и Іуэхур мамыру зэхигъэкІын щхьэкІэ судым зыхуигъазэу щытмэ, ар Библием ит принципхэм ебакъуэкъым.

Гуэныхь хьэлъэхэм, псалъэм папщІэ, зыгуэрым лей ехыным, сабийм гущІэгъуншэу хущытыным, зыгуэрым теуэным, мылъкушхуэкІэ едыгъуэным е цІыху зэраукІам теухуауэ Алыхьым и лэжьакІуэм къэрал унафэм тету тепщэныгъэ зиІэхэм хъыбар зэрыригъащІэм къикІкъым ар Библием ит принципхэм ебакъуэу.

56 урокым и 3 пунктым гъэзэжын

a Ди эрэм ипэ 455 гъэм щыщІэдзауэ ди эрэм ипэ 1 гъэм нэс илъэс 454 дэкІащ. Ди эрэм ипэ 1 гъэм щыщІэдзауэ ди эрэм 1 гъэм нэс зы илъэс закъуэщ дэкІар (нулевой гъэ щыІакъым). Ди эрэм 1 гъэм щыщІэдзауэ ди эрэм 29 гъэм нэс илъэс 28 дэкІащ. Псори зэхэту илъэс 483 дэкІащ.