Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

8-НЭ УПЩІЭР

Сыт сщІэ хъуныр, лей къызахамэ?

Сыт сщІэ хъуныр, лей къызахамэ?

МЫ УПЩІЭМ И ЖЭУАПЫР ПЩІЭНЫМ МЫХЬЭНЭ ЩІИІЭР СЫТ?

Илъэс къэс цІыху мелуан куэдым, псом хуэмыдэу ныбжьыщІэхэм, лей ирах икІи нэгъуэщІ щІэпхъаджагъэхэр иращІэ.

СЫТЫТ УЭ ПЩІЭНУР?

Аннетт цІыхухъу гуэр къыбгъэдэлъадэри, зыкъимыщІэж щІыкІэ щІым тридзащ. Абы игу къегъэкІыж: «Си къарум къызэрихькІэ сэ абы зыкъыІэщІэзудыну сыхэтт. СыкІиину сыхуейт, ауэ схузэфІэкІтэкъым. ІэштІымкІи лъакъуэкІи сеуэрт икІи сепІэстхът. Ауэ сэ къисхиІуа иужь зыри схуэщІэжакъым».

Сыт уэ пщІэныр, мыпхуэдэ Іуэхугъуэ упэщІэхуэм?

КЪЭУВЫІИ ЕГУПСЫС!

Сыт щыгъуи усакъыну ухэтми, шынагъуэ гуэрым упэщІэхуэфынущ. Библием итщ дэ гузэвэгъуэ гуэр къызэрытщыщІыфынур, имызэману дэ дэмылъыта Іуэхугъуэ гуэр дрихьэлІэмэ (Экклезиаст 9:11).

Аннетт хуэдэу языныкъуэ ныбжьыщІэхэм лей къезыхар езыхэм ямыцІыху гуэрт. Адрейхэм апхуэдэу къезыщІар яцІыхут е я унагъуэм щыщт. Апхуэдэуи Натали къыщыщІащ. ИлъэсипщІ щыхъум и гъунэгъу щІалэм абы лей кърихащ. Абы игу къегъэкІыж: «АпхуэдизкІэ сышынэти икІи сыукІытэти занщІэу абы теухуауэ зыми зыри жесІэфакъым».

ЗОМЫГЪЭКЪУЭНШЭЖ

Аннетт къыщыщІамкІэ иджыри къыздэсым зегъэкъуэншэж. Абы жеІэж: «А жэщым къэхъуар зэпымыууэ сигу къызогъэкІыж. Нэхъ быдэу сыпэщІэтын хуеяуэ къысщохъу. СыкъэувыІэн хуеякъым, ауэ сэкІэ къызэуа иужь апхуэдизкІэ сышынати си Іэр есхьэхащ».

Наталии икъукІэ къуаншэу зелъытэж. Ар къыддогуашэ: «Дауэ апхуэдэу тыншу зыкъезгъэгъэпцІа?! Си шыпхъумрэ сэрэ ди адэ-анэм къыджаІэт уэрамым сыт щыгъуи зэгъусэу дыщыджэгуну, ауэ сэ абыхэм седэІуакъым. Абы къыхэкІкІэ сэ езым бэлыхь зыхэздзэжауэ къызолъытэ. А къэхъуар си унагъуэм Іейуэ къытехьэлъащ. Апхуэдиз гузэвэгъуэм ахэр зэрыхэздзам щхьэкІэ, иджыри къыздэсым зызогъэкъуэншэж».

Аннеттрэ Наталирэ къащыщІам хуэдэ уэри къыпщыщІауэ щытмэ, зыщомыгъэгъупщэ: залымыгъэ къыузэрахар уэ уи ягъэкъым. Языныкъуэхэм жаІэ цІыхухъухэм апхуэдэ щытыкІэр я хьэлу, е лей зрахар езыр къуаншэу. Ауэ зы цІыху хуэфащэкъым апхуэдэ щІэпхъаджагъэ иращІэну. Апхуэдэ къыпщыщІамэ, уэ зыщІэбгъэкъуэншэн щыІэкъым!

Пэжщ, узэрымыкъуаншэр зэхэпхынымрэ, ар уи фІэщ хъунымрэ зыкъым. Языныкъуэхэм зыми зыри жрамыІэу, псори кІуэцІкІэ ягъэв. Ауэ уэ зыми зэрыжомыІэм лей къозыхаращ зи фейдэ хэлъыр. Аращи, къэхъуар умыбзыщІ, зыгуэрым жеІэ!

ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУ КЪЭЛЪЫХЪУЭ

Библием итщ Алыхьым хуэпэжу щыта Іэиуб гузэвэгъуэшхуэм пэщІэхуа иужь, мыпхуэдэ псалъэхэр жиІауэ: «Си гум илъ гуауэ гуащІэр къэсІуэтэнущ!» (Иов 10:1). Абы щапхъэ техи, уи дежкІэ нэхъ тынш хъунущ. Дзыхь зыхуэпщІ цІыхум уи гуауэр хуэІуатэ. Апхуэдэу пщІэмэ, хуэмурэ уи гукъеуэр пщхьэщыкІынущ.

Уи закъуэу а хьэлъэр умыхь. Уи гум илъыр зыгуэрым хуэІуатэ

Ар зэрыпэжыр Аннетт зыхищІащ. Абы игу къегъэкІыж: «Сэ си ныбжьэгъум сыщепсэлъам, абы сыхуигъэушащ зэхуэсым и нэхъыжьхэм псори яжесІэжыну. Иджы Іейуэ согуфІэ абы и чэнджэщым сызэредэІуам щхьэкІэ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр мызэ-мытІэу къызэпсэлъащ икІи абыхэм сызыхуэныкъуэ дыдэр — сэ зыкІи сызэрымыкъуаншэр — къызгурагъэІуащ».

Натали и адэ-анэм епсэлъащ. «Ахэр фІыуэ къыздэІэпыкъуащ,— игу къегъэкІыж абы.— Абыхэм сытрагъэгушхуащ сымышынэу къэхъуа псор яжесІэжыну. Абы и фІыгъэкІэ си гум илъ гузэвэгъуэм сыпэлъэщыфащ».

Абы нэмыщІ Натали тхьэлъэІур сэбэп хуэхъуащ. «ЦІыхухэм яжезмыІэфыр Алыхьым зэрыбгъэдэслъхьар къыздэІэпыкъуащ. Алыхьым зыщыхуэзгъазэм деж, си гум илъ псор хуиту жызоІэф. ИкІи тхьэлъэІум си гум мамырыгъэрэ гупсэхугъуэрэ кърелъхьэ».

Уэри уи Іуэхур нэхъыфІ зэрыхъужынум шэч къытомыхьэ (Экклезиаст 3:3). Уи узыншагъэм кІэлъыплъ, фІыуэ зыгъэпсэху икІи уигу илъыр зыгуэрым хуэІуатэ. Ауэ псом нэхъапэ «гу зыгъэзагъэ псори къызыбгъэдэкІ» Алыхь Иеговэ щыгугъ (2 Коринф 1:3, 4).

ЗЫГУЭРЫМ УЕПСАЛЪЭ ХЪУНУ УИ НЫБЖЬ НЭСАМЭ

Уи щІалэм мыхъумыщІагъэ уигъэщІэну ухигъэзыхьмэ, быдэу жыІэ: «Хьэуэ!» е «УкъызэмыІусэ!» Уи щІалэр пфІэкІуэдынкІэ ушынэу, зыри жомыІэу къэбгъанэ хъунукъым. Абы иужь ухыфІидзэмэ, ар уэ пхуэмыфащэу аращ. ФІыуэ укъэзылъагъу, пщІэ къыпхуэзыщІ щІалэщ уэ пхуэфащэр.

ТЕСТ

«Школым щІалэ цІыкІухэр си щІыбагъымкІэ си лифчикым къекъуурэ псалъэ фІейхэр къызжаІэт, абыхэм саригъусэмэ, ар сигу ирихьын хуэдэу кърагъэкІыу» (Кореттэ).

Дауэ уеплърэ, а щІалэ цІыкІухэм ящІам къикІыр сыт:

  1. 1. Ахэр гушыІэу арат?

  2. 2. Абыхэм зыкъыпрагъэхыу арат?

  3. 3. Абыхэм ар яригъусэну хагъэзыхьыу арат?

«Автобусым сису зы щІалэ гуэрым цІапІагъэхэр къызжиІэурэ ІэплІэ къысхуищІыну хэтащ. Ауэ сэ абы и Іэр Іуздзри къызбгъэдэмыхьэну жесІати, зыгуэр силажьэм хуэдэу къызэплъащ» (Кендис).

Дауэ уеплърэ, а щІалэм ищІам къикІыр сыт:

  1. 1. Ар гушыІэу арат?

  2. 2. Абы зыкъыпригъэхыу арат?

  3. 3. Абы ар иригъусэну хигъэзыхьыу арат?

«Илъэс кІуам зы щІалэ цІыкІу гуэрым игу срихьу икІи къызэпсэлъэну хуейуэ зэпымыууэ къызжиІэт, ауэ сэ ар хуэздэтэкъым. Иныкъуэхэм деж ар си Іэм къедэхэщІэну хэтт. Сэ абы щигъэтыну жесІэт, ауэ ар увыІэтэкъым. Зэгуэрым си лъэпсыр спхэуэ, ар си пхэм къыкІэщІэуащ» (Бетани).

Дауэ уеплърэ, а щІалэ цІыкІум ищІам къикІыр сыт:

  1. 1. Ар гушыІэу арат?

  2. 2. Абы зыкъыпригъэхыу арат?

  3. 3. Абы ар иригъусэну хигъэзыхьыу арат?

УпщІэ къэс 3-нэ жэуапыращ пэжыр.

Зыгуэрым уригъусэну узэрыхигъэзыхьыр сыткІэ къыщхьэщыкІрэ къыщыбдэгушыІэмрэ зыкъыщыппригъэхымрэ?

Уригъусэну ущыхагъэзыхьым деж ар зигу ирихьыр ухэзыгъэзыхь закъуэращ. ИкІи а цІыхур увыІэкъым абы ищІэр зэромыдэр илъагъуми.

Зыгуэрым уригъусэну ущыхигъэзыхьым деж — ар Іуэху джэгукъым. ИкІэм-икІэжым лей къыуахынкІэ хъунущ.