Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

3-НЭ ХЪЫБАР

Япэ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ

Япэ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ

СЫТ мы сурэтыр модрейм къызэрыщхьэщыкІыр? Пэжщ — мыбы цІыхухэр итщ. Мыхэр япэ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэщ. Хэт ахэр къэзыгъэщІар? Алыхьыращ. ПщІэрэ абы и цІэр хэтми? Иеговэщ. ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ яфІища цІэр Іэдэмрэ Хьэуарэщ.

Иеговэ Іэдэм мыпхуэдэущ зэрищІар. ЩІым телъ сабэр къищтэри абы Іэпкълъэпкъыр зыри имылажьэу къыхищІыкІащ. ИтІанэ ар абы и пэм ипщэри Іэдэм къэпсэуащ.

Иеговэ Іэдэм лэжьыгъэ иритащ, псэущхьэ псоми цІэ яфІищын хуейуэ. Ещхьу цІэ фІищын щхьэкІэ, Іэдэм абыхэм куэдрэ якІэлъыплъауэ къыщІэкІынущ. ЯкІэлъыплъурэ абы зыгуэрым гу лъитащ. ПщІэрэ сытми?

Псэущхьэхэр псори тІурытІурэ псэут. Абыхэм яхэтт пыл ади пыл ани, аслъэн ади аслъэн ани. Іэдэм и закъуэт гъусэ зимыІэр. Арати, Иеговэ Іэдэм быдэу игъэжейри и зы дзажэналъэ къыхихащ. Иеговэ абы къыхищІыкІащ Іэдэм и щхьэгъусэ цІыхубзыр.

Сыту насыпыфІэІуэт иджы Іэдэм! Къызыщыгъэхъут, Хьэуа апхуэдэ жыг хадэ дэхащэр псэупІэ зэрыхуащІам щхьэкІэ, къигуфІар! Иджы абыхэм сабий яІэфынут, насыпыфІэу зэгъусэуи псэуфынут.

Иеговэ хуейт Іэдэмрэ Хьэуарэ игъащІэкІэ псэуну. ИтІанэ дуней псори Едем жыг хадэм хуэдэу дахащэ ящІыну. ДауикІ, а Іуэхугъуэхэр зэрагъэзэщІэн хуейм, ахэр Іейуэ щыгуфІыкІт! Ухуейтэкъэ уэри мы щІыр жыг хадэ дахащэ щащІкІэ ухэтыну? Ауэ Іэдэмрэ Хьэуарэ насыпыфІэу куэдрэ щытакъым. КъэтщІэнти сыт щхьэкІэми.