Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

58-НЭ ХЪЫБАР

Даутрэ ДжэлутІрэ

Даутрэ ДжэлутІрэ

АРГУЭРУ филистимлянхэр къэкІуащ Израилым къезэуэну. Даут и къуэш нэхъыжьищыр иджы ТэлутІ и дзэм хэтщ. Зэгуэр Иессэ Даут жреІэ: «Уи къуэшхэм яхуэхь гъавэрэ щІакхъуэри, къащІэ дауэ щытхэми».

Даут дзэр къыщызэтеувыІам носри занщІэу мажэ щызэзауэ щІыпІэм, и къуэшхэр къилъыхъуэну. Филистимлянхэм япэ къощ иныжь ДжэлутІ, израилхэм ящыдыхьэшхыну. Махуэ 40 хъуауэ пщыхьэщхьэ къэси пщэдджыжь къэси аращ абы ищІэр. Ар мэкІий: «Къыхэфх зы цІыхуи къызэвгъэзауэ. Ар къыстекІуэрэ сиукІмэ, дэ фэ дрывипщылІщ. Ауэ сэ сытекІуэрэ ар сыукІыу щытмэ, фэ дэ фыдипщылІщ. ИІэт, апхуэдизу фыхахуэмэ, къыхэфхыт къызэзэуэн гуэр».

Даут зауэлІхэм йоупщІ: «Сыт къылъыснур мо филистимляныр зыукІыу Израилым къытехуа емыкІур тезыхыжым?»

— Абы ТэлутІ къулеягъэ куэд иритынущ, и пхъури фызу иритынущ,— жэуап къатыж зауэлІхэм.

Ауэ итІанэми израиль зауэлІхэр ДжэлутІ щошынэ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар инышхуэщ. Метрищым нос. Абы иджыри зауэлІ иІэщ и мэІур кърихьэкІыу.

ЗауэлІ гуэрхэр макІуэри ТэлутІ пащтыхьым жраІэ Даут ДжэлутІ езэуэну хуейщ жаІэри. Ауэ ТэлутІ Даут жреІэ: «Уэ уезэуэфынукъым абы. Уэ ущІэлэІуэщ, ар къызэралъхурэ зауэлІщ». Даут жеІэ: «Сэ мыщэрэ аслъэнрэ сыукІащ, си адэм и мэлхэр яхьыну щыхэтам. Мыбыи есщІэнур абыхэм есщІаращ. Иеговэ къыздэІэпыкъунщ». ИтІанэ ТэлутІ жеІэ: «КІуэ, Иеговэ уи гъусэщ».

Даут псы ежэхым дохьэри мывэ джафитху къыдехри и хъуржыным ирелхьэ. ИтІанэ мывэдз къещтэри иныжьым хуокІуэ. ДжэлутІ ар къилъэгъуа нэужь, и нэкІэ илъагъур и фІэщ хъукъым. Абы и гугъэщ Даут быукІыным зыри хэмылъу.

— Ауэ къызбгъэдыхьэ къудей,— жеІэ ДжэлутІ,— уи Іэпкълъэпкъыр къуалэбзухэмрэ хьэкІэкхъуэкІэхэмрэ яшхыну естыжынщ. Ауэ Даут жеІэ: «Уэ укъыспэщІэуващ джатэ, бжы, бжы кІэщІ пІыгъыу, ауэ сэ Иеговэ и цІэмкІэ сыныппэщІоувэ. Нобэ уэ Иеговэ си ІэмыщІэ укърилъхьэнурэ ухигъэщІэнущ».

Арати, Даут ДжэлутІ хуожэ. И хъуржыным мывэ кърехри, мывэдзым трелъхьэри зэрифІэщкІэ еутІыпщ. Мывэр ДжэлутІ и щхьэ дыдэм тохуэри зэшэзэпІэу еукІ! Филистимлянхэм я зауэлІ нэхъ лъэщ дыдэр зэрылІар щалъагъум, псори щІопхъуэж. Израилхэр абыхэм якІэлъыщІопхъуэри текІуэныгъэр къахь.