Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

14-НЭ ХЪЫБАР

Алыхьым Ибрэхьим и фІэщхъуныгъэр егъэунэху

Алыхьым Ибрэхьим и фІэщхъуныгъэр егъэунэху

ПЛЪАГЪУРЭ Ибрэхьим ищІэр? Абы сэшхуэ иІыгъщ, и къуэр иукІыну хэт хуэдэщ. Сыту пІэрэ щІиукІынур? ИІэт япэ щІыкІэ къэдгъащІэт, Ибрэхьимрэ Саррэрэ сабий къыздрахар.

КъэщІэжыт, Алыхьым ахэр къигъэгугъат къуэ яритыну. Ауэ Ибрэхьимрэ Саррэрэ жьы зэрыхъуам щхьэкІэ, ар яхузэфІэкІынутэкъым. Къэмыхъуфынур Алыхьым къызэригъэхъуфынур Ибрэхьим и фІэщ хъут. НтІэ сыту пІэрэ къэхъуар?

Алыхьым псалъэ зэрит махуэрэ, илъэс псо дэкІащ. Мис иджы, Ибрэхьим илъэсищэ, Саррэ илъэс бгъущІ щыхъум, Исхьэкъ и цІэу къуэ къалъхуащ. Алыхьым и псалъэр игъэпэжащ!

Исхьэкъ ин хъуа иужь, Иеговэ Ибрэхьим и фІэщхъуныгъэр игъэунэхуащ. «Ибрэхьим!» — еджащ ар абы. «Сы-мис!» — жиІащ Ибрэхьим. ИтІанэ Алыхьым жриІащ абы: «Къащтэ уи къуэр, уи къуэ закъуэ Исхьэкъи, уэзгъэлъэгъуну джабэм дэкІ. Абдеж уи къуэ закъуэр щыукІи къурмэн къысхуэщІ».

Ибрэхьим и къуэр фІыщэу илъагъути, а псалъэхэм Іеищэу игъэщхьэжэгъуащ. КъэщІэжыт иджыри: Алыхьым Ибрэхьим къигъэгугъат и бынхэр Ханаан щІыналъэм щыпсэуну. Дауэ ар къызэрыхъунур, Исхьэкъ лІэуэ щытмэ? Ибрэхьим ар къыгурымыІуэу щытми, Алыхьым жиІэм едэІуащ.

Джабэм Исхьэкъ дишри къурмэнщІыпІэ зэтрилъхьам ипхри трилъхьащ. ИтІанэ и къуэр иукІыну сэр кърихащ. Ауэ асыхьэтым Алыхьым и мелыІычыр къеджащ: «Ибрэхьим, Ибрэхьим!» — «Сы-мис!» — жиІащ Ибрэхьим.

— Сэкъат йомых уи къуэм икІи зыри йомыщІэ,— жеІэ Алыхьым. — Иджы сощІэ уи фІэщ сызэрыхъур, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ щхьэкІэ уи къуэм — уи къуэ закъуэм — ущысхьакъым.

Сыту фІэщхъуныгъэшхуэ хуиІа Алыхьым Ибрэхьим! Иеговэ хузэфІэмыкІын зэрыщымыІэр, Исхьэкъ лІэми Иеговэ ар къызэригъэхъужыфынур абы и фІэщ хъут. Алыхьыр хуеятэкъым Ибрэхьим Исхьэкъ иукІыну. Абы къыхэкІкІэ, Алыхьым ищІащ гъунэгъуу щыт чыцэм мэл хэнэну, икІи Ибрэхьим жриІащ ар и къуэм и пІэкІэ къурмэн ищІыну.