Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

23-НЭ ХЪЫБАР

Фирхьэуным и пщІыхьэпІэхэр

Фирхьэуным и пщІыхьэпІэхэр

ИЛЪЭСИТІ дэкІащ, ауэ Исуф иджыри тутнакъым исщ. Шагъыр изыгъахъуэм иджыри къэс Исуф игу къэкІыжакъым. Иджы мис, зы жэщ гуэрым фирхьэуным пщІыхьэпІитІ гъэщІэгъуэну елъагъури, къикІыр къищІэну хэтщ. Плъагъурэ, ар зэрыжейр? Пщэдджыжьым фирхьэуным и цІыху Іущхэр къриджэри и пщІыхьэпІэхэр яжриІэжащ. Ауэ абыхэм къикІыр къахуэщІакъым.

Абдежым, икІэм-икІэжым, шагъыр изыгъахъуэм къещІэж Исуф. Абы жреІэ фирхьэуным: «Тутнакъым сыщисам щыгъуэ, си гъусэу исащ пщІыхьэпІэхэм хэзыщІыкІ гуэр». Фирхьэуным асыхьэтым Исуф тутнакъым кърашу къыхуашэну унафэ ещІ.

ИтІанэ фирхьэуным и пщІыхьэпІэр Исуф жреІэж: «Жэм дагъуибл пшэру слъэгъуащ. ИтІанэ жэм уэдибл, я къупщхьэр къыхэщу. Арати, жэм уэдхэм жэм пшэрхэр яшхащ.

ЕтІуанэ жэщым слъэгъуащ щхьэмыжибл, жылэр изу, зы жэпкъым пыту. ИтІанэ щхьэмыжибл гъуру, и жылэхэр гъуауэ слъэгъуащ. Арати, щхьэмыж гъурхэм яшхын щІадзащ щхьэмыжыфІиблыр».

Исуф фирхьэуным жреІэ: «ПщІыхьэпІитІми къикІыр зыщ. Жэм пшэриблымрэ щхьэмыжибл жылэр зэрызымрэ къикІыр илъэсиблщ, жэм уэдиблымрэ щхьэмыж гъуриблымрэ къикІыр нэгъуэщІ илъэсиблщ. Гъавэр къайлыжу Мысырым илъэсиблкІэ щаІэну зэман къэхъунущ. Абы иужькІэ гъавэр мащІэ Іейуэ щыщыІэну илъэсибли къэхъунущ».

Исуф фирхьэуным жриІащ: «ЦІыху Іущ гуэр хэх ерыскъыгъуэр щыщыІэну илъэсиблым гъавэр зэхуэхьэсыным и унафэщІыу, итІанэ гъавэ мащІэ щыщыІэну илъэсиблым цІыхухэр мэжэлІэнукъым».

Фирхьэуным абы жиІар игу ирихьащ. Исуфи хихащ гъавэр зэхуихьэсыну икІи ихъумэну. Мысыр псом ар нэхъыщхьэ дыдэ хъуащ, фирхьэуным къыкІэлъыкІуэу.

Илъэсий дэкІри, гъаблэм щІидзауэ, Исуф къелъагъу и деж цІыху гуэрхэр къакІуэу. ПщІэрэ хэтми? НтІэ, ар абы и къуэш нэхъыжьипщІыращ! Екъуб ахэр Мысырым игъэкІуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Ханааным яшхын щагъуэтыжтэкъым. Исуф и къуэшхэр къецІыхуж, ауэ езыхэм Исуф къацІыхужкъым. ПщІэрэ сыт щхьэкІэми? Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Исуф нэхъ балигъ хъуащ икІи нэгъуэщІу хуэпащ.

Исуф къещІэж щыцІыкІуам щыгъуэ и къуэшхэр къыбгъэдыхьэурэ щхьэщэ къыхуащІу пщІыхьэпІэ илъэгъуар. ПщІэжрэ, дыкъеджати? ИтІанэщ Исуф къыщыгурыІуар гугъэфІ гуэр хуиІэу ар Мысырым зыгъэкІуар Алыхьыр зэрыарар. Дауэ уеплърэ, сыт иджыпсту ищІэнур Исуф? ИІэт къэдгъащІэт.