49 УРОКЫР
Унагъуэр сыт насыпыфІэ зыщІыфынур? (1 Іыхьэр)
ЗэрышагъащІэхэр щІохъуэпс я насыпымрэ гуфІэгъуэмрэ зэи кІэ имыІэу псэуну. Абыхэм я гъащІэр апхуэдэу хъуфынущ. Илъэс куэд хъуауэ зэдэпсэууэ зи насыпыр зыхъумэжыфа унагъуэ куэд Иеговэ и лэжьакІуэхэм хэтщ. Абыхэм ар щІахузэфІэкІыр Библием ит принципхэр къагъэсэбэпри аращ.
1. Библием лІыхэм сыт хуэдэ чэнджэщ яритыр?
Унагъуэм и нэхъыжьу щытыну Иеговэ тригъэувар цІыхухъуращ. (Къеджэ Ефес 5:23.) Алыхьыр абы щогугъ унагъуэм щыщ дэтхэнэ зыми сэбэп хуэхъуну унафэхэр къищтэну. Библием лІыхэм мыпхуэдэ чэнджэщ ярет: «Дэтхэнэ лІыми и фызыр фІыуэ ирелъагъу» (Ефес 5:25). Сыт абы къикІыр? Лъагъуныгъэ зыхэлъ цІыхухъур и щхьэгъусэм сыт щыгъуи гуапэу хущытщ, абыхэм щазакъуэм дежи, цІыху щахэтым дежи. ЦІыхухъур хущІокъу и щхьэгъусэр зэрихъумэным, и гурыщІэхэм зэрыхуэсакъыным икІи зыхуей зэрыхуигъэзэным (1 Тимофей 5:8). Псом нэхъапэращи, цІыхухъур и щхьэгъусэм доІэпыкъу абырэ Иеговэрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыну (Маттэ 4:4). Псалъэм папщІэ, цІыхухъур и щхьэгъусэм и гъусэу Алыхьым йолъэІу икІи Библиер едж. ЛІыр и щхьэгъусэм лъагъуныгъэрэ гуапагърэ хэлъу щыхущытым деж, ар езыр Иеговэ нэхъ гъунэгъу хуохъу. (Къеджэ 1 Петр 3:7.)
2. Библием фызхэм сыт хуэдэ чэнджэщ яритыр?
Алыхьым и Псалъэм итщ: «Фызым и лІым щІыхь хурещІ» (Ефес 5:33). Дапхуэдэу мы чэнджэщыр цІыхубзым зэригъэзэщІэфынур? Ар хущІэкъу хъунущ и щхьэгъусэм хэлъ хьэл-щэныфІхэм гу зэрылъитэным, абы нэмыщІ езыми я сабийхэми къахуищІэ псом егупсыс хъунущ. Иджыри цІыхубзым и щхьэгъусэм пщІэ зэрыхуищІыр къигъэлъэгъуэфынущ и унафэхэр зэрыдиІыгъымкІэ. Абы нэмыщІ и лІыр Иеговэ и Щыхьэту щытми щымытми, цІыхубзыр и щхьэгъусэм щепсалъэкІэ гуапагъэ хэлъын хуейщ, нэгъуэщІхэм щепсалъэкІи абы ІейкІэ тепсэлъыхьын хуейкъым.
3. Зэщхьэгъусэхэм я нэчыхьыр дапхуэдэу нэхъ быдэ зэращІыфынур?
Библием зэщхьэгъусэхэм щхьэкІэ мыпхуэдэу щыжыІащ: «ТІури зыпкъ хъунущ» (Маттэ 19:5). Абы къокІ зэпэжыжьэ зыщІыфын псоми зэщхьэгъусэхэр пэщІэтын зэрыхуейр. Абы щхьэкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ абыхэм зэгъусэу зэман зэрагъэкІуэным икІи зыри зыщамыбзыщІу гуапагъэ хэлъу я гурыщІэхэмкІэ зэдэгуэшэным. ЗэлІзэфызхэм, Иеговэ нэмыщІ, я щхьэгъусэм ипэ зыри ирагъэщын хуейкъым, ар хэти е сыти ирехъу. Псом хуэмыдэу ахэр хуэсакъын хуейщ и щхьэгъусэу щымыт гуэрым зэрызыдрамыгъэхьэхыным.
НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ
Уи нэчыхьыр нэхъ быдэ пщІыну Библием ит сыт хуэдэ принципхэр къыбдэІэпыкъунуми къащІэ.
4. ЦІыхухъухэ, фи щхьэгъусэхэр фІыуэ флъагъу икІи зыхуей хуэвгъазэ
Библием итщ: «ЛІым езым и пкъым хуэдэу и фызыр фІыуэ илъагъун хуейщ» (Ефес 5:28, 29). Сыт абы къикІыр? ВИДЕОМ еплъи мы упщІэм жэуап ет:
-
ЦІыхухъум и щхьэгъусэр фІыуэ зэрилъагъур икІи зыхуей хуигъэзэну зэрыхущІэкъур дапхуэдэу ІуэхукІэ зэригъэлъэгъуэфынур?
Колоссэ 3:12 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:
-
Мы едзыгъуэм къыщрибжэкІ хьэл-щэнхэр цІыхухъум и унагъуэм дапхуэдэу зэрыщигъэлъэгъуэфынур?
5. ЦІыхубзхэ, фи щхьэгъусэхэр фІыуэ флъагъу икІи пщІэ хуэфщІ
Библием цІыхубзыр хуегъэуш и щхьэгъусэм пщІэ хуищІыну, ар Иеговэ хуэлажьэми хуэмылажьэми. 1 Петр 3:1, 2 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:
-
Уи щхьэгъусэм уи диныр къыбдимыІыгъыу щытмэ, уэ, дауикІ, ухуейщ ар Иеговэ и лэжьакІуэ хъуну. Апхуэдэм деж сыт нэхъыфІыр: увыІэгъуэ уимыІэу пэжымкІэ абы удэгуэшэныра, хьэмэрэ хьэл-щэныфІхэр бгъэлъагъуэу, пщІэ зэрыхуэпщІыр ебгъэлъэгъуныра? Сыт апхуэдэу къыщІэплъытэр?
Зэщхьэгъусэхэм зэгъусэу унафэхэр къащтэ хабзэщ. Ауэ и щхьэгъусэм къищта унафэм цІыхубзыр арэзы щытемыхъуэ къохъу. Апхуэдэм деж щабэу, пщІэ хэлъу цІыхубзым и еплъыкІэр 1 Петр 3:3—5 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:
и щхьэгъусэм жриІэ хъунущ. Ауэ абы зыщигъэгъупщэн хуейкъым унафэ къищтэну Иеговэ зи пщэ дилъхьар цІыхухъурауэ зэрыщытыр. Абы къыхэкІкІэ цІыхубзыр хущІэкъун хуейщ и щхьэгъусэм къищта унафэр зэрыдиІыгъыным. Апхуэдэу ищІэмэ, унагъуэм мамырыгъэ, гупсэхугъуэ, хуабагъ илъынущ.-
Сыт Иеговэ зыхищІэр цІыхубзым и щхьэгъусэм пщІэ щыхуищІым деж?
6. Унагъуэм илъ гугъуехьхэм упэлъэщыфынущ
Гугъуехь гуэр пэщІэмыхуэ унагъуэ щыІэкъым. Ауэ зэщхьэгъусэхэр зэкъуэту, зэакъылэгъуу щытмэ, сыт хуэдэ гугъуехьми пэлъэщыфынущ. ВИДЕОМ еплъи мы упщІэхэм жэуап ет:
-
Сытыт къызыхэщыр зэщхьэгъусэхэр зэман гуэркІэ зэпэжыжьэ зэрызэхуэхъуар?
-
Я нэчыхьыр нэхъ быдэ ящІыжын щхьэкІэ, сыт абыхэм ящІар?
Къеджэ 1 Коринф 10:24, Колоссэ 3:13. Едзыгъуэ къэс уеджа иужь мы упщІэм жэуап ет:
-
Уи нэчыхьыр нэхъ быдэ пщІыну мы чэнджэщыр дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур?
Библием щыжыІащ зыр зым пщІэ хуищІын зэрыхуейр. ПщІэ хуэпщІыным хохьэ гуапагъ пхэлъынымрэ адрейм и гурыщІэхэм ухуэсакъынымрэ. Рим 12:10 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:
-
Уи щхьэгъусэм япэу уэ пщІэ къыпхуищІын хуейуэ къэплъытэрэ? Сыт апхуэдэу къыщІэплъытэр?
ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Си щхьэгъусэмрэ сэрэ япэм хуэдэу фІыуэ дызэрымылъагъужу къысщохъу».
-
Дауэ уеплърэ, Библием ит сыт хуэдэ принципхэра а зэщхьэгъусэхэм ядэІэпыкъуфынур?
КЪЭПЩЫТЭЖ
Зэщхьэгъусэхэр насыпыфІэу щытынущ зыр зым лъагъуныгъэрэ пщІэрэ хуагъэлъагъуэмэ икІи Библием ит принципхэр я гъащІэм къыщагъэсэбэпмэ.
Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:
-
Сыт цІыхухъум ищІэ хъунур, и унагъуэр насыпыфІэу щытын щхьэкІэ?
-
Сыт цІыхубзым ищІэ хъунур, и унагъуэр насыпыфІэу щытын щхьэкІэ?
-
Щхьэгъусэ уиІэу щытмэ, уи нэчыхьыр нэхъ быдэ пщІыну Библием ит сыт хуэдэ принцип къыбдэІэпыкъунур?
НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ
Унагъуэр насыпыфІэу щытын щхьэкІэ, унагъуэм щыщ дэтхэнэ зыми сыт ищІэ хъунур?
Макъамэ зыщІэт мы видеом къыщыфщІэнущ Алыхьым и чэнджэщхэр къэзыгъэсэбэп унагъуэр насыпыфІэ зэрыхъур.
ЦІыхухъур унагъуэм и нэхъыжьу щытыну Иеговэ игъэува унафэм пщІэ хуэпщІыным къикІыр къащІэ.
Зи нэчыхьыр зыкъутэжа зэщхьэгъусэхэм я унагъуэр зэтрагъэувэжыну икІи я гугъуехьхэм пэлъэщыну къадэІэпыкъуар сытми къащІэ.