31-НЭ ХЪЫБАР
Мусэрэ Хьэрунрэ фирхьэуным деж зэрыкІуар
МЫСЫРЫМ къэкІуэжа иужь, Мусэ телъыджэу илъэгъуа псори и къуэш Хьэрун жриІэжащ. Мусэрэ Хьэрунрэ а телъыджэхэр израиль лъэпкъым ирагъэлъэгъуа иужь, псоми я фІэщ хъуащ абыхэм Иеговэ зэригъусэр.
ИтІанэ Мусэрэ Хьэрунрэ фирхьэуным деж кІуэри жраІащ: «Иеговэ, израиль лъэпкъым и Алыхьым, мыпхуэдэу жеІэ: „Си лъэпкъыр махуищкІэ къэутІыпщ, губгъуэ нэщІым кІуэуэ сагъэлъэпІэн щхьэкІэ“». Абы фирхьэуным мыпхуэдэу къыпидзыжащ: «Сэ Иеговэ си фІэщ хъукъым, израилри сыутІыпщыну зызгъэхьэзыркъым».
Фирхьэуныр къэгубжьащ, цІыхубэм я лэжьыгъэр къагъанэу Иеговэ ягъэлъэпІэну зэрыхуеям щхьэкІэ. Абы щхьэкІэ лэжьыгъэ нэхъыбэж ящІэну ахэр хигъэзыхьащ. Апхуэдэу фирхьэуныр къащІыхущытыр Мусэ тралъхьащ. А Іуэхум Мусэ Іейуэ ирищхьэжэгъуащ. Ауэ абы и гур Иеговэ фІы къыхуищІыжащ. «Си лъэпкъыр къиутІыпщыжын щхьэкІэ, хэзгъэзыхьынущ фирхьэуныр»,— быдэу жиІащ Иеговэ.
Мусэрэ Хьэрунрэ аргуэру къэкІуащ фирхьэуным деж. Абыхэм иджы телъыджэ гуэр ирагъэлъэгъуащ фирхьэуным. Хьэрун и мэлыхъуэ башыр хыфІидзэри ар блэшхуэ хъуащ. Фирхьэуным и цІыху Іэзэхэми я башхэр хыфІадзэри ахэри блэ хъуащ. Мыр сыт! Хьэрун и блэм ешх цІыху Іэзэхэм я блэхэр. ИтІанэми фирхьэуныр хуейкъым израиль лъэпкъыр иутІыпщыжыну.
Иеговэ фирхьэуным зыщригъэцІыхужыну зэманыр къэсащ. ПщІэрэ абы ищІар сытми абы щхьэкІэ? Абы мысырхэм тезырипщІ ятрилъхьэри гуІэгъуэшхуэр яхилъхьащ.
Гузэвэгъуэ къатехъуэху фирхьэуным Мусэ къригъашэти елъэІут: «Мы гузэвэгъуэр тщхьэщыхи израилыр сыутІыпщыжынщ»,— жиІэти. Ауэ сыт щыгъуи, гузэвэгъуэ къатехъуар язэрыщхьэщыкІыу, фирхьэуныр щІегъуэжт. Абы израилыр иутІы-пщыжтэкъым. ИкІэм-икІэжым епщІанэ гузэвэгъуэр къатехъуа иужь, фирхьэуным израиль лъэпкъыр иутІыпщыжащ.
ПщІэрэ сыт хуэдэ тезырми абыхэм ятрилъхьар? Зы напэкІуэцІ къызэгъэзэкІи къэтщІэнщ.