Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

44-НЭ ХЪЫБАР

Раав тІасхъэщІэххэр егъэпщкІу

Раав тІасхъэщІэххэр егъэпщкІу

МЫ ЦІЫХУХЪУХЭР гузэвэгъуэ хэхуащ. Ахэр псынщІэу мыбы къыдэкІыжын хуейщ — армыхъумэ яукІынущ. Мыхэр израиль тІасхъэщІэхщ. Абыхэм я дэІэпыкъу цІыхубзым и цІэр Раавщ. Раав Иерихон къалэм и блыным хэт унэм щопсэу. КъэтщІэнти мы цІыхухэр гузэвэгъуэ щІыхэхуар.

Израиль цІыхухэр хьэзырщ Иордан псым зэпрыкІыу Ханааным ихьэну. Ауэ абы ипэ къихуэу Исус Навин абы тІасхъэщІэхитІ егъакІуэ. КІуэуэ щІыналъэмрэ къалэмрэ къаплъыхьыну яжреІэ.

Иерихон нэса иужь, тІасхъэщІэхитІым Раав и унэмкІэ яунэтІ. Зыгуэрым Иерихон и пщым деж нехьэс: «Ныщхьэбэ изралхэм щыщу цІыхуитІ ди къалэм къыдыхьащ, ди щІыналъэр къаплъыхьыну»,— жеІэри. Ар къищІа нэужь, абы и цІыхухэр Раав деж егъакІуэ. Абыхэм Раав унафэ хуащІ: «Уи унэм щІэс цІыхухъуитІыр къыдэт!» — жаІэри. Ауэ Раав цІыхухъуитІыр и унащхьэм щигъэпщкІуат. Арати, жреІэ: «Зы цІыху гуэрхэр къэкІуат си деж, ауэ ахэр къыздикІар дэнэми сщІэкъым. Пшапэр щызэхэуэм, куэбжэр зэхуамыщІыж щІыкІэ, ахэр щІэкІыжащ. ФепІэщІэкІыу щытмэ, къыфхуэубыдынущ ахэр!» Арати, цІыхухэр якІэлъыщІэпхъуащ абыхэм.

Ахэр щІэкІыжа иужь, Раав пІащІэу унащхьэм докІуей. «Сэ сощІэ, Иеговэ мы щІыналъэр фэ къызэрывитынур,— яжреІэ абы тІасхъэщІэххэм.— Дэ зэхэтхыжащ фэ Мысырым фыкъыщикІыжам щыгъуэ Алыхьым Хы Плъыжьыр зэрыригъэгъущыкІамрэ фэ пщы Сигонрэ Огрэ зэрывукІамрэ. Сэ гущІэгъу фхуэсщІащ, иджы сыкъэвгъэгугъэ фэри гущІэгъу къысхуэфщІыжыну. Си адэ-анэмрэ си дэлъху–си шыпхъухэмрэ псэууэ къэвгъэнэну сыныволъэІу».

ТІасхъэщІэххэм ар къагъэгугъэ гущІэгъу хуащІыну, ауэ езы Раави абы щхьэкІэ зыгуэр ищІэн хуейщ. Абы тІасхъэщІэххэм жраІэ: «Мы кІапсэ плъыжьыр къащти, уи щхьэгъубжэм деж фІэщІэ. ИтІанэ уи унэм уи Іыхьлыхэр псори щызэхуэшэс. Иерихон къэтщтэну псори дыкъэкІуа иужь, уи шхьэгъубжэм фІэлъ кІапсэр къэтлъэгъунурэ уи унагъуэм щыщ зыри дыукІынукъым». Исус Навин деж къагъэзэжа иужь, тІасхъэщІэххэм къащыщІа псори абы жраІэж.