ЕЩАНЭ ІЫХЬЭ
Мысырым къыщикІыжам щыщІэдзауэ Израилым и япэ пащтыхьым нэсыху
Мысырым пщылІыпІэ къыщришыжам, Алыхьым и унафэхэр къащрита Синай бгым деж Мусэ израиль лъэпкъыр къишащ. Абы иужькІэ Мусэ цІыху пщыкІутІ игъэкІуащ Ханаан щІыналъэм игъэплъэну. Къагъэзэжа иужь, цІыхуипщІым а щІыналъэм теухуауэ зыри фІы жаІакъым. Абы щхьэкІэ Мысырым ягъэзэжыну цІыхухэр хуеящ. Алыхьым абыхэм тезыр ятрилъхьащ, фІэщхъуныгъэ зэрамыІам щхьэкІэ. Абы щхьэкІэ илъэс плІыщІкІэ губгъуэ нэщІым адэкІэ-мыдэкІэ кІуэуэ ахэр итащ.
ИкІэм-икІэжым израиль лъэпкъыр Ханаан щІыналъэм изышэн хуей Исус Навин Алыхьым къыхех. А щІыналъэр абыхэм яритын щхьэкІэ, Иеговэ телъыджэ гуэрхэр ещІэ. Абы Иордан псыр къегъэувыІэ, Иерихон и блынхэр зэтрегъэщахэ, махуэ псокІэ дыгъэр къегъэувыІэ. Илъэсих дэкІа нэужь, икІэм–икІэжым Ханаан щІыналъэр абыхэм къазэу.
Исус Навин деж щыщІэдзауэ илъэс 356-м и кІуэцІкІэ израиль лъэпкъым хеящІэхэр я унафэщІу щытщ. Абыхэм щыщу зыкъом зэдгъэцІыхунущ: Варак, Гедеон, Иеффэ, Самсон, Самуил сымэ. Апхуэдэуи цІыхубзхэу Раав, Деворэ, Иаиль, Руфь, Ноеминь, Далидэ сымэ теухуауэ къэтщІэнущ. Псори зэгъусэу ЕЩАНЭ Іыхьэм тхыдэм щыщу къызэщІиубыдэр илъэс 396-рэ мэхъу.
МЫ ІЫХЬЭМ
38 ХЪЫБАР
ТІасхъэщІэх пщыкІутІыр
ТасхъэщІэххэм ящыщ цІыхуипщІым жаІэр зыщ, адрей тІум жаІэр нэгъуэщІщ. Хэт жиІэра израилхэм я фІэщ хъур?
39 ХЪЫБАР
Хьэрун и баш къэгъэгъар
Дауэ баш гъуам зы жэщым удз гъэгъарэ пхъэщхьэмыщхьэрэ къызэрыпыкІэнур?
43 ХЪЫБАР
Иисус Навин цІыху пашэ мэхъу
Мусэ иджыри и къару илъыгъуэмэ, щхьэ абы и пІэкІэ Иисус Навин пашэ хъурэ?
44 ХЪЫБАР
Раав тІасхъэщІэххэр егъэпщкІу
Дауэ Раав цІыхухъуитІым зэрыдэІэпыкъур икІи сыткІэ ар абыхэм елъэІуа?
48 ХЪЫБАР
Гаваон щыщ цІыху Іущхэр
Иисус Навинрэ израил цІыхухэмрэ я псалъэр яІыгъыжащ, гаваон щыщхэм ахэр къызэрагъэпцІам емылъытауэ.
49 ХЪЫБАР
Дыгъэр къоувыІэр
Иеговэ Иисус Навин щхьэкІэ ищІа Іуэхугъуэр абы ипи абы иужьи зэи абы фІэкІа ищІакъым.
51 ХЪЫБАР
Руфрэ Ноеминрэ
Руфь къызыхэкІа и лъэпкъыр къигъэнащ, Ноеминь и гъусэу къанэу Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ.
55 ХЪЫБАР
ЩІалэ цІыкІум Алыхьым къулыкъу хуещІэ
Иеговэ Самуел цІыкІу къыжреІэ Илясрэ абы и къуэхэмрэ тезыр зэрытрилъхьэнур.