4-НЭ УПЩІЭР
Си щыуагъэхэм дауэ сызэрыхущытын хуейр?
СЫТЫТ УЭ ПЩІЭНУР?
Мыпхуэдэ Іуэхугъуэ къызыщыгъэхъут: Тим и ныбжьэгъухэм и гъусэу мэджэгу. Абы топыр едзри я гъунэгъум и машинэм и абджыр екъутэ.
Тим и пІэм уитамэ, сытыт уэ пщІэнур?
КЪЭУВЫІИ ЕГУПСЫС!
УЭ ІЭМАЛИЩ УИІЭЩ:
-
1. УщІэпхъуэжыну.
-
2. НэгъуэщІым теплъхьэну.
-
3. Зыбумысыжу, уи гъунэгъум пкъутам и уасэр ептыжыну жепІэну.
Уэ 1 Іэмалыр къыхэпхыну нэхъ къэпщтэнкІэ хъунущ. Ауэ сыт хуэдэ къуаншагъэ умыщІами, сыт щыгъуи зыбумысыжым нэхъыфІщ. Абы щхьэусыгъуэ зыбжанэ иІэщ.
ЗЫУМЫСЫЖЫН ЩІЫХУЕЙМ И ЩХЬЭУСЫГЪУИЩ
-
Апхуэдэу пщІэныр тэмэмщ.
Библием мыпхуэдэу итщ: «Іуэху псомкІи щыпкъагъэ дигу илъу дыпсэуну дыхуейщ» (Еврейхэм 13:18).
-
Зыбумысыжым нэхъ тыншу къыпхуагъэгъунущ.
Библием жеІэ: «Зи гуэныхьыр щІэзыхъумэм ехъулІэныгъэ иІэнукъым, ауэ зызумысыжу ахэр къэзыгъанэм гущІэгъу хуащІынущ» (Притчи 28:13).
-
Псом нэхъапэр — Алыхьыр богъэгуфІэ.
Библием итщ: «ЦІыху бзаджэм Иеговэ гущыкІ хуещІ, ауэ цІыху пэжхэмрэ абырэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъщ» (Притчи 3:32).
Илъэс тІощІ хъу Каринэ машинэр псынщІэІуэу къызэрырихуэкІам щхьэкІэ къыхуэкІуа штрафыр и адэм къримыгъэщІэну мурад ищІащ. Ауэ ар къыщІэщащ. «Зы илъэс хуэдиз дэкІауэ штраф къысхуэкІуар папэ илъэгъуащ.— игу къегъэкІыж Каринэ,— Сэ езым бэлыхь зыхэздзэжащ».
Мы щапхъэм сытым дыхуригъасэрэ? Каринэ жеІэ: «Уи къуаншагъэхэр щІэпхъумэу щытмэ, уи Іуэхур нэхъ Іей хъуну аращ. Гува-щІэхами жэуап птыжынущ!»
УИ ЩЫУАГЪЭХЭМ ДЕРС ЗЭРЫХЭПХЫФЫНУР
Библием щыжыІащ: «Дэ псоми Іуэхугъуэ куэдкІэ гуэныхь дощІэ» (Екъуб 3:2). ИкІи зэрытлъэгъуащи, уи щыуагъэхэмкІэ занщІэу зыбумысыжмэ нэхъыфІщ. Абы уэ Іэдэбагъ зэрыпхэлъыр икІи узэрыбалигъыр къегъэлъагъуэ.
КъыкІэлъыкІуэ лъэбакъуэр — уи щыуагъэхэм дерс хэпхыныращ. Верэ къыддогуашэ: «Сэ си щыуагъэхэм дерс хэсхыну сыхэтщ, нэхъыфІ сыхъун щхьэкІэ, икІи апхуэдэ щыуагъэ афІэкІа сымыщІэжын щхьэкІэ». Иджы къэдгъащІэ, уи щыуагъэхэм дерс зэрыхэпхыфынур.
Уи адэм и велосипедыр къэбжыхьыну къапщтэри пкъутащ. Сыт уэ пщІэнур?
-
Гу лъимытэну ущыгугъыу, уи адэм зыри жепІэнукъым.
-
Уи адэм ар зэрыпкъутар жепІэжынущ.
-
Уи адэм къэхъуар жепІэжынущ, ауэ ар нэгъуэщІ гуэрым ищІауэ жыпІэнущ.
Уэ экзаменыр пхуэтакъым, фІыуэ зыхуэбгъэхьэзыратэкъыми. Сыт уэ пщІэнур?
-
Экзаменыр гугъу Іейуэ щытауэ жыпІэнущ.
-
ФІыуэ зэрызомыгъэхьэзырар жыпІэжынущ.
-
Уи егъэджакІуэр фІыуэ къыпхущымыту жыпІэнущ.
ИщхьэмкІэ къыщыхьа щапхъэхэм иджыри зэ еплъыжи, адэмрэ егъэджакІуэмрэ я пІэм зигъэувэ. Уи къуаншагъэр пэжу жыпІэжу щытмэ, дауэ ахэр къызэрыпхущытыныр? Ауэ сыт абыхэм я гугъэныр, ар щІэпхъумэу щытмэ?
Иджы иужьрей илъэсым пщІа щыуагъэ гуэр уигу къэгъэкІыжи, къыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап ет.
Сыт хуэдэ щыуагъэт ар? Сыт уэ абы иужькІэ пщІар?
-
ЩІэпхъумащ.
-
НэгъуэщІым теплъхьащ.
-
ЗанщІэу зыбумысыжащ.
Уи щыуагъэр щІэпхъумауэ щытмэ, сыт абы иужькІэ узэгупсысар?
-
«Сыту фІыт зыми къызэримыщІар!»
-
«СыхущІегъуэжащ, пэжыр жысІэн хуеящ.»
Дауэ пщІамэ нэхъыфІт?
Уи щыуагъэм сытым ухуригъэса?
УЭ ДАУЭ УЕПЛЪРЭ?
Сыт языныкъуэ цІыхухэр я щыуагъэхэмкІэ заумысыжыну щІыхуэмейр?
Уи къуаншагъэхэр сыт щыгъуи щІэпхъумэну ухэтмэ, сыт цІыхухэм къыпхужаІэнур? Зыбумысыжмэ, дауэ ахэр къызэрыпхущытынур? (Лука 16:10).