Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

21-НЭ ХЪЫБАР

Зэкъуэшхэм Исуф ялъагъу хъукъым

Зэкъуэшхэм Исуф ялъагъу хъукъым

ЕПЛЪЫТ, сыту нэщхъеищэу, Іэнкун хъуауэ фэ тет мы щІалэм. Мыр Исуфщ. И къуэшхэм ар Мысырым кІуэ цІыхухэм иджыпступцІэ иращауэращ. Абы Исуф щыпщылІынущ. Сыт-тІэ абы и къуэшхэм апхуэдэ щІэпхъаджагъэ щІыращІар? Исуф ефыгъуэти аращ.

Екъуб фІыщэу илъагъут Исуф. Абы ар фІыуэ зэрилъагъур игъэлъэгъуащ, щыгъын дахэ кІыхьышхуэу зэрыхуидамкІэ. Екъуб Исуф нэхъыфІу зэрилъагъур щалъагъум, и къуэшипщІыр абы ефыгъуэн щІадзащ, ялъагъу мыхъууи хъуащ. Ауэ ар щІалъагъу мыхъум иджыри нэгъуэщІ зы щхьэусыгъуэ иІэт.

Исуф пщІыхьэпІитІ илъэгъуат. ТІум щыгъуи и къуэшхэм щхьэщэ къыхуащІт. И къуэшхэм а пщІыхьэпІэхэр щажриІэжам, нэхъ Іеижу ар ялъагъу мыхъуу хъуащ.

Зэгуэрым Исуф и къуэш нэхъыжьхэм и адэм и мэлхэр ягъэхъут. Екъуб Исуф елъэІуащ кІуэуэ абыхэм я деж плъэну. Исуф къакІуэу зэкъуэшхэм щалъагъум, жаІащ: «ИІэ мор дывгъэукІ!» — «Хьэуэ, апхуэдэу фымыщІэ» — мэлъаІуэ Рувим, абыхэм щыщу нэхъыжь дыдэр. ИтІанэми Исуф ятІэщІри псы зэрымытыж мащэм ирадзэ. Абы иужькІэ ахэр мэтІыс, адэкІэ абы иращІэным егупсысыну.

Абы ирихьэлІэу Исмэхьил лъэпкъым щыщхэр блэкІт. Иудэ и къуэшхэм жреІэ: «ИІэ мобыхэм едвгъащэ». ЗэрыжаІа дыдэм хуэдэуи ящІ. Исуф абыхэм дыжьын ахъшэ 20-кІэ иращэ. Сыту икІагъэ, гущІэгъуншагъэ ар!

Ауэ сыт иджы зэкъуэшхэм жраІэнур я адэм? Абыхэм ажэ фІагъэжри абы и лъым Исуф и щыгъын дахэр зыкъомрэ хакухь. ИужькІэ и адэ Екъуб щыгъыныр къыхуахьри жраІэ: «Еплъыт мы къэдгъуэтам. Исуф и щыгъыныракъэ мыр?»

Екъуб елъагъу ар абы зэрищыгъыныр. «ХьэкІэкхъуэкІэ гуэрым ишха хъунщ Исуф»,— магъыр ар. Апхуэдэ щІыкІэкІэ зэкъуэшхэм ягу иралъхьар къохъулІэ. Екъуб Іей дыдэу абы ирощхьэжагъуэ. Махуэ куэдкІэ ар магъыр. Ауэ Исуф лІакъым. КъэтщІэнти пщылІу здашам абы къыщыщІыр сытми.