8-НЭ ХЪЫБАР
Иныжьхэр щІылъэм
ИНЫШХУЭУ, унащхьэм щІэуэу, цІыху гуэр къыббгъэдыхьатэмэ, сытыт жыпІэнур? Сыту иныжь! Пэжу зэгуэрым мы щІылъэм щыпсэуащ иныжьхэр. Алыхьым и Псалъэм зэрыжиІэмкІэ абыхэм я адэр уафэм къеха мелыІычхэращ. Ар дауэ?
КъэщІэжыт ШейтІаныр, мелыІыч бзаджэр, сытым дежи зэран зэрыхъур. Алыхьым и мелыІычхэри Іей ищІыну хэтащ ар. Тэлай дэкІа нэужь, мелыІыч гуэрхэр ШейтІаным едэІуэн щІадзащ. Абыхэм уафэм щащІэн хуейуэ Алыхьым ярита къалэнхэр къагъанэри цІыху Іэпкълъэпкъ защІри щІылъэм къехащ. ПщІэрэ сыт щхьэкІэми?
Тхыгъэ ЛъапІэм жеІэ щІылъэм цІыхубз дахэхэр щалъагъури абыхэм я гъусэу псэуну хуеяуэ. Арати, ахэр уафэм къехри, а цІыхубзхэр фызу къашащ. Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ абыхэм ящІар бзаджагъэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мелыІычхэр Алыхьым къыщІигъэщІар уафэм щыпсэун щхьэкІэщ.
Абыхэм я бынхэр адрей сабийхэм хуэдэтэкъым. ЦІыкІухукІэ ар къыпхуэщІэтэкъым. Ауэ ахэр нэхъ ин хъуху нэхъ къарууж хъууэрэ кІуэт, икІэм-икІэжым иныжь хъут.
А иныжьхэр Іейуэ бзаджэт. Апхуэдэу зэрыиным, зэрыкъарум щхьэкІэ, ахэр сытым дежи цІыхухэм зэран яхуэхъурт. Езыхэм хуэдэу псори Іей ящІыну хэтт ахэр.
А зэманым Индрис псэужтэкъым, ауэ мы щІылъэм зы цІыхуфІ гуэр щыпсэурт. Абы и цІэр Нухьт. Абы сытым дежи Алыхьым жиІэр ищІэт.
Зэгуэрым Алыхьым Нухь жриІащ цІыху бзаджэхэр щигъэкІуэдыжыну зэманыр къызэрысар. Нухь и унагъуэмрэ псэущхьэ куэдрэ абы къригъэлыну хуейт. ИІэт къэдгъащІэт ар Алыхьым зэрищІа щІыкІэр.