58 УРОКЫР
Иеговэ хуэпэжу фыкъанэ
Хьисэ и гъэсэн пэжхэм мурад быдэ яІэщ Иеговэ хуаІэ ныбжьэгъугъэм зыри — ар хэти е сыти ирехъу — зэран хуамыгъэхъуну. Уэри а ныбжьэгъугъэр лъапІэу плъытэу къыщІэкІынщ. Иеговэ узэрыхуэпэжыр лъапІэу елъытэ. (Къеджэ 1 Летопись 28:9.) Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж Иеговэ пэжу укъыхуэнэну щымытыншыр икІи сыт абыкІэ къыбдэІэпыкъунур?
1. Иеговэ убгъэдашыну нэгъуэщІхэр дапхуэдэу зэрыхэтыфынур?
Языныкъуэ цІыхухэр хуейщ уэ Иеговэ ухуэлэжьэн щыбгъэтыну. Хэт а цІыхухэр? Псалъэм папщІэ, Иеговэ епцІыжахэр. Абыхэм пэжыр къагъэнащ икІи дэри ди фІэщхъуныгъэр зэтракъутэн щхьэкІэ Алыхьым и организацэм пцІы тралъхьэ. Абы нэмыщІ дин пашэхэми дэ ттеухуауэ пцІы ягъэІу. Абыхэм я мурадыр — цІыху мысакъхэр, къэгъэпцІэгъуафІэхэр Иеговэ и лъабжьэм къыщІашыныращ. Апхуэдэ мурад зиІэхэм уедэуэным, я тхылъхэм уеджэным, я блогхэм, сайтхэм уихьэным икІи къралъхьэ видеохэм уеплъыным шынагъэшхуэ пылъщ. Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм я фІэщхъуныгъэр зэтезыкъутэну хэтхэм теухуауэ Хьисэ мыпхуэдэу жиІащ: «Абыхэм я ужь фикІ. [Ахэр] цІыху нэфхэм я нэф пашэхэщ. Зы нэфыр адрей нэфым гъуазэ хуэхъумэ, тІури мащэм ихуэнущ» (Маттэ 15:14).
2. Иеговэ дызэрыхуэпэжыр дапхуэдэу ди унафэхэм къызэрыхэщынур?
Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм дыхуигъэушынущ дин нэпцІым зыкІи зыпыдмыщІэну. Дэ дыхуейкъым дин нэпцІым епха лэжьыгъэ гуэр дгъэзэщІэну, абы пыщІа организацэ гуэрым дыхэтыну е нэгъуэщІ Іуэху гуэркІэ абы дыхэІэбэну. Иеговэ дыкъыхуреджэ: «Си цІыхухэ... [Бабилэн зи цІэ къалэшхуэм] фыкъыдэкІ» (Апокалипсис 18:2, 4).
НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ
Иеговэ пэжу ухуэлэжьэну зыри зэран зыхуомыгъэхъуну къыбдэІэпыкъунур сытми икІи Бабилэн къалэшхуэм укъыдэкІыным къикІыр сытми къащІэ.
3. Алыхьым теухуауэ пцІым хуезыгъаджэхэм зыщыхъумэ
Иеговэ и организацэм теухуауэ пцІы щызэхэтхым деж дапхуэдэу абы дызэрыхущытын хуейр? Притчи 14:15, Гъэсэпэтхыдэхэм къеджи мы упщІэм егупсыс:
-
Зэхэтх псори ди фІэщ тщІын щІыхуэмейр сыт?
2 Иуан 9—11 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:
-
Алыхьым епцІыжахэм дапхуэдэу дазэрыхущытын хуейр?
-
Алыхьым епцІыжахэм дахуэмызэми, демыпсалъэми дапхуэдэу ахэр зэран къызэрытхуэхъуфынур?
-
Дауэ уеплърэ, сыт Иеговэ зыхищІэнур езымрэ и организацэмрэ теухуауэ жаІэ пцІым дедаІуэмэ?
4. Зэхуэсым щыщ гуэрым гуэныхь щилэжьам деж Иеговэ хуэпэжу къанэ
Зэхуэсым щыщ гуэрым гуэныхь хьэлъэ ищІауэ къатщІэмэ, сыт дэ тщІэн хуейр? Ижь зэманым Алыхьым Израил лъэпкъым ирита хабзэхэм щыщ зы зэпкърытхынщ. Къеджэ Левит 5:1.
Мы едзыгъуэм зэритымкІэ, зыгуэрым гуэныхь хьэлъэ ищІауэ къатщІэмэ, зэхуэсым и нэхъыжьым жетІэн хуейщ. Ауэ япэщІыкІэ гуэныхь зыщІам дыбгъэдыхьэу, зэхуэсым и нэхъыжьхэм псори жриІэну хуэдгъэушмэ нэхъыфІщ. Апхуэдэу абы имыщІэмэ, Иеговэ дызэрыхуэпэжым къыхэкІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм дабгъэдыхьэнурэ Іуэхур зыІутыр яжетІэнущ. Дауэ абы къызэрыхэщыр пэжагърэ лъагъуныгъэрэ дызэрыхуиІэр:
-
Алыхь Иеговэ?
-
гуэныхь зыщІам?
-
зэхуэсым щыщхэм?
5. Бабилэн къалэшхуэм къыдэкІ
Лука 4:8, Апокалипсис 18:4, 5 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:
-
Дин нэпцІым иджыри сыхэт?
-
НэгъуэщІ диным пыщІа организацэ гуэрым сыхэмыту пІэрэ?
-
Си лэжьыгъэр дин нэпцІым зыгуэркІэ емыпхауэ пІэрэ?
-
НэгъуэщІ Іуэхугъуэ гуэркІэ дин нэпцІым сыпымыщІауэ пІэрэ?
-
Мы упщІэхэм ящыщ зым «нтІэ» жысІэу жэуап естамэ, сыт схъуэжын хуейр?
Напэ къабзэ уиІэн щхьэкІэ икІи Иеговэ узэрыхуэпэжыр къэбгъэлъэгъуэн щхьэкІэ унафэ пэж къащтэ.
ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Алыхьым епцІыжахэм Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ жаІэхэр къасщІэмэ, пэжым нэхъ сыкъыщхьэщыжыфынущ».
-
Абы Іущагъ хэлъу къэплъытэрэ? Сыт щхьэкІэ?
КЪЭПЩЫТЭЖ
Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ дыщызыгъэуэну хэтхэм депсэлъэн хуейкъым.
Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:
-
Алыхьым епцІыжахэм дыщІемыдаІуэр сыт?
-
Къуэшым е шыпхъум гуэныхь хьэлъэ ищІауэ къэтщІамэ, сыт тщІэн хуейр?
-
Дин нэпцІыр къэбгъэнэным сыт къикІыр?
НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ
Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ жаІэ пцІым дапхуэдэу дызэрыхущытын хуейр?
«И пэжыпІэр фщІэуэ пІэрэ?» («ХъумакІуэ чэщанэ», шыщхьэІу, 2018 гъэ)
Организацэ гуэр е лэжьыгъэ гуэр Бабилэн къалэшхуэм пыщІарэ пымыщІарэ дапхуэдэу къызэрысщІэнур?
«Мы „иужьрей махуэхэм“ икІэ махуэхэм Алыхьым и Іуэхум псэемыблэжу фыхэт!» («ХъумакІуэ чэщанэ», жэпуэгъуэ, 2019 гъэ, абз. 16—18)
Алыхьым епцІыжахэм ди фІэщхъуныгъэр зэтракъутэн щхьэкІэ сыт ящІэр?
«СызэрыцІыкІурэ Алыхьыр къэслъыхъуэт» жыхуиІэ биографием еджи, синтоистхэм я дин пашэу щытам дин нэпцІыр къызэригъэнар къащІэ.
«Библием гъащІэр ехъуэж» («ХъумакІуэ чэщанэ», бадзэуэгъуэм и 1, 2011 гъэ, урысыбзэкІэ)