Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Маттэ 5—7 псалъащхьэхэр

Маттэ 5—7 псалъащхьэхэр

5 ЦІыху гупышхуэр щилъагъум Хьисэ Іуащхьэм дэкІуеящ. Ар етІысэхри, къыбгъэдыхьа и гъэсэнхэр 2 иригъаджэу щІидзащ:

3 — НасыпыфІэщ Алыхьым зэрыхуэныкъуэр къызыгурыІуэхэр икІи ар къэзылъыхъуэхэр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уафэм щыІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм абыхэм Іыхьэ къащылъысынущ.

4 НасыпыфІэщ зигу ныкъуэхэр, гукъеуэ зиІэхэр, абыхэм гупсэхугъуэ ягъуэтыжынущи.

5 НасыпыфІэщ зигу пагагъэ имылъхэр, абыхэм щІыр тыгъэу къалъысынущи.

6 НасыпыфІэщ захуагъэм щІэхъуэпсхэр, абыхэм захуагъэкІэ загъэнщІыжынущи.

7 НасыпыфІэщ гущІэгъу зыхэлъхэр, езыхэми гущІэгъу къыхуащІыжынущи.

8 НасыпыфІэщ зигу къабзэхэр, абыхэм Алыхьыр ялъагъунущи a.

9 НасыпыфІэщ мамырыгъэр зэтезыгъэувэжхэр, абыхэм Алыхьым и бынкІэ еджэнущи.

10 НасыпыфІэщ пэжым щхьэкІэ кърахуэкІхэр, уафэм щыІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм абыхэм Іыхьэ къащылъысынущи.

11 ФынасыпыфІэщ фэ си гъуэгу фызэрырикІуэм щхьэкІэ фыкъыщрахуэкІым деж, Іей къыщыфхужаІэм деж икІи пцІы къыщыфтралъхьэм деж. 12 ФыгуфІэ, хуабжьу фыгуфІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фэ Алыхьым уафэм тыгъэшхуэ щыфхуигъэхьэзыращ! Фэ фяпэ щыІа бегъымбархэри апхуэдэ дыдэу кърахуэкІыу щытащ.

13 Мы дунейм шыгъум хуэдэр фэращ. Ауэ шыгъум и къарур щІэкІмэ, дауэ ар аргуэру шыугъэ зэрыпщІыжынур? Зи къарур щІэкІа шыгъур зыкІи къыпхуэгъэсэбэпыжынукъым. Ар иракІутыжынурэ, цІыхухэм лъэгукІэ яутэнущ.

14 Мы дуней кІыфІым и нэхур фэращ. Бгыщхьэм тет къалэр умылъагъуу къэнэнукъым. 15 Уэздыгъэр щыпагъанэкІи, абы матэ траІубэркъым, атІэ тегъэувапІэм трагъэувэ, унэм щІэс псоми яхуэнэхун щхьэкІэ. 16 Абы хуэдэу фэри фи нэхур иреблэ, фи ІуэхуфІхэр цІыхухэм ялъагъуу, уафэм щыІэ фи Адэр ягъэлъэпІэн щхьэкІэ.

17 Фимыгугъэ Мусэрэ адрей бегъымбархэмрэ ятхыжа хабзэр скъутэжыну сыкъэкІуауэ. Сэ сыкъыщІэкІуар ар Іусхыжыну аракъым, атІэ згъэзэщІэну аращ. 18 Пэжыр нывжызоІэ: уафэмрэ щІылъэмрэ нэхъ кІуэдыжыгъуафІэ хъунущ хабзэм ит зы хьэрф цІыкІу е екъуа цІыкІу кІуэдыным нэхърэ. Алыхьым иригъэтхам щыщу къэмыхъуу зыри къэнэнукъым. 19 Аращи, хабзэм иту мыхьэнэ зрамыт унафэхэм щыщу нэхъ цІыкІу дыдэм ебакъуэм икІи абы адрейхэр хуезыгъасэм уафэм щыІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм Іыхьэ къыщылъысынукъым. Ар къызылъысынур а унафэхэр зыгъэзащІэу, адрейхэри абы хуезыгъасэращ. 20 Аращи, нывжызоІэ: Мусэ и Хабзэм хуезыгъаджэхэмрэ фарисейхэмрэ я фІэщхъуныгъэм нэхърэ фэ фи фІэщхъуныгъэр мынэхъ инмэ, уафэм щыІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм Іыхьэ къыщыфлъысынукъым.

21 Ижь зэманым цІыхухэм мыпхуэдэу къызэрыжраІар фэ зэхэфхащ: «ЦІыху умыукІ. ЦІыху зыукІыр судым и пащхьэ иувэнущ». 22 Ауэ сэ нывжызоІэ: и къуэшым хуэгубжьын щызымыгъэт дэтхэнэ зыри судым и пащхьэ ирашэнущ. И къуэшыр псалъэ ІейкІэ зыгъэпудыр Суд Нэхъыщхьэм и пащхьэ иувэнущ. «Уэ акъылыншэр зыри урищІыскъым!» жиІэу и къуэшым жезыІэм езыр ягъэкІуэдыжыну къелэжь.

23 Алыхьым тыгъэ гуэр къыхуэпхьыну иужь уихьауэ, уи къуэшым гукъанэ гуэр къызэрыпхуиІэр уигу къэкІыжмэ, 24 къурмэнщІыпІэм деж уи тыгъэр къыщыгъани, кІуэи, япэщІыкІэ уи къуэшым екІуж, итІанэ къэгъэзэжи, уи тыгъэр къэхь.

25 Зыгуэрым судыщІэм уритыну иужь ихьамэ, Іуэхур судым нэмыс щІыкІэ абы узэрекІужыным хущІэкъу. Армыхъумэ, судыщІэм уІэщІэхуэнурэ, абы тутнакъым урыригъэдзэнущ. 26 НыбжызоІэ: уи щІыхуэр зэрыщыту умыпшыныжауэ, абы укърагъэкІыжынукъым.

27 Фэ зэхэфхащ мыпхуэдэу зэрыжаІэр: «Уи щхьэгъусэм уемыпцІыж». 28 Ауэ сэ нывжызоІэ: хъуэпсэнэгуу цІыхубзым еплъ дэтхэнэри игукІэ и щхьэгъусэм епцІыжакІэщ. 29 Уи нэм гуэныхь щІэным ухуишэмэ, ар къитхъи, хыфІэдзэ. Уи нэ лъэныкъуэр пфІэкІуэдмэ нэхъыфІщ, уи Іэпкълъэпкъыр зэрыщыту пфІэкІуэд нэхърэ. 30 Уи Іэ лъэныкъуэми гуэныхь щІэным ухуишэмэ, ар пыупщІи, хыфІэдзэ. Уи Іэ лъэныкъуэр пфІэкІуэдмэ нэхъыфІщ, уи Іэпкълъэпкъыр зэрыщыту пфІэкІуэд нэхърэ.

31 Иджыри мыпхуэдэу жаІэ: «Зи фыз изыгъэкІыжым ар зэрыригъэкІыжым щыхьэт техъуэ тхылъ иритын хуейщ». 32 Ауэ сэ нывжызоІэ: и щхьэгъусэм зинэ имыщІамэ, цІыхухъум ар иригъэкІыж хъунукъым. Апхуэдэу ищІэмэ, и щхьэгъусэм зинэ щІищІэн щхьэусыгъуэ ириту мэхъу. ИрагъэкІыжа цІыхубз къэзышэми зинэ ищІэу мэхъу.

33 Иджыри фи адэжьхэм мыр зэрыжраІар зэхэфхащ: «Тхьэ пІуамэ, ар умыгъэзэщІэжу къомыгъанэ. Иеговэ b епт псалъэхэр Іыгъыж». 34 Ауэ сэ нывжызоІэ: тхьэ зыкІи фымыІуэ: уафэмкІи тхьэ фымыІуэ, ар Алыхьым и тахътэуэ щытщи, 35 щІылъэмкІи тхьэ фымыІуэ, абы и лъэр зытетыр аращи, Ерусалим къалэмкІи тхьэ фымыІуэ, ар я нэхъ лъагэ Пащтыхьым и къалэу щытщи. 36 Фи гъащІэмкІи тхьэ фымыІуэ, фи зы щхьэц налъи хужь е фІыцІэ фхуэщІынукъыми. 37 Зыгуэр пщІэну жыпІамэ, ар гъэзэщІэж, зыгуэр умыщІэну жыпІами, абыи утемыкІ. ЖыпІам утемытыжмэ, ШейтІаным щапхъэ тыбох.

38 Мыпхуэдэу зэрыжаІэри зэхэфхащ: «Уи нэр изыщІым и нэр ищІыж, уи дзэр Іузыудым и дзэр Іуудыж». 39 Ауэ сэ нывжызоІэ: цІыху бзаджэм фыпэмыув, атІэ уи нэкІу ижьым къеуэ дэтхэнэми адрей уи нэкІу лъэныкъуэри хуэгъазэ. 40 Зыгуэрым судым уриту уи джанэр къыптрихыну хуеймэ, абы уи щыгъын щІыІутелъри ет. 41 Тепщэныгъэ зиІэм зыгуэр уигъэщІэну хуеймэ, абы къыбжиІам нэхърэ нэхъыбэ щІэ. 42 Зыгуэр щхьэкІэ къолъэІум къызэролъэІур ет, щІыхуэ щхьэкІи къолъэІум уи щІыб хуумыгъазэ.

43 Дин егъэджакІуэхэм мыпхуэдэу зэрыжаІэр зэхэфхащ: «Уи гъунэгъур фІыуэ лъагъу, уи бийр плъагъу мыхъуу щыт». 44 Ауэ сэ нывжызоІэ: фи бийхэри фІыуэ флъагъу, гугъу фезыгъэхьхэми Алыхьым фахуелъэІу. 45 Апхуэдэу фщІэмэ, уафэм щыІэ фи Адэ лъапІэм щапхъэ зэрытефхыр вгъэлъэгъуэнущ. Абы цІыхуфІхэми цІыху Іейхэми дыгъэр къахурегъэпс, фІы зыщІэхэми Іей зыщІэхэми уэшхри къахурегъэшх. 46 Фэ фІыуэ фыкъэзылъагъухэм фІэкІа фІыуэ фымылъагъужмэ, тыгъэ гуэр къыфлъысыну сыт фыщІигугъэр? Налог хэзыххэми ар дыдэракъэ ящІэр? 47 ИкІи фэ гуапэу фызыхущытыр фи ныбжьэгъу закъуэхэрамэ, бэлыхь гуэр фщІэуэ щхьэ къыфщыхъурэ? НэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ цІыхухэми ар дыдэракъэ ящІэр? 48 Аращи, уафэм щыІэ фи Адэ лъапІэм лъагъуныгъэр нэгъэсауэ зэригъэлъагъуэм хуэдэу фэри вгъэлъэгъуэн хуейщ.

6 ФІы щыфщІэкІэ, цІыхухэм гу зылъевгъэтэн щхьэкІэ фымыщІэ. Армыхъумэ, фи Адэ лъапІэу уафэм щыІэм къыбгъэдэкІ тыгъэр къыфлъысынукъым. 2 НэгъуэщІхэм уащыдэІэпыкъукІэ, бзитІщхьитІхэм хуэдэу, ар бгъэІуу удэмыт. Абыхэм ар тхьэлъэІупІэхэм щыІэу икІи уэрамыщхьэхэм тету щІащІэр цІыхухэр зыщагъэтхъун щхьэкІэщ. Пэжыр нывжызоІэ: абыхэм къалъысыну тыгъэр къалъысакІэщ. 3 НэгъуэщІхэм уащыдэІэпыкъукІэ, ар умыгъэхъыбар. 4 ІуэхуфІу пщІэр щэхуу къренэ, абы щыгъуэ псори зылъагъу уи Адэ лъапІэм фІыгъуэ къыпхуищІэжынущ.

5 Алыхьым фыщелъэІукІи, бзитІщхьитІхэм ящІэр фымыщІэж. Абыхэм яфІэфІщ псоми къалъагъуу тхьэлъэІупІэхэмрэ уэрамыщхьэхэмрэ тхьэ щелъэІуну. Пэжыр нывжызоІэ: абыхэм къалъысыну тыгъэр къалъысакІэщ. 6 Ауэ уэ Алыхьым ущелъэІукІэ, уи пэшым щІыхьэ, бжэр къэгъэбыди, уи Адэм лъэІукІэ зыхуэгъазэ. Абы щыгъуэ псори зылъагъу уи Адэ лъапІэм фІыгъуэ къыпхуищІэжынущ. 7 Алыхьым фыщелъэІукІэ къытевгъэзэжурэ зы жывмыІэ, нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ цІыхухэм зэращІым хуэдэу. Абыхэм я гугъэщ я тхьэлъэІур нэхъ кІыхьыху Алыхьым нэхъ зэхихыу. 8 Фэ апхуэдэу фыщымыт, фи Адэ лъапІэм фемылъэІу щІыкІэ фызыхуэныкъуэр ещІэри.

9 Аращи, мыпхуэдэущ Алыхьым фызэрелъэІун хуейр:

«Уэ, ди Адэ лъапІэу уафэм щыІэ, цІыхухэм уи цІэр ягъэлъапІэу ирехъу. 10 Уи Пащтыхьыгъуэм щІылъэм тепщэн щыщІредзэ. Уи мурадри уафэм гъэзэщІа зэрыщыхъум хуэдэу, щІылъэми гъэзэщІа щрехъу. 11 ДынолъэІу нобэ дызыхуэныкъуэ ерыскъыр къыдэптыну 12 икІи мыхъуну тщІар къытхуэбгъэгъуну, мыхъун къыдэзыщІахэм дэ зэрахуэдгъэгъум хуэдэу. 13 МыхъумыщІагъэм дыдимыхьэхыну къыддэІэпыкъу, ШейтІанми дыщыхъумэ».

14 ЦІыхухэм мыхъумыщІагъэу къыващІар яхуэвгъэгъумэ, уафэм щыІэ фи Адэ лъапІэм фэри къыфхуигъэгъунущ. 15 Ауэ цІыхухэм мыхъумыщІагъэу къыващІар яхуэвмыгъэгъумэ, фи Адэ лъапІэм фэри мыхъумыщІагъэу фщІар къыфхуигъэгъунукъым.

16 НэщІ фыщискІэ бзитІщхьитІхэм хуэдэу тхьэмыщкІафэ зытевмыгъауэ. ЗэрынэщІыр псоми ирагъэлъэгъун щхьэкІэ абыхэм я нэкІур зэхэуфауэ дэтщ. Пэжыр нывжызоІэ: абыхэм къалъысыну тыгъэр къалъысакІэщ. 17 Ауэ уэ нэщІ ущискІэ, уи щхьэцыр зыхуей хуэгъазэ, уи напэри тхьэщІ. 18 Апхуэдэу пщІэмэ, уэ нэщІ узэрисыр зылъагъунур цІыхухэракъым, атІэ уафэм щыІэ уи Адэ лъапІэращ. Абы щыгъуэ псори зылъагъу уи Адэ лъапІэм фІыгъуэ къыпхуищІэжынущ.

19 ЩІылъэм мылъку щызэхуэфхьэсыну фыхэмыт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар хъуным ишхыфынущ, улъийуэ кІуэдыжыфынущ икІи къыффІадыгъуфынущ. 20 Абы ипІэкІэ уафэм щыІэ фи Адэм игу ирихь Іуэхухэр зэрыфщІэным иужь фит, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр хъуным ишхынукъым, улъийуи кІуэдыжынукъым икІи зыми къыффІидыгъуфынукъым. 21 ЛъапІэу плъытэращ уигури уи акъылри зэтауэ щытынур.

22 Нэр уэздыгъэм хуэдэщ. Уи нэр зытебгъэтыр фІырамэ, уи гъащІэр нэхуу щытынущ, 23 ауэ уи нэр зытебгъэтыр Іейрамэ, уи гъащІэр кІыфІынущ икІи а нэхур зыфІэбгъэкІуэдмэ, сыту кІыфІ хъуну уи гъащІэр!

24 ЗиусхьэнитІым хуэлэжьэн зыми хузэфІэкІынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зыр фІыуэ илъагъуу, адрейр илъагъу мыхъуу щытынущ; зым хуэпэжынущ, адрейм епцІыжынущ. Ахъшэ къэлэжьыным фІэкІ Іуэху фимыІэмэ, Алыхьым фыхуэлэжьэн флъэкІынукъым.

25 Аращи, нывжызоІэ: «Сыт тшхын?», «Сыт дефэн?» е «Сыт щыттІэгъэн?» жыфІэу егъэлеяуэ фымыгузавэ. Шхыным нэхъри щыгъыным нэхъри фи гъащІэр нэхъ лъапІэкъэ? 26 Уафэгум ит бзухэм фыкІэлъыплъ. Абыхэм жылэ трасэу, гъавэ кърахьэлІэжу, гуэнми щахъумэу щыткъым. Ауэ уафэм щыІэ фи Адэ лъапІэм ахэр егъашхэ. Абыхэм нэхърэ фэ куэдкІэ фынэхъ лъапІэкъэ? 27 ФыгузавэкІэ фи гъащІэм зы сыхьэт нэхъ мыхъуми къыфхупыщэну? 28 ЩыфтІэгъэным щхьэкІи сыт фыщІэгузавэр? Губгъуэ удз гъэгъахэм феплъыт. Ахэр лажьэкъым, щыгъыни ядыркъым, 29 ауэ нывжызоІэ: апхуэдизу къулейуэ щыта пащтыхь Сэлмэн абыхэм ящыщ зым хуэдэу дахэу зихуапэтэкъым. 30 Нобэ гъагъэу, пщэдей гъужу ягъэсыжыну губгъуэ удзхэр Алыхьым апхуэдизу дахэу щихуапэкІэ, фІэщхъуныгъэ тІэкІу вгъэлъагъуэмэ, фэ абы нэхъыбэж къыфхуищІэнукъэ? 31 Аращи, «Сыт тшхын?», «Сыт дефэн?» е «Сыт щыттІэгъэн?» жыфІэу зэи фымыгузавэ. 32 А Іуэхухэм щхьэкІэ гузавэр Алыхьыр зымыцІыхухэращ. А псом фэ фызэрыхуэныкъуэр уафэм щыІэ фи Адэ лъапІэм ещІэ.

33 Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр псом япэ ивгъэщмэ икІи сыт щыгъуи абы жиІэм федаІуэмэ, фызыхуэныкъуэу хъуар фи Адэ лъапІэм къывитынущ. 34 Пщэдейрей махуэм щхьэкІэ зэи фымыгузавэ. Пщэдей махуэм и гузэвэгъуэхэр къыхэмыхьэми, нобэ гузэвэгъуэу фиІэм фрикъунщ. УщІэгузэвэн Іуэху махуэ къэс щыІэнущ.

7 Зыри фымыгъэкъуаншэ, фэри зыми фимыгъэкъуэншэжын щхьэкІэ. 2 Фэ адрейхэр зэрывгъэкъуаншэм хуэдэу, Алыхьым фэри фигъэкъуэншэжынущ. Фэ фазэрыхущытым хуэдэущ адрейхэри къызэрыфхущытыжынур. 3 Уи къуэшым и нэм щІэлъ пхъэ ласкІэм ущІеплъыр сыт, уэ езым уи нэм щІэлъ бжэгъур умылъагъуу? 4 Хьэмэрэ уэ езым уи нэм бжэгъу щІэлъу, «КъакІуи, уи нэм щІэлъ пхъэ ласкІэр къыщІэзгъэхыт» жыпІэу дауэ уи къуэшым пхужеІэрэ? 5 Е бзитІщхьитІ! ЯпэщІыкІэ уи нэм щІэлъ бжэгъур къыщІэхи, итІанэ къэплъэгъунущ уи къуэшым и нэм щІэлъ пхъэ ласкІэр къызэрыщІэпхынур.

6 Алыхьым лъапІэу илъытэр хьэхэм евмыт, налкъутналмэсхэри кхъуэхэм яхуэвмыдз. Армыхъумэ, абыхэм ар хаутэнурэ, иужькІэ фэри фызэпкъратхъыжынущ.

7 ФызыхуэныкъуэмкІэ зэпымыууэ Алыхьым фелъэІуи, ар къывитынущ; фымыувыІэу Алыхьыр къэфлъыхъуи, фызыхуэныкъуэр къыфІэрыхьэнущ; фыщІигъэхьэн щхьэкІэ адэкІи фытеуІуи, бжэр къыфхуІуихынущ, 8 сыт щхьэкІэ жыпІэмэ лъаІуэм кърамыту, къэзылъыхъуэм къимыгъуэту, теуІуэми къыхуІуамыхыу къэнэнукъым. 9 Фэ фщыщу хэт щІакхъуэ щхьэкІэ къелъэІуа и къуэм мывэ езытынур 10 е бдзэжьей щхьэкІэ къелъэІуам блэ езытынур? 11 Аращи, фэ гуэныхь зыхэлъхэм, фи сабийхэм фІы щахуэфщІэфкІэ, шэч къытевмыхьэ фи Адэ лъапІэу уафэм щыІэми къелъэІухэм фІы зэрахуищІэнум.

12 Аращи, цІыхухэр фэ къыфхущытыну фызэрыхуейм хуэдэу, фэри абыхэм сыт щыгъуи фахущыт. Аращ Мусэрэ адрей бегъымбархэмрэ ятха тхылъхэм узыхурагъаджэр.

13 Куэбжэ зэвымкІэ фыдыхьэ. КІуэдыпІэм и куэбжэр бгъуфІэщ, абы кІуэ гъуэгури гъуэгушхуэщ. А гъуэгум ирикІуэхэр куэд мэхъу. 14 Ауэ гъащІэм и куэбжэр зэвщ, абы ухуэзышэ гъуэгури бгъузэщ. Ар къэзыгъуэтыр мащІэщ.

15 Бегъымбар нэпцІхэм защыфхъумэ. Ахэр мэл Іэсэм хуэдэу къыфхуокІуэ, ауэ и пэжыпІэкІэ зызымыгъэнщІ, узыІурызыгъэлъэдэн дыгъужьщ ахэр. 16 Ахэр фэ я ІуэхущІафэхэмкІэщ къызэрыфцІыхунур. Пыжьейм жызум, банэжьым инжир къыпыкІэрэ? 17 Апхуэдэ дыдэу жыгыфІым фІыщ къыпыкІэр, жыг Іейм Іейщ къыпыкІэр. 18 ЖыгыфІым Іей къыпыкІэнукъым, жыг Іейми фІы къыпыкІэнукъым. 19 ФІы къызыпымыкІэ дэтхэнэ зы жыгри ираупщІыкІынурэ ягъэсыжынущ. 20 Апхуэдэ дыдэуи, бегъымбар нэпцІхэр къызэрыфцІыхунур я ІуэхущІафэхэмкІэщ.

21 Сэ къысхуэлажьэу жызыІэ дэтхэнэ зыми уафэм щыІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм Іыхьэ къыщылъысынукъым. Ар къызылъысынур уафэм щыІэ си Адэм жиІэр зыгъэзащІэхэращ. 22 А махуэм цІыху куэдым мыпхуэдэу къызжаІэнущ: «Зиусхьэн! Зиусхьэн! Уэ птеухуауэ адрейхэм яжетІэтэкъэ? Уи цІэкІэ жин бзаджэхэр цІыхухэм яхэтхужтэкъэ? ИкІи уи къарукІэ телъыджэ Іуэхухэр тщІэтэкъэ?» 23 Абы щыгъуэ абыхэм яжесІэнур мыращ: «Сэ фэ фысцІыхуркъым! Зызвмыгъэлъагъуу фыІукІ, бзаджащІэхэ!»

24 Аращи, мы псалъэхэр зэхэзыхыу, ахэр зыгъэзащІэр зи унэр мывэм тезыщІыхьа цІыху Іущым хуэдэщ. 25 Уэшх къешхын щІидзэщ, псыр къиури, борэнышхуэм зыкъиІэтащ. Ауэ мывэм тращІыхьати, а унэр къызэтемыуэу къэнащ. 26 Мы псалъэхэр зэхэзыхыу зымыгъэзащІэр зи унэр пшахъуэм тезыщІыхьа цІыху акъылыншэм хуэдэщ. 27 Уэшхым къешхын щІидзэу, псыр къиууэ, борэнышхуэм зыкъыщиІэтым а унэр зэтещэхащ.

28 Хьисэ псэлъэн щиухам, абы зэрыригъэджа щІыкІэр цІыхухэм икъукІэ ягъэщІэгъуащ, 29 сыт щхьэкІэ жыпІэмэ торэт егъэджакІуэхэм хуэмыдэу, Алыхьым къыбгъэдэкІ къарур зэриІэр къыхэщу цІыхухэр абы иригъаджэт.

a Абы иджыри къокІ нэкІэ плъагъуным нэмыщІ, Алыхьымрэ абы и хьэл-щэнхэмрэ нэхъыфІу къэпцІыхуныр.

b Тхыгъэ ЛъапІэм зэритымкІэ, псори къэзыгъэщІа Алыхь закъуэм и цІэр Иеговэщ.