Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

1 ХЪЫБАР

Алыхьым иухуэн щІедзэ

Алыхьым иухуэн щІедзэ

ДЭ ФІЫУЭ диІэ псори къыдэзытар Алыхьыращ. Абы ищІащ дыгъэр — махуэм нэху диІэн щхьэкІэ, вагъуэхэмрэ мазэмрэ — жэщыр кІыфІ Іейуэ щымытын щхьэкІэ. Алыхьым апхуэдэуи дэр щхьэкІэ ищІащ щІылъэр.

Ауэ япэ дыдэу Алыхьым ищІар дыгъэмрэ мазэмрэ, вагъуэхэмрэ щІылъэмрэкъым. ПщІэрэ, япэ дыдэу абы ищІар сытми? Япэу Алыхьым къигъэщІар езым хуэдэхэращ. Алыхьыр зэрыдмылъагъум хуэдэу, ахэри тлъагъуркъым. Тхыгъэ ЛъапІэр абыхэм мелыІычкІэ йоджэ. МелыІычхэр Алыхьым и гъусэу уафэм щыпсэун хуеящ.

Япэу Алыхьым къигъэщІа мелыІычыр адрейхэм хуэдэтэкъым. Ар абы и дэІэпыкъуэгъуу щыта и къуэ щыпэлъхущ. А мелыІычыр Алыхьым дэІэпыкъуащ дыгъэр, мазэр, вагъуэхэр, ди щІылъэри щІынымкІэ.

Сыт хуэдэ теплъэт апщыгъуэм мы щІылъэм иІар? Япэ щІыкІэ абы зыри щыпсэутэкъым. ИхъуреягъкІэ зыри щыІэтэкъым, щІылъэр псори щІэзыхъумэ тенджызышхуэм фІэкІа. Ауэ Алыхьыр хуейт щІылъэм цІыхухэр щыпсэуну. Абы щхьэкІэ абы дэ ар тхуигъэхьэзырын щІидзащ. Сыт абы щхьэкІэ ищІар?

Псом япэрауэ щІылъэр нэху хуейт. Абы щхьэкІэ Алыхьым ищІащ дыгъэр щІылъэм къытепсэу. ИщІащ махуэм жэщыр къыкІэлъыкІуэу. Абы иужькІэ щІылъэр хым и щІыІу къигъэкІуащ.

Япэ щІыкІэ щІылъэм зыри тетакъым. Ар сурэтым зэритым хуэдабзэт. Абы тетакъым удз гъэгъаи, жыги, псэущхьи. Хым зы бдзэжьей цІыкІуи хэстэкъым. ЦІыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ дежкІэ мы щІылъэр гуакІуэ хъун щхьэкІэ, Алыхьым иджыри Іуэхугъуэ куэд ищІэн хуейуэ къыпэщылът.