Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

53 УРОКЫР

Нэгу зегъэужьыкІэ къыхэпхымкІэ Иеговэ гъэгуфІэ

Нэгу зегъэужьыкІэ къыхэпхымкІэ Иеговэ гъэгуфІэ

Иеговэ — «Алыхь насыпыфІэщ» (1 Тимофей 1:11, ДЩІ). Ар хуейщ дэри насыпыфІэу дыщытыну, гъащІэми гуфІэгъуэ хэтхыну. Абы и гуапэщ къару зэдгъэгъуэтыжын щхьэкІэ зыгъэпсэхуным зэман щыхухэтхым деж. Мы урокым дэ щызэпкърытхынущ дигу хэзыгъахъуэ, Иегови и гум дыхьэ зыгъэпсэхукІэ къызэрыхэтх хъунур.

1. ЗыгъэпсэхукІэ къыщыхэтхым деж сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?

Сыт хуэдэ зыгъэпсэхукІэ уэ пфІэфІыр? Языныкъуэхэм яфІэфІщ унэм щІэсу загъэпсэхуну: тхылъ еджэну, уэрэд едэІуэну, кино еплъыну е интернеткІэ зыгуэр къалъыхъуэну. Адрейхэм ягу ирохь я ныбжьэгъухэм я гъусэу я нэгу зрагъэужьыну: зыплъыхьакІуэ кІуэну, псым есыну, джэгуну. Сыт хуэдэ зыгъэпсэхукІэ къыхэдмыхами, ар «Зиусхьэным игу ирихьу» зэрыщытын хуейр зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым (Ефес 5:10, ДЩІ). Абы мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ иджыпсту щыІэ зыгъэпсэхукІэ куэдым Иеговэ илъагъу мыхъу Іуэхугъуэхэр хэтщ: лей зехьэныр, зинэ щІэныр, Іэзэгъуазэр. (Къеджэ Псалом 11:5.) ЗыгъэпсэхукІэ тэмэм къыхэтхыну сыт къыддэІэпыкъунур?

Иеговэ фІыуэ зылъагъухэр дгъэныбжьэгъумэ, дэ ахэр щапхъэфІ тхуэхъунущ, зыгъэпсэхукІэ тэмэми къыхэтхыну къыддэІэпыкъуфынущ. Мыбы ипэ ит урокхэм ящыщ зым къыщытщІащ Іущхэм ныбжьэгъу хуэхъур Іущ зэрыхъунур (Притчи 13:20). Ауэ Иеговэ и хабзэм темытхэм щІэх-щІэхыурэ даригъусэмэ, дэ бэлыхь дыхэхуэнущ.

2. Зыгъэпсэхуным зэман тедгъэкІуадэм дыкІэлъыплъын щІыхуейр сыт?

ЗыгъэпсэхукІэ къыхэтхым зыри Іей хэмылъми, абы зэман куэд зэрытедмыгъэкІуэдэным дыхуэсакъын хуейщ. Апхуэдэу дымыщІэмэ, нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхухэм щхьэкІэ зэман къытхуэмынэжынкІэ хъунущ. Библием дыхуегъэуш Іущагъ хэлъу ди зэманыр къэдгъэсэбэпыну. (Къеджэ Ефес 5:15, 16.)

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

ЗыгъэпсэхукІэ къыщыхэтхым деж, зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр сытми къащІэ.

3. Зэран къыпхуэхъуну нэгу зегъэужьыкІэхэр къыхомых

ЗыгъэпсэхукІэхэр хэплъыхьауэ къыхэпхыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? ВИДЕОМ еплъи мы упщІэхэм жэуап ет:

  • Нобэ щыІэ языныкъуэ нэгу зегъэужьыкІэхэр пасэм щыІа гладиатор джэгухэм сыткІэ ещхь?

  • Нэгу зегъэужьыкІэхэм теухуауэ Дэнни сыт къыгурыІуар?

Рим 12:9 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • ЗыгъэпсэхукІэ тэмэм къыхэпхыну мы едзыгъуэр дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур?

Иеговэ сыт илъагъу мыхъур? Притчи 6:16, 17, Галатие 5:19—21 итым къеджэ. Пычыгъуэ къэс уеджа нэужь мы упщІэм жэуап ет:

  • Мы едзыгъуэхэм къыщрибжэкІхэм щыщу нобэ щыІэ зыгъэпсэхукІэ куэдым сыт хэтыр?

 Нэгу зегъэужьыкІэ тэмэм къыхэпхыну сыт къыбдэІэпыкъунур?

Мы упщІэхэр зэтыж:

  • Сыт? Иеговэ илъагъу мыхъу гуэр абы хэмыту пІэрэ?

  • Дапщэщ? Мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхухэр пщІэну зэран къыпхуэмыхъуу пІэрэ ар?

  • Хэт и гъусэу? Иеговэ фІыуэ зымылъагъухэм щІэх-щІэхыурэ саригъусэн хуей хъуну?

ЩыхупІэм гъунэгъу зыхуомыщІыным Іущагъ хэлъщ, абы ещхьу, нэгу зегъэужьыкІэ гуэрым шэч къытепхьэмэ, ар къыхомыхмэ нэхъыфІщ

4. Мыхьэнэ имыІэу зэманыр умыгъэкІуэд

ВИДЕОМ еплъи мы упщІэм жэуап ет:

  • Къуэшыр зэплъам зыри Іей хэмытами, дапхуэдэут ар абы зэран зэрыхуэхъур?

Филиппи 1:10 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Зыгъэпсэхуным зэман дапщэ тебгъэкІуэдэнуми тебухуэну мы едзыгъуэм ит принципыр дауэ къызэрыбдэІэпыкъунур?

5. Сэбэпынагъ зыхэлъ нэгу зегъэужьыкІэхэр къыхэх

Языныкъуэ зыгъэпсэхукІэхэр Иеговэ игу иримыхьми, сэбэпынагъ зыпылъ, дигу ирихьын нэгу зегъэужьыкІэ куэд щыІэщ. Экклезиаст 8:15, Филиппи 4:8 итым къеджи мыпхуэдэ упщІэ зэтыж:

  • Сэбэпынагъ зыпылъ сыт хуэдэ нэгу зегъэужьыкІэхэр сэ сигу ирихьрэ?

Уигу ирихьын икІи сэбэпынагъ зыпылъ нэгу зегъэужьыкІэ куэд щыІэщ

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Сыт сеплъми, сыт сыджэгуми аракъэ? Сэ апхуэдэу си нэгу зезгъэужь щхьэкІэ, Іей гуэр сщІэну зызгъэхьэзыркъым».

  • Апхуэдэу жызыІэм сыт жепІэ хъунур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Иеговэ хуейщ дэ къыхэтх нэгу зегъэужьыкІэхэр дигу ирихьу икІи сэбэпынагъ хэлъу щытыну.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Алыхьым и лэжьакІуэхэм дежкІэ сыт хуэдэ нэгу зегъэужьыкІэхэра къемызэгъыу щытыр?

  • Зыгъэпсэхуным тедгъэкІуадэ зэманым дыкІэлъыплъын щІыхуейр сыт?

  • Иеговэ и жагъуэ зымыщІын зыгъэпсэхукІэхэр къыхэпхыну сыт ущІыхуейр?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

«ЦІыху хужьхэр слъагъу мыхъуу сыщытыжкъым» жыхуиІэ биографием еджи, зы цІыхухъу гуэрым зэрызигъэпсэху щІыкІэм зэрыхэплъэжар къащІэ.

«Библием гъащІэр ехъуэж» («ХъумакІуэ чэщанэ», мазаем и 1, 2010 гъэ, урысыбзэкІэ)

Фильмыр жин бзаджэхэм зэрыпыщІар цІыхубзым къыщищІам сыт ищІами еплъ.

«Іэзэгъуазэ зыхэт зыгъэпсэхукІэхэм пэІэщІэ зыхуэщІ» (2:02)