30-НЭ ХЪЫБАР
МафІэ зыщІэна чыцэ
И МЭЛХЭМ щхьэкІэ хъупІэ къилъыхъуэурэ Мусэ Хорив бгым нэсащ. Абдеж абы къыщилъэгъуащ чыцэ гуэр мафІэ щІэнауэ, ауэ имысу!
«Сыту гъэщІэгъуэныІуэ. Нэхъ гъунэгъуу сыкІуэтэнщи нэхъыфІыІуэу сеплъынти»,— егупсысащ ар. Щы-бгъэдыхьэм, чыцэм макъ къыхэІукІащ: «Укъыбгъэдэмыхьэ нэхъ гъунэгъуу. Уи вакъэхэр зыщых, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ узытет щІыгур щІыгу лъапІэщ». Ар мелыІычымкІэ езы Алыхьыр къэпсэлъауэ аращ. Мусэ и нэкІур щІызэхуищІари аращ.
Арати Алыхьым жиІащ: «Си лъэпкъым Мысырым щишэч гугъуехьыр слъэгъуащ. Сыхуейщ ахэр щхьэхуит сщІыжынуи, уэ къозгъэшыжынущ ахэр Мысырым». Иеговэ и лъэпкъыр Ханаан щІыналъэ дахэм ишэну хуейт.
Ауэ Мусэ жиІащ: «Сэ мыгъуэ сыхэт. Дауэ сэ ар зэрысхузэфІэкІынур? Хъунщ иджы, сокІуэри израиль лъэпкъыр сыкъэзыгъэкІуамкІэ къызоупщІ. Сыт сэ абыхэм яжесІэнур?»
Мыпхуэдэу яжеІэ,— жиІащ Алыхьым,— «Ибрэхьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ я Алыхь ИЕГОВЭ, сыкъыфхуигъэкІуащ». ИтІанэ дыщІигъужащ: «Аращ си цІэу щытынур игъащІэ псокІэ».
— Я фІэщ мыхъуу щытмэ-щэ, уэ сызэрыбгъэкІуар,— жиІащ Мусэ.
— Сыт а пІыгъыр? — щІэупщІащ Алыхьыр.
— Мэлыхъуэ баш,— жиІащ Мусэ.
— ХыфІэдзэт ар,— жиІащ Алыхьым. Мусэ мэлыхъуэ башыр зэрыхыфІидзэу блэ хъуащ. ИтІанэ Алыхьым Мусэ иджыри зы телъыджэ гуэр иригъэлъэгъуащ. Абы жиІащ: «Дэлъхьэт уи Іэр уи гуфІакІэм». Мусэ дилъхьащ. Къыщыдихыжам — уэсым хуэдэу хужьт! И Іэм фаджэ уз къыхыхьа фІэкІ пщІэтэкъым. ИужькІэ Алыхьым Мусэ ищІащ ещанэ телъыджэр хуэщІэну. А псом иужьыжкІэ Алыхьым Мусэ къигъэгугъащ: «А телъыджэхэр ебгъэлъагъумэ, израиль лъэпкъым и фІэщ хъунущ сэ узэрызгъэкІуар».
Мусэ унэм кІуэжри Иофор жриІащ: «КхъыІэ, си Іыхьлыхэм деж сыгъэкІуэж, зэрыпсэум сеплъыну». Мусэ Иофор сэлам ирихыжри гъуэгуанэ теуващ, Мысырым кІуэну.