3-НЭ УПЩІЭР
Дауэ си адэ-анэм сызэрепсэлъэныр?
СЫТЫТ УЭ ПЩІЭНУР?
Уи нэгу къыщІэгъэхьэт мыпхуэдэ Іуэхугъуэ. Илъэс 17 хъу Джефф унэ къалэнхэр псори игъэзэщІащ. Иджы зигъэпсэхуми хъунущ. Абы телевизорыр щІегъанэри нэхъыфІ дыдэу илъагъу креслэм тыншу йотІысхьэ.
А зэманым ирихьэлІэу и адэр губжьауэ пэшым къыщІохьэ.
— Джеффри! Телевизорым щхьэ убгъэдэс? Уи къуэшым урокхэр ищІыжыну удэІэпыкъуну ухуейкъэ? КъыбжаІэр зэи пщІэркъым!
— ЩІидзащ иджы,— мэгъумэтІымэ Джефф. Ауэ ар и адэм зэхех икІи абы и къуэм нэхъ гъунэгъу зыхуещІри жреІэ:
— Сыт жыпІар?
— Зыри,— жеІэри, Джефф и нэхэр щІрегъэлъафэ. И адэр абы нэхъри къегъэгубжь:
— Апхуэдэурэ укъызэмыпсалъэт!
Джефф и пІэ уитамэ, сытыт уэ пщІэнур, Іуэхур абы нэмысын щхьэкІэ?
КЪЭУВЫІИ ЕГУПСЫС!
Адэ-анэм епсэлъэныр машинэ къехуэкІыным ебгъэщхь хъунущ. Зы гъуэгур гъэбыдауэ щытмэ, нэгъуэщІыпІэкІэ укъежэкІ хъунущ.
ЩАПХЪЭ:
«Си адэм сепсэлъэну къызохьэлъэкІ.— жеІэ Лия,— Зыгуэр щыжесІэжым деж „СынодэІуакъым, сытыт жыпІар?“ жиІэу ар къыщызэупщІ къохъу»
ЛИЯ ІЭМАЛИЩ ИІЭЩ.
-
1. И адэм текІиену.
Лия къэгубжьауэ жеІэ: «Папэ, сыт укъыщІызэмыдаІуэр? ЖысІэр къыпфІэмыІуэхуу ара?»
-
2. АфІэкІа абы и гугъу хуимыщІыну.
Лия мурад ещІ зыгъэгузавэм теухуауэ и адэм емыпсэлъэну.
-
3. Нэхъ хуэкІуэ зэман къыхихыну.
Лия зэман дэкІауэ къытрегъэзэжри и адэм иджыри зэ йопсалъэ е письмокІэ абы зыхуегъазэ.
Уэ дауэ уеплърэ, Лия сыт хуэдэ Іэмал къыхихмэ нэхъыфІ?
ДЕГЪЭГУПСЫС. Лия и адэр и гупсысэхэм хэтщи и пхъур зэрынэщхъейр илъагъукъым. Аращи, Лия 1 Іэмалыр къыхихыу и макъым зригъэІэтмэ, и адэм къэхъуар къыгурыІуэнукъым икІи нэхъыфІу къедэІуэнукъым. Абы нэмыщІ апхуэдэ псэлъэкІэм пщІэ хэлъкъым (Ефес 6:2). ГурыІуэгъуэщ мы Іэмалым фІым узэрыхуимышэнур.
2-нэ Іэмалыр нэхъ тынш дыдэщ, ауэ нэхъыфІ дыдэкъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Лия и адэм епсалъэу къэхъуар сытми жриІэн хуейщ, ар абы къыдэІэпыкъуфын щхьэкІэ. Зэрытлъагъущи, зыри жомыІэныр хэкІыпІэкъым.
3-нэ Іэмалыр Лия къигъэсэбэпмэ, нэгъуэщІ гъуэгу къилъыхъуэу жыпІэ хъунущ. Ар иджыри зэ и адэм епсэлъэнущ е письмо хуитхынущ. ИкІи абы письмо итхмэ, нэхъ псынщІэу гупсэхугъуэ игъуэтыну къыщІэкІынщ.
ПисьмомкІэ Лия и гупсысэхэр и адэм хуиІуэтэфынущ. Ар письмом къеджэмэ, и пхъум жиІэну зыхуеяр нэхъыфІу къыгурыІуэнущ. Апхуэдэу, 3-нэ Іэмалыр Лия къигъэсэбэпмэ, абыи и адэми яфІ къикІынущ. Лия и адэм епсалъэмэ е письмо хуитхмэ, ар мыпхуэдэ чэнджэщым тету жыпІэ хъунущ: «ЗэгурыІуэныгъэ къэзыхь Іуэхухэм... я ужь дивгъэт» (Рим 14:19).
Сыт иджыри Лия ищІэ хъуныр?
Иджыри зы Іэмалрэ абы къыпэкІуэнкІэ хъунымрэ тхы.
УЗЫХУЕЙР НЭХЪ ГУРЫІУЭГЪУЭУ ЖЫІЭ
Зыщомыгъэгъупщэ: иныкъуэхэм деж уи адэ-анэм зэхахыр уэ жыпІэну узыхуейракъым.
ЩАПХЪЭ:
«УщІэнэщхъейр сыт?» жаІэу уи адэ-анэр къоупщІ. Уэ абыхэм жэуап ибот: «Абы сытепсэлъыхьыну сыхуейкъым».
Ауэ уи адэ-анэм мыпхуэдэу зэхах: «Си ныбжьэгъухэм садэгуашэм нэхъ къызощтэ, фэ зыгуэр вжесІэж нэхърэ».
Къызыщыгъэхъут, зы гугъуехь гуэр упэщІэхуауэ. Уи адэ-анэм къыбжаІэ къыбдэІэпыкъуну зэрыхуейр. Уэ абыхэм яжыбоІэ: «Фымыгузавэ, сэ езым зыхэзгъэкІынщ ар».
-
Дауэ уи адэ-анэм ар къазэрыгурыІуэфынур?
-
Сытыт жыпІамэ нэхъыфІыр?