Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

51-НЭ ХЪЫБАР

Руфрэ Ноеминрэ

Руфрэ Ноеминрэ

БИБЛИЕМ итщ Руфь и цІэр зэрихьэу тхылъ. Ар топсэлъыхьыж израиль хеящІэхэм я зэманым псэуа унагъуэ гуэрым. Руфыр моав щІыналъэм щыщ цІыхубз щІалэщ. Ар Алыхьым къыхиха израиль лъэпкъым щыщкъым. Ауэ Руфь Алыхь пэж Иеговэ къицІыхуа нэужь, ар гурэ–псэкІэ фІыуэ илъэгъун щІедзэ. Ноеминыр — зи ныбжьыр хэкІуэта цІыхубзщ. Руфь Иеговэ къицІыхунымкІэ ар доІэпыкъу.

Ноеминь израиль лъэпкъым щыщ цІыхубзщ. Израилым гъаблэ къыщыхъуам, и лІымрэ и къуитІымрэ и гъусэу Моав щІыналъэм мэІэпхъуэж. Зэман гуэр дэкІа нэужь, Ноеминь и лІыр малІэ. ИужьыІуэкІэ абы и къуэхэм къашэ моав лъэпкъым щыщ цІыхубзхэр. Зым и цІэр Руфщ, адрейм — Орфэщ. Ауэ илъэсипщІ хуэдиз дэкІа нэужь, Ноеминь и къуитІри малІэ. Сыту гуауэшхуэ ящыхъуа ар Ноеминрэ а цІыхубзитІымрэ! Сыт иджы Ноеминь ищІэжынур?

Зэгуэр Ноеминь мурад ещІ и хэку и лъэпкъэгъухэм деж игъэзэжыну. Руфрэ Орфэрэ Ноеминь зыфІагъэкІуэдыну хуейкъыми абы и гъусэу макІуэ. ТІэкІурэ кІуа нэужь, Номинь зыкъегъазэри цІыхубзитІым яжреІэ: «Вгъэзэж фи анэхэм дежи я гъусэу фыпсэу».

ИутІыпщыжыну ба щахуищІыжым, цІыхубзитІым фІыщэу Ноеминь ялъагъути гъын щІадзэ. Абыхэм жаІэ: «Хьэуэ! Уи гъусэу дэри дынэкІуэнущ уи лъэпкъэгъухэм деж». Ноеминь ахэр къегъэдаІуэ: «Си пхъу цІыкІухэ, вгъэзэж. Фи унэ фыщыІэжмэ нэхъыфІщ». Арати, Орфэ унэм егъэзэж. Ауэ Руфь къонэ.

Ноеминь абы зыхуегъазэри жреІэ: «Орфэ игъэзэжащ, гъэзэж уэри». Ауэ Руфь жеІэ: «Укъэзгъэнэну укъызэмылъэІу! Хуит сыщІ уи гъусэу сынэкІуэну. УздэкІуэм сэри сынэкІуэнущ, ущыпсэум сэри сыщыпсэунущ. Уи лъэпкъыр си лъэпкъ хъунущ, уи Алыхьыр си Алыхь хъунущ. Уэ ущылІэм, сэри сыщыщІалъхьэжынущ». А псалъэхэм иужь, Ноеминь Руфь зыри жриІэжкъым.

ИкІэм–икІэжым цІыхубзхэр Израиль хэкум къосыжри мыбы щыпсэун щІадзэ. Хьэм и Іухыжыгъуэ зэманти, Руфь занщІэу губгъуэм щылэжьэн щІедзэ. Вооз зи цІэ цІыхухъум ар хуит ещІ и губгъуэм хьэ къыщищыпыну. Вооз и анэр хэтми пщІэрэ? Иерихон къалэм щыщ Раавщ.

Зэгуэрым Вооз Руфь жреІэ: «Уэ птеухуауи, Ноеминь фІыуэ хуэпщІам теухуауи куэд зэхэсхащ. Сэ сощІэ уи адэ–анэмрэ уи хэкумрэ къэбгъанэу мы лъэпкъ умыцІыхум и деж укъызэрыкІуар. Иеговэ и нэфІыр къыпщырырехуэ!»

Руфь жэуап ирет: «Зиусхьэн, Іейуэ укъысхуэцІыхуфІщ. Уи псалъэфІхэм си гур къагъэжэнащ». Вооз Іейуэ игу ирохь Руфь икІи куэд дэмыкІыу ар къешэ. Сыту Іеищэу гуфІэрэ Ноеминь! Руфрэ Воозрэ я къуэ щыпэлъху Овид къалъхуа нэужь, абы и гуфІэгъуэм кІэ иІэкъым. ИужькІэ Овид Даут и адэшхуэ хъуащ. ИужьыІуэкІэ Даут теухуауэ куэд Іей къэтщІэнущ дэ.

Библием и тхылъ Руфь.