15-НЭ ХЪЫБАР
ЛутІ и фызыр къызэплъэкІащ
ЛУТІ и унагъуэр Ибрэхьим и гъусэу Ханаан хэкум щыпсэурт. Зэгуэр Ибрэхьим ЛутІ жриІащ: «Ди Іэщхэм мы щІыпІэр къомащІэкІри, кхъыІэ, дызэгуэгъэкІ. Уэ зы лъэныкъуэмкІэ укІуэмэ, сэ адреймкІэ сыкІуэнщ».
ЛутІ щІыналъэр къиплъыхьри псы щежэх, хъупІэфІ здэщыІэ щІыпІэ дахэ къилъэгъуащ. Ар Иордан щІыналъэрат. ЛутІ и унагъуэмрэ и Іэщхэмрэ и гъусэу абы Іэпхъуащ. ИкІэм–икІэжым ахэр къыщызэтеувыІащ Содом къалэм.
Содом дэсхэр цІыху Іейт. ЛутІ езыр цІыхуфІти абы Іейуэ ирищхьэжагъуэт. Алыхьми ар и жагъуэт. ИкІэм-икІэжым Алыхьым ЛутІ деж къигъэкІуащ мелыІычитІ, Содомрэ абы и гъунэгъу къалэ Гоморрэрэ я щытыкІэ Іейм щхьэкІэ икъутэжыну зэрыхуейр къажригъэІэну.
МелыІычхэм ЛутІ къыжраІэ: «ПсынщІэу уи фызымрэ уи пхъуитІымрэ къащти дэкІ мыбы!» ЛутІ и унагъуэр пІащІэтэкъыми мелыІычхэм абыхэм я Іэр яІыгъыу къалэм къыдашын хуей хъуащ. Абы иужькІэ зы мелыІычым жиІащ: «Зыкъевгъэл! ФыкъызэмыплъэкІ. ФыхэмыкІуэдэн щхьэкІэ джабэм фыдэж».
ЛутІрэ и пхъуитІымрэ жаІам едаІуэри Содом къыдэкІащ. Зы дакъикъэкІи къызэтеувыІакъым икІи къызэплъэкІакъым. Ауэ ЛутІ и фызыр жаІам едэІуакъым. Содом пэмыжыжьэу ЛутІ и фызыр къэувыІэри къызэплъэкІащ. Асыхьэтым шыгъу пкъоуэ жащ ар. Щыплъагъурэ ар мы сурэтым?
Мыбы дерс къыхэтхыфынущ. ГурыІуэгъуэщ — Алыхьым кърегъэлыр жыІэдаІуэхэр, жыІэмыдаІуэхэр — хэкІуэдэнущ.