Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

22-НЭ ХЪЫБАР

Исуф тутнакъым ягъэтІыс

Исуф тутнакъым ягъэтІыс

ИСУФ Мысырым щашам щыгъуэ илъэс 17 хъут. Ар Потифар зи цІэ цІыху гуэрым иращэ. Потифар хуолажьэ Мысырым я пщым — фирхьэуным.

Исуф егугъуу хуолажьэ и зиусхьэн Потифар. Абы щхьэкІэ ар нэхъ балигъ хъуа иужькІэ, Потифар и унэ псом и нэхъыщхьэ ещІ. Сыт-тІэ Исуф мы тутнакъым щІисыр? Потифар и фызым щхьэкІэщ.

Исуф цІыхухъу дахэ хъуащ. Потифар и фызыр хуейт абы и гъусэу гъуэлъыну. Ауэ ар зэрымытэмэмыр Исуф ещІэри, гъуэлъыну хуейкъым. Абы Іейуэ къырогубжь Потифар и фызыр. И лІыр къэкІуэжа иужь, абы пцІы хуеупс: «Исуфу плъагъур си гъусэу гъуэлъыну хэтащ!» Потифар и фызым жиІар и фІэщ мэхъури Іейуэ къогубжь. Мис аращ абы Исуф тутнакъым щІридзар.

Тутнакъым и нэхъыщхьэм куэд дэмыкІыу къелъагъу Исуф зэрыцІыхуфІыр. Аращ ар тутнакъым ис псоми и кІэлъыплъакІуэ щІищІыр. Тэлай дэкІа иужь, фирхьэуныр шагъыр хуизыгъахъуэмрэ щІакхъуэ къезытымрэ Іейуэ къагъэгубжьри, тутнакъым иредзэ. Зы жэщ гуэрым абыхэм пщІыхьэпІэ гъэщІэгъуэн гуэр ялъагъу, ауэ къикІыр къагурыІуэкъым. ЕтІуанэ махуэм Исуф йолъэІу абыхэм: «Фи пщІыхьэпІэхэр къызжефІэж» — жеІэри. ПщІыхьэпІэхэр щыжраІэжым, абыхэм къарыкІыр Алыхьыр къыдэІэпыкъуурэ Исуф къещІэ.

Шагъыр изыгъахъуэм Исуф жреІэ: «Махуищ дэкІмэ, тутнакъым урагъэкІыжынурэ аргуэру фирхьэуным шагъыр хуибгъахъуэу уагъэувыжынущ. Щхьэхуит ухъужа нэужь,— жеІэ Исуф,— фирхьэуным сэ стеухуауэ жеІи, сикІыжынымкІэ къыздэІэпыкъу». ЩІакхъуэ езытым Исуф жреІэ: «Махуищ дэкІмэ, фирхьэуным уи щхьэр пиупщІынущ».

Махуищ щыдэкІым, Исуф зэрыжиІа дыдэм хуэдэу псори мэхъу: щІакхъуэ езытым и щхьэр паупщІ, шагъыр изыгъахъуэр къаутІыпщыжри пщым хуэлэжьэн щІедзэж. Ауэ шагъыр изыгъахъуэм Исуф къызэрелъэІуар щогъупщэж! Исуф теухуауэ шагъыр изыгъахъуэм фирхьэуным зыри жриІэкъым, аращи, Исуф тутнакъым къонэж.