Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

39-НЭ ХЪЫБАР

Хьэрун и баш къэгъэгъар

Хьэрун и баш къэгъэгъар

ЕПЛЪЫТ мы башым къыпыкІа удз гъэгъахэмрэ миндаль дэ хъуахэмрэ. Мыр Хьэрун и мэлыхъуэ башыращ. Зы жэщ закъуэм и кІуэцІкІэ Хьэрун и башыр мыпхуэдэу къэгъэгъащ! ИІэт, къэтщІэнти ар щІэгъэгъар сытми.

Израиль лъэпкъыр зэман гуэркІэ гъуэщауэ итщ губгъуэ нэщІым. Абыхэм щыщ гуэрхэм ябж Мусэ унафэщІыу, Хьэрун дин пашэ нэхъыщхьэу щытын хуэмейуэ. Апхуэдэу я гугъэщ Корей, Дафан, Авирон иджыри цІыху пашэхэу 250–м. Ахэр псори Мусэ деж къакІуэри захъунщІэн щІадзащ: «Сыт фэ адрей цІыхухэм нэхърэ, дэ нэхърэ зыщІэвгъэнэхъыщхьэр?»

Мусэ Корейрэ абы и гъусэхэмрэ яжреІэ: «Пщэдей удз гъэсылъэхэр къафщти удз тефлъхьэ. ИтІанэ Иеговэ и шатырым фыбгъэдыхьэ. Деплъынщ, Иеговэ къыхихыр хэтми».

ЕтІуанэ махуэм Корейрэ цІыху 250-мрэ и гъусэу къокІуэ Иеговэ и шатырым деж. Абыхэм ядэщІ цІыху куэд къуокІуэ я гъусэу. Иеговэ Іейуэ къэгубжьащ. «ФыкъыбгъэдэкІ а цІыху мыхъумыщІэхэм я шэтырхэм,— унафэ ещІ Мусэ.— ФемыІусэ абыхэм я хьэпшып лъэпкъ». ЦІыхухэр абы едаІуэри къыбгъэдэкІащ Корей, Дафан, Авирон сымэ я шэтырхэм.

ИтІанэ Мусэ жеІэ: «Мис фэ къызэрыфщІэфынур Иеговэ къыхихар хэтми. ЩІыр зэгуэхунурэ дэхуэнущ мы цІыху мыхъумыщІэхэр».

Асыхьэтым щІыр зэгуэхури, Корей и шэтырымрэ и мылъкумрэ, Дафанрэ Авиронрэ, ядэщІ псори я гъусэу, дэхуэри щІыр зыхуищІыжащ. ЩІым дэхуахэм я гурым макъыр цІыхухэм щызэхахым ахэр мэгужьей: «ФыныщІэпхъуэ! Ахъумэ дэри дыкІуэцІрыхункІэ хъунущ!»

Корейрэ абы и акъылъэгъу цІыху 250–мрэ Иеговэ и шатырым деж иджыри щытщ. Арати, Иеговэ мафІэ бзий уафэм кърегъэхри ахэр псори хегъэкІуадэ. ИтІанэ Иеговэ Хьэрун и къуэ Елеазэр жреІэ а цІыху хэкІуэдахэм я удз гъэсылъэхэр къищтэу иупІэщІыжу къурмэн щІыпІэм тебзэ хуищІыжыну. А тебзэм израиль цІыхухэм ягу къигъэкІыжынущ Хьэрунрэ абы и къуэхэмрэ фІэкІа Алыхьым и дин пашэу зыри лэжьэн зэрыхуэмейр.

Иджыри Иеговэ хуейщ нэхъ ІупщІу къигъэлъэгъуэну абы дин пашэу хихар Хьэрунрэ абы и къуэхэмрэ зэрыарар. Абы щхьэкІэ абы Мусэ жриІащ: «Израилым и лъэпкъ къэс я унафэщІым и башыр къырырахь. Левий лъэпкъым щыщу Хьэрун и башыр къырырехь. ИтІанэ а башхэр Алыхьым щыхуэлажьэ шатырым щІэт зэгурыІуэныгъэм и пхъуантэм и пащхьэ илъхьэ. Аращи, сэ дин пашэу къыхэсхым и башыр къэгъэгъэнущ».

Пщэдджыжьым Мусэ еплъыну къыщыкІуам щыгъуэ — мис, Хьэрун и башыр къэгъагъэри пхъэщхьэмыщхьэ къыпыкІэжащ! Иджы уэ къыбгурыІуэ хъунщ Иеговэ Хьэрун и башыр къэгъэгъэн хуей щІищІар?