Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

62-НЭ ХЪЫБАР

Даут и унэм къыщыхъуа насыпыншагъэхэр

Даут и унэм къыщыхъуа насыпыншагъэхэр

ДАУТ Иерусалим и тепщэу щыщытам, Иеговэ и фІыгъэкІэ ар бий куэдым ятокІуэ. Иеговэ израилхэр къигъэгугъауэ щытат Ханаан щІыналъэр яритыну. Иджы мис Иеговэ и фІыгъэкІэ къызэригъэгугъауэ щыта щІыналъэ псори абыхэм я ІэмыщІэ йохьэ.

Даут пащтыхьыфІщ. Абы Иеговэ фІыуэ елъагъу. Иеговэ фІыуэ зэрилъагъум щхьэкІэ абы Иерусалим егъэІэпхъуэ зэгурыІуэныгъэм и пхъуантэр. А пхъуантэм щхьэкІэ унэшхуэ ищІыну иджыри ар хуейщ.

Ауэ илъэс зыбжанэ дэкІа нэужь, Даут щыуагъэ Іей дыдэ къыІэщІощІэ. Даут ещІэ нэгъуэщІым ей къапщтэ зэрымыхъунур. Ауэ мис зы пщыхьэщхьэ гуэрым и унэм и унащхьэм къоплъыхри абы къелъагъу цІыхубз дахащэ. Абы и цІэр Вирсавиещ. Ар Даут и дзэм щыщ зауэлІ Урие и фызщ.

Даут Іей дыдэу Вирсавие хуейти и унэм кърегъашэ. Апщыгъуэм Вирсавие и лІыр адэ жыжьэу фронтым щыІэт. Арати, Даут абы ирогъусэ и щхьэгъусэм хуэдэу. Абы иужькІэ Вирсавие сабий зэриІэнур къещІэ. Даут абы Іейуэ къегъэгузавэри дзэм я нэхъыщхьэ Иоав письмо хурегъэхь, Урие зауэм нэхъ и гуэщІапІэ дыдэм игъэувын хуейуэ иту. Урие зауэм хэкІуэда нэужь, Даут Вирсавие фызу къешэ.

Иеговэ Іей дыдэу Даут щхьэкІэ къэгубжьащ. Алыхьым абы и деж егъакІуэ езым и лэжьакІуэ Нафан. Абы Даут ищІа гуэныхьыр къыщІегъэщ. Еплъыт, ар Даут зэрепсалъэм. Даут ищІам Іейуэ зэрыхущІегъуэжам щхьэкІэ, Иеговэ ар псэууэ къегъанэ. Ауэ Иеговэ жеІэ: «Апхудэ Іуэхугъуэ Іейр зэрыпщІам щхьэкІэ, уи унэм къыщыхъунущ насыпыншагъэ куэд». Сыту насыпыншагъэ куэдыІуэ къыщыщІрэ–тІэ Даут!

Япэ щІыкІэ Вирсавие и къуэр малІэ. ИтІанэ Даут и къуэ нэхъыжь Амнонрэ и шыпхъу Фамаррэ я закъуэу къэна иужь, Амнон абы лей ирех. Даут и къуэ Авессалом апхуэдизкІэ абы къригубжьащи Амнон еукІ. ИужьыІуэкІэ, езы Авессаломи цІыху куэд къыдехьэхри езым пащтыхь зещІыж. Ауэ икІэм–икІэжым Даут Авессалом йозауэри текІуэныгъэр къыфІехь, Авессаломи яукІ. Пэж дыдэу Даут насыпыншагъэ куэд къыщощІ.

АпщІондэху Вирсавие къуэ къелъху. Абы Сэлмэн фІащ. Даут жьы хъууэ сымаджэ хъуа нэужь, абы и къуэ Адоние и адэм и пІэкІэ пащтыхьыгъуэр иубыдыну хэтщ. ИтІанэ Даут дин пашэ Садок унафэ хуещІ Сэлмэн и щхьэм дагъэ трикІэну, пащтыхьу щытыныр зэрыарар ящІэн щхьэкІэ. Куэд дэмыкІыу, илъэс 70 и ныбжьу, Даут малІэ. Даут илъэс 40–кІэ Израилым и пащтыхьу щытащ. Иджы Сэлмэн Израилым и пащтыхь мэхъу.