Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

16-НЭ ХЪЫБАР

Исхьэкъ фызыфІ къылъос

Исхьэкъ фызыфІ къылъос

ПЩІЭРЭ мы цІыхубзыр хэтми? Мыр Ревеккэщ. Ар зыхуэкІуэ цІыхухъум и цІэр Исхьэкъщ. Ревеккэ Исхьэкъ и щхьэгъусэ хъуныращ. Дауэ ар абы къызэришар?

Мис мыпхуэдэущ: Исхьэкъ и адэ Ибрэхьим хуейт и къуэм фыз къыхуигъуэтыну. Ар хуейтэкъым Исхьэкъ ханаан лъэпкъым щыщ цІыхубз къишэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэт. Абы щхьэкІэ Ибрэхьим и унэІутыр къриджэри жриІащ: «Сыхуейщ, си Іыхьлыхэр щыпсэу Харран хэкум бгъэзэжу си къуэ Исхьэкъ фыз къыхуэбгъуэтыну».

Ибрэхьим и унэІутым махъшипщІ къищтэри асыхьэтым гъуэгуанэ жыжьэ теуващ. Ибрэхьим и Іыхьлыхэр щыпсэум нэмысыпэу, ар псыкъуийм деж къыщызэтеувыІащ. Мы къалэм дэс цІыхубзхэр псыкъуийм псыхьэ пщыхьэщхьэм къыщыкІуэ зэманыр къэблагъэт. Арати, Ибрэхьим и унэІутыр Иеговэ елъэІуащ: «Исхьэкъ щхьэкІэ къыхэпха фызым си махъшэхэмрэ сэрэ псы къытхуребгъэгъахъуэу хэтми ар абыкІэ къэзыбгъэщІэну сынолъэІу».

Куэд дэмыкІыу Ревеккэ псыхьэ къэкІуащ. УнэІутыр къыщелъэІум, абы псы иритащ. ИужькІэ, кІуэри и махъшэхэми псы яхуригъэхъуащ. Абы ищІар Іуэху хьэлъэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ махъшэхэм псы куэд ираф.

Ревеккэ ищІэр иуха нэужь, Ибрэхьим и унэІутыр абы еупщІащ и адэм и цІэр хэтми. Зы жэщ я деж нэху къыщекІ хъунрэ мыхъунри къищІащ. Ревеккэ жиІащ: «Си адэм и цІэр Вафуилщ, ди унэ унакІуэми хъунущ»,— жиІэри. УнэІутым ищІэт Вафуил Ибрэхьим и къуэш Нахор зэрикъуэр. Ибрэхьим и Іыхьлыхэр къызэрыригъэгъуэтам щхьэкІэ, ар лъэгуажьэмыщхьэу уври, Иеговэ фІыщІэ хуищІащ.

А пщыхьэщхьэ дыдэм Ибрэхьим и унэІутым Вафуилрэ Ревеккэ и дэлъху Лаванрэ яжриІащ къыщІэкІуам и щхьэусыгъуэр. Ахэр арэзы хъуащ Ревеккэ абы и гъусэу кІуэуэ Исхьэкъ дэкІуэну. Сыт-тІэ езы Ревеккэ жиІар щеупщІам щыгъуэ? Пэжщ, хуейщ и гъусэу кІуэну. ЕтІуанэ махуэм ахэр махъшэхэм тетІысхьэри Ханаан кІуэ гъуэгуанэ жыжьэм теувэжащ.

ПщыхьэщхьэхуэкІуэу ахэр къэсыжащ. Ревеккэ губгъуэм цІыхухъу гуэр къыщилъэгъуащ. Ар Исхьэкът. Ревеккэ къызэрилъагъуу ар Іейуэ гуфІащ. Исхьэкъ и анэ Саррэ зэрылІэрэ илъэсищ хъут, итІанэми ар абы иджыри къэс ирищхьэжагъуэт. Иджы Исхьэкъ Ревеккэ фІыщэу илъагъури, насыпыфІэ хъужащ.