Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

10-НЭ УПЩІЭР

Библиер сэ дауэ сэбэп къызэрысхуэхъунур?

Библиер сэ дауэ сэбэп къызэрысхуэхъунур?

МЫ УПЩІЭМ И ЖЭУАПЫР ПЩІЭНЫМ МЫХЬЭНЭ ЩІИІЭР СЫТ?

Библием итщ, ар Алыхьым къыбгъэдэкІыу: «Тхьэм и псалъэ тха лъапІэ псори Тхьэм и Псэ ЛъапІэм деж къикІащ» (2 Тимофей 3:16). Апхуэдэу щыщыткІэ, гъуэгу пэжым утетыну Библиер уи дэІэпыкъуэгъуу жыпІэ хъунущ.

СЫТЫТ УЭ ПЩІЭНУР?

Уи нэгу къыщІэгъыхьэт мыпхуэдэ Іуэхугъуэ: Дейвид гъуэгу имыцІыхум тету зыщІыпІэ макІуэ. Уэрамхэм я цІэхэмкІэ икІи нэгъуэщІ нэщэнэхэмкІэ Дейвид къыгуроІуэ зэрыгъуэщар. Шэч хэмылъу, ар и гъуэгум текІауэ аращ.

Дейвид и пІэ уитамэ, сытыт уэ пщІэнур?

КЪЭУВЫІИ ЕГУПСЫС!

Іэмал зыбжанэ уиІэщ уэ:

  1. 1. ГъуэгумкІэ ущІэупщІэну.

  2. 2. Картэ е навигатор къэбгъэсэбэпыну.

  3. 3. Зыгуэрурэ сынэсынщ жыпІэу, гъуэгум пыпщэну.

ДауикІ, 3-нэ Іэмалыр нэхъ мыхьэнэншэщ.

2-нэ Іэмалыр япэм нэхърэ нэхыфІщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ картэр е навигаторыр гъуэгум утетыху къыбдэІэпыкъунущ, уздэкІуэныр пэжу уигъэлъагъуу.

Апхуэдэ дыдэу Библиер уэ сэбэп къыпхуэхъунущ!

Дуней псом щыІэ тхылъхэм нэхърэ нэхъыбэу къыдэкІ тхылъыр къыбдэІэпыкъунущ...

  • гъащІэм узрихьэлІэ гугъуехьхэм упэлъэщыну,

  • фІыкІэ зыпхъуэжыну,

  • гъащІэ насыпыфІэ епхьэкІыну.

МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИІЭ УПЩІЭХЭМ Я ЖЭУАПХЭР

Псэлъэн зэрыщІэддзэу дэ упщІэ ттыуэ щІыдодзэ.

  • Сыт уафэр щІэщхъуантІэр?

  • Вагъуэхэр сыт къызыхэщІыкІар?

Зэманыр кІуэтэху ди гъащІэм къыщыхъу Іуэхугъуэхэм дегупсысын щІыдодзэ.

Алыхьым и Псалъэ Библием куэд щІауэ мы упщІэхэм я жэуапхэр итмэ-щэ?

Куэдым я гугъэщ, Библиер таурыхърэ шыпсэкІэ зэхэлъу, ар ди зэманым хуэмыкІуэу е зэхъуэкІыныгъэ халъхьауэ дзыхь хуэпщІ мыхъуну. Ауэ ар зи лажьэр Библиера, хьэмэрэ цІыхухэм а тхылъым теухуауэ яІэ еплъыкІэрауэ пІэрэ?

Псалъэм папщІэ куэдым я гугъэщ мы дунейр Алыхьым и ІэмыщІэм илъу Библием жиІэу. Ауэ апхуэдэу щыту пІэрэ? Мы дунейр утІыпщауэ щытщ! Ар гъэнщІащ гуауэкІэ, насыпыншагъэкІэ, узыфэхэмкІэ, лІэныгъэкІэ, тхьэмыщкІагъэкІэ, гузэвэгъуэшхуэхэмкІэ. Дауэ фІыуэ дыкъэзылъагъу Алыхьым а псори къызэрыбгъэдэкІынур?

Ухуейт абы и жэуапыр къэбгъуэтыну? Уэ гъэщІэгъуэн пщыхъунущ дунейм и тепщэу Библием жиІэр хэтми къапщІэм!

ДауикІ, уэ гу лъыптауэ къыщІэкІынщ, мы брошюрэм ит чэнджэщхэр Библием зэрытегъэщІам. Иеговэ и Щыхьэтхэм шэч къытрахьэкъым, Библием дзыхь зыхуэпщІ хъуну чэнджэщхэр зэритым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар Алыхьым къыбгъэдэкІа тхыгъэщ икІи «цІыхухэм щыпкъагъэр ебгъэщІэнкІи, уегиинкІи, бгъэдэІуэнкІи... щхьэпэщ» (2 Тимофей 3:16, 17). Библиер куэд щІауэ ятхами, ар ди зэманым хуокІуэ икІи уэ ухущІегъуэжынукъым, а тхылъыр бджыну мурад пщІымэ!