Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

47-НЭ ХЪЫБАР

Израилым дыгъу къахэкІащ

Израилым дыгъу къахэкІащ

ЕПЛЪЫТ мы цІыхухъум и шатырым щыщІитІэр сытми! Щыгъын дахэрэ дыщэ кІанэрэщ, дыжьын ахъшэ зыбжанэ и гъусэу. Абы ахэр Иерихон къыдихащ. Ауэ сытыт иращІэн хуейр Иерихон къыдаха хьэпшыпхэм? ПщІэжрэ?

Абыхэм кІэ иратын хуейт. Дыщэмрэ дыжьынымрэ мылъку гъэтІылъыпІэу Иеговэ и шатырым иІэм иратын хуейт. НтІэ мы цІыхухэр Алыхьым емыдэІуауэ аращ. Абыхэм къадыгъуащ Иеговэ къылъысыр. Мы цІыхухъум зэреджэр Аханщ, абы и гъусэхэр и унагъуэм щІэсхэращ. КъэтщІэнти адэкІэ къэхъур сытми.

Мы хьэпшыпхэр Ахан къидыгъуа нэужь, Исус Навин цІыху зыбжанэ Гай къалэм иригъэзэуэну егъакІуэ. Ауэ абыхэм ахэр къатокІуэ. ЦІыху зыбжанэ яукІ, адрейхэр къыщІопхъуэж. Исус ар и жагъуэ Іейуэ мэхъу. Абы щІым зыхеІубэри Иеговэ зыхуегъазэ: «Сыт мыгъуэ ар къыщІытщыбгъэщІар?»

Иеговэ жэуап къет: «Къэтэдж! Израилым гуэныхь къихьащ. Къащтащ кІэ зыратын е Си шэтырым и мылъку гъэтІылъыпІэм щІалъхьэн хуея хьэпшыпхэр. Къадыгъури ягъэпщкІуащ щыгъын дахэр. Си нэфІ фщызгъэхуэнукъым къащтамрэ ар къэзыщтамрэ кІэ евмытауэ». Иеговэ къегъэгугъэ а цІыху Іейр хэтми Исус иригъэлъагъуну.

Исус Навин цІыху псори зэхуешэсри Иеговэ абы кърегъэлъагъу Ахан цІыху Іейр. Ахан зыкъеумысыж: «Гуэныхь къэсхьащ. Дыжьын ахъшэхэм щыгъын дахэмрэ дыщэ кІанэмрэ и гъусэу щыслъэгъуам, апхуэдизкІэ ахэр сиІэну сыхуеяти, къэзмыщтэн слъэкІакъым. Псори си шэтырым щыщІэстІащ».

А хьэпшыпхэр къагъуэту Исус къыхуахьа нэужь, абы Ахан жреІэр: «Сыт бэлыхь дыщІыхэбдзар? Абы щхьэкІэ Иеговэ уэри бэлыхь ухидзэнущ!» А псалъэхэм иужь, цІыху псоми Аханрэ абы и унагъуэмрэ мывэкІэ яукІащ. Мы Іуэхугъуэ къэхъуам дигъэлъагъукъэ-тІэ зэикІ уи мыхьэпшып къапщтэ зэрымыхъунур?

Абы иужькІэ израилыр иджыри Гайым езэуэну макІуэ. Мы зы гъуэгу Иеговэ и цІыхухэм къадоІэпыкъури, абыхэм текІуэныгъэр къахь.