Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

48-НЭ ХЪЫБАР

Гаваон щыщ цІыху Іущхэр

Гаваон щыщ цІыху Іущхэр

ИДЖЫ Ханааным щыщ къалэ куэд хьэзырщ Израилым къезэуэну. Абыхэм я гугъэщ текІуэныгъэр къахьыну. Ауэ Гаваон къалэм пэгъунэгъуу щыпсэу цІыхухэм апхуэдэу ялъытэкъым. Абыхэм я фІэщ мэхъу израилхэм Алыхьыр зэрыдэІэпыкъур. Абы щхьэкІи хуейкъым Алыхьым ахэр пэщІэувэну. НтІэ пщІэрэ, абыхэм ящІэр сытми?

Абыхэм фэ зытрагъауэ щІыпІэ жыжьэ къикІа цІыхухэу. ЦІыху зыбжанэм щатІагъэр щыгъын зэфІэтхъарэ вакъэ лъэжьарэ. Къэпыжь зэфІэтхъахэр шыдым тралъхьэ, гъур хъуауэ щІакхъуэжь къащтэри Исус Навин деж къокІуэри жаІэ: «ЩІыпІэ жыжьэ дыкъикІри дыкъэкІуащ, фи Алыхьышхуэ Иеговэ фэ щхьэкІэ Мысырым щищІа псорикІ зэхэтхыжати. Гъуэгум щытшхын къыдагъащтэри ди унэфэщІхэм мыпхуэдэу нывжетІэн щхьэкІэ фи деж дыкъагъэкІуащ: „ПщылІ дыфхуэхъунщ. Дыкъэвгъэгугъэ фыкъыдэмызэуэну“». Феплъыт, гъуэгуанэ жыжьэ дытетыху ди щыгъынри лэжьащ, ди щІакхъуэри гъуащ».

Исус Навинрэ нэхъуэщІ унафэщІхэмрэ абыхэм жаІэр я фІэщ мэхъури емызэуэну къагъэгугъэ. Махуищ дэкІа нэужь, абыхэм къащІэ а цІыхухэр пэж дыдэу абыхэм я пэмыжыжьэу зэрыщыпсэур.

— Сыт щІыпІэ жыжьэ фыкъикІауэ къыщІыджефІар? — йоупщІ абыхэм Исус.

— Дэ апхуэдэу щІыжытІар мы Ханаан щІыналъэр псори фэ фи Алыхь Иеговэ къывитыну фыкъызэригъэгугъар къыджаІати аращ. ДывукІынкІэ дышынащ,— жэуап къатыж гаваонхэм. Израилхэм я псалъэр ягъэпэжри ахэр яукІакъым. Абы и пІэкІэ ахэр пщылІ ящІащ.

Иерусалим и пащтыхьыр Іейуэ къэгубжьащ гаваонхэр зауэ хэмыту израилым зэрыгурыІуам щхьэкІэ. Абы къыхэкІкІэ ар йолъэІу нэгъуэщІ пащтыхьиплІым: «ФыкъакІуи фыкъыздэІэпыкъу гаваонхэм сезэуэну»,— жеІэри. Иджы мис пащтыхьитху зэрогъэхъури ахэр макІуэ гаваонхэм езэуэну. Губзыгъагъэт–тІэ гаваонхэм ящІар: а пащтыхьхэр къыщІезэуэн хуей хъуа мамырыгъэр израилым зэрыращІылІар? Деплъынти.