Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

41-НЭ ХЪЫБАР

Гъуаплъэм къыхэщІыкІа блэ

Гъуаплъэм къыхэщІыкІа блэ

ЕЩХЬ мы бжэгъум фІэлъ блэр блэ псэум? Хьэуэ. Мы блэр гъуаплъэм къыхэщІыкІащ. Иеговэ Мусэ жриІащ а блэр бжэгъум фІилъхьэну, абы еплъ цІыхухэр мылІэн щхьэкІэ. Ауэ щІым къыщызыпщыхь блэхэр блэ дыдэщ. Ахэр цІыхухэм йоуэри цІыхухэр сымаджэ мэхъу. ПщІэрэ а псор къыщІэхъур сытми?

Израиль лъэпкъым Алыхьымрэ Мусэрэ щхьэкІэ захъунщІэ. Ахэр мэтхьэусыхэ: «Сыт Мысырым дыкъипшыжу, мы губгъуэ нэщІым дыщылІэну дыкъыщІэпшар? Шхыни узэфэни щыІэкъым мыбы. Мы мэнныр афІэкІа тхуэшхыжкъым».

Пэжыр жыпІэмэ, мэнныр шхыныгъуэ ІэфІт. Ар Иеговэ абыхэм Іэмал телъыджэкІэ къарет. Апхуэдэу телъыджэу псыри къарет. Ауэ абы къахуищІэр цІыхухэм зэхащІыкІкъым. Абы щхьэкІэ Иеговэ абыхэм щхъухь зиІэ блэхэр къатрегъауэри абыкІэ тезыр ятрелъхьэ. Блэхэр цІыхухэм йоуэри куэд абы йолІыкІ.

ИкІэм–икІэжым цІыхухэр Мусэ деж къокІуэри йолъэІу: «Гуэныхь къэтхьащ Иеговэрэ уэрэ щхьэкІэ зэрызытхъунщІамкІэ. Иеговэ тхуелъэІу мы блэхэр ткІэригъэкІыну».

Мусэ цІыхухэм щхьэкІэ Алыхьым елъэІуащ. Абы и жэуапу Иеговэ Мусэ къыжриІащ мис мы блэ гъуаплъэм къыхэщІыкІар ищІыу, бжэгъум фІилъхьэну. ИтІанэ блэ зэуа цІыхухэр а блэм еплъыну унафэ ещІ. Алыхьым зэрыжиІа дыдэм хуэдэу псори Мусэ ещІ. Блэ зэуа цІыхухэр гъуаплъэм къыхэщІыкІа блэм дэплъеймэ, мэхъуж.

Мыбы дэ дерс тхуэхъун хэлъщ. Дэ псори зыгуэркІэ блэ зэуа израиль цІыхухэм дарещхьщ. Гува–щІэхами цІыхухэр псори малІэ. Уи хъуреягъкІэ зыплъыхьи уэ плъэгъунущ цІыхухэр жьы зэрыхъур, зэрысымаджэр, зэрылІэр. Апхуэдэу щІыщытыр япэрей цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ, Іэдэмрэ Хьэуарэ, Иеговэ къызэрагъэнам щхьэкІэщ. Дэ абыхэм дыкъалъхужащ. ИтІанэми Иеговэ къыдет мыухыж гъащІэ дызэриІэн Іэмал.

Иеговэ щІылъэм къигъэкІуащ и къуэ Хьисэ. Ар цІыху Іейуэ куэдым ялъытэти пкъом ираІулІащ. Ауэ Иеговэ и къуэр лІэну къыщІигъэкІуар дэ дыкъригъэлын щхьэкІэщ. Дэ абы дыдэплъеймэ, и лъэужьым дытетмэ, мыухыж гъащІэ диІэнущ. Абы теухуауэ нэхъыбэ къыщытщІэнущ къыкІэлъыкІуэ хъыбархэм.