Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

37-НЭ ХЪЫБАР

Алыхьыр щагъэлъапІэ шэтыр

Алыхьыр щагъэлъапІэ шэтыр

ПЩІЭРЭ мыбдеж итыр сытми? Мыр Иеговэ щагъэлъэпІэн щхьэкІэ ящІа шэтырыращ. Абы иджыри скиниекІэ йоджэ. ЦІыхухэм ар ящІащ Мысырым къызэрикІыжрэ илъэс дэкІа иужь. Ауэ пщІэрэ, зэращІын хуей щІыкІэр хэт къажриІами?

Иеговэщ. Ар зэращІыну щІыкІэр Иеговэ Мусэ бгыщхьэм къыщыжриІащ. Иеговэ и унафэкІэ шэтырыр Іыхьэ — ІыхьэкІэ зэпкъырыпх хъууэ, итІанэ а Іыхьэхэр нэгъуэщІ щІыпІэ пхьырэ зэпкъырыплъхьэж хъууэ ящІащ. Апхуэдэ щІыкІэкІэ, губгъуэ нэщІым иту щІыпІэ-щІыпІэкІэ израиль лъэпкъым къыщакІухьым щыгъуэ, а шэтырыр къыздырахьэкІырт.

Шэтырым ущІэплъэмэ, адэкІэ нэхъ къыщыт пэш цІыкІум щІэту плъагъунущ ашык, е пхъуантэ. Ар зэгурыІуэныгъэм и пхъуантэращ. Абы лъэныкъуэ зэрызымкІэ тетщ дыщэм къыхэщІыкІауэ херувимкІэ зэджэ мелыІычитІ. Япэ мывэ пІащІитІыр Мусэ зэрикъутам щхьэкІэ, Алыхьым иджыри зэ мывэ пІащІитІым и унафэхэр тритхэри къаритыжащ. Ахэр зэгурыІуэныгъэм и пхъуантэм дэлъу яхъумэт. Абы апхуэдэуи дэлъщ фалъэм илъу мэнн. ПщІэжрэ мэнныр зищІысыр?

Иеговэ Мусэ и къуэш Хьэрун дин пашэ нэхъыщхьэу хихащ. Абы унафэ ещІ цІыхухэр Иеговэ зэрыхуэлэжьэнымкІэ. Абы и къуэхэри дин пашэхэщ.

Иджы щІэплъэт шэтырым и пэш нэхъ иным. Ар тІукІэ пэш цІыкІум нэхърэ нэхъ инщ. Іугъуэ къызэрыкІ ашык, е пхъуантэ цІыкІур плъагъурэ? Ар къурмэн щІыпІэщ. Абы дин пашэхэм щагъэс мэ ІэфІ къызэпих удзхэр. Абы нэмыщІ мыбы щІэтщ уэздыгъэ тегъэувапІэ. Абы мафІэ бзий къызыпих къудамибл пытщ. Ещанэу мыбы щІэтщ Іэнэ. Абы щІакхъуэ пщыкІутІ тралъхьэ.

Шатырыр зыдэт пщІантІэм дэтщ псы иту тас е фалъэшхуэ. АбыкІэ затхьэщІ дин пашэхэм. Апхуэдэу иджыри мыбы дэтщ къурмэн щІыпІэшхуэ. Абы щагъэс Иеговэ тыхьу къыхуахьын щхьэкІэ яукІа Іэщхэр. Скиниер ику дыдэм итщ, израиль цІыхухэр абы и хъуреягъкІэ шэтырым щІэсу щопсэу.