Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

2-НЭ ХЪЫБАР

Хадэ дахащэ

Хадэ дахащэ

ЕПЛЪЫТ, мыбдеж ит щІылъэм! Сыту дахэІуэ псори! Еплъыт удзым, жыгхэм, удз гъэгъахэм, псэущхьэхэм. Къыщыпхуэгъуэтыну мыбдей пылымрэ аслъэнымрэ?

Дэнэ–тІэ къыздикІар мы хадэ дахащэр? ИІэ–тІэ къэдгъащІэ щІылъэр Алыхьым зэрытхуигъэхьэзыра щІыкІэр.

Япэ щІыкІэ абы щІылъэр удз щхъуантІэкІэ щІиуфащ. ИужькІэ къэкІыгъэ нэхъ цІыкІухэр, къыкІэлъыкІуэу жыг лъахъшэхэр, итІанэ жыг нэхъ инхэр къигъэкІащ абы. Абыхэм я фІыщІэкІэ щІылъэр дахащэ хъуащ. Ауэ ахэр нэгъуэщІми и сэбэпт. Абыхэм ящыщ куэдым пхъэщхьэмыщхьэ ІэфІхэр къапыкІэрт.

ИтІанэ Алыхьым псым хэз ищІащ бдзэжьейхэр. Къуалэбзухэр къигъэщІащ уафэгум къыщалъэтыхьын щхьэкІэ. Апхуэдэу абы къигъэщІащ псэущхьэ цІыкІуи ини: джэдухэр, хьэхэр, шыхэр. Сыт хуэдэ псэущхьэхэр уэ уи щІыпІэм щыпсэурэ? ДыщыгуфІыкІрэ дэ Алыхьым къыдита псоми?

Абы иужькІэ Алыхьым щІылъэм зы ІэнатІэ хихри дахащэ ищІащ. ИкІи абы фІищащ Едем жыг хадэ. Абы псори дагъуэншэу щищІат. Абы ит псори дахащэт. Алыхьыр хуейт щІылъэр псори а хадэм хуэдэу дахащэу щытыну.

Еплъыжыт иджыри зэ мы сурэтым. Хэту пІэрэ мыбы чэмыр, Алыхьым зэрилъытэмкІэ? ИІэт къэтщІэнти.