Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

5-НЭ ХЪЫБАР

ГъащІэ гугъум щІедзэ

ГъащІэ гугъум щІедзэ

ЕДЕМ жыг хадэм Алыхьым кърихуа иужькІэ, Іэдэмрэ Хьэуарэ я гъащІэ гугъум щІидзащ. Абыхэм я щІакхъуэ Іыхьэр пщІэнтІэпскІэ къалэжьыжын хуей хъуащ. Пхьэщхьэмыщхьэ дахэ къызыпыкІэ жыгхэм я пІэкІэ, иджы абыхэм яхъуреягъкІэ къэкІыр къуацэ–чыцэрэ банэрэт. Мис аращ къишар ахэр Алыхьым зэремыдэІуам, абы зэримыныбжьэгъужым.

Ауэ псом нэхърэ нэхъ Іеижыр Іэдэмрэ Хьэуарэ лІэн хуей зэрыхъуаращ. КъэщІэжыт, Алыхьым жиІауэ щытат а жыгым пытыр яшхмэ, ахэр зэрылІэнур. Зэрыхъуари аращ — щашха махуэм щыщІэдзауэ, ахэр лІэн хуей хъуащ. Сыту Іейуэ щыуат Іэдэмрэ Хьэуарэ, Алыхьым зэремыдэІуамкІэ!

Іэдэмрэ Хьэуарэ сабийхэр яІэ щыхъуар Едем жыг хадэм кърихуа иужькІэщ. Аращ абыхэм я бынхэри жьы хъууэ лІэн хуей щІэхъуар.

Ахэр Иеговэ едэІуауэ щытамэ, езыхэри я бынхэри насыпыфІэу щытынут. Псори ахэр насыпыфІэу игъащІэкІэ мы щІылъэм щыпсэуфынут. Зыри жьы хъунутэкъым, сымаджэнутэкъым икІи лІэнутэкъым.

Алыхьыр хуейщ цІыхухэр насыпыфІэу игъащІэкІэ псэуну икІи дыкъегъэгугъэ зэгуэр абыхэм мыухыж гъащІэ яІэну. Абы щыгъуэ дуней псор щІэращІэ къудей мыхъуу, езы цІыхухэри псори узыншэу щытынущ. Дунейм тетхэр зэныбжьэгъуу, псори Алыхьым и ныбжьэгъуу щытынущ.

Хьэуа афІэкІа Алыхьым и ныбжьэгъужтэкъым. Абы щхьэкІэ гугъу ехьу, къеузу сабийхэр къилъхуащ. Плъагъурэ, гукъеуэ дапщэ къишами ар Иеговэ зэремыдэІуам?

Іэдэмрэ Хьэуарэ къуэрэ пхъурэ куэду яІэт. Япэу къалъхуа я къуэм Къэбыл фІащащ. ЕтІуанэ я къуэм Хьэбыл фІащащ. ПщІэрэ абыхэм къащыщІар?