Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

61-НЭ ХЪЫБАР

Даут пащтыхь мэхъу

Даут пащтыхь мэхъу

ТЭЛУТІ иджыри зэ хэтщ Даут къиубыдыну. Абы щхьэкІэ абы нэхъыфІыІуэу зауэлІ минищ къыхехри Даут къилъыхъуэну йожьэ. Даут ар и лъыхъуакІуэ къызэрежьар къызэрищІэу тІэсхъэщІэхитІ егъакІуэ ТэлутІрэ и дзэмрэ жэщым къыщызэтеувыІэр дэнэми къыригъэщІэну. Абы иужькІэ Даут зэуэлІитІым йоупщІ: «Хэт фэ фщыщу си гъусэу нэкІуэнур ТэлутІ и деж?»

— Сэ сынэкІуэнщ,— жеІэ Авессэ. Ар Даут и шыпхъу Саруи и къуэщ. Даутрэ абырэ макІуэри ТэлутІрэ абы и зауэлІхэмрэ жеиху, щэху цІыкІуу яхохьэри ТэлутІ и щхьэм хуэзанщІэу щылъ бжымрэ кхъуэщынымрэ къащтэ. Псори мэжей — зыми ахэр илъагъукъым икІи зэхихкъым.

Еплъыт иджы Даутрэ Авессэрэ здэщыІэм. Ахэр жыжьэу Іужри бгыщхьэм дэкІуеяуэ иджы тетщ. Даут къокІиехри йогуоу израилым я дзэпщым: «Авенир, сыт щІомыхъумэр зиусхьэну уи пащтыхьыр? Еплъыт! Дэнэ здэщыІэр абы и бжымрэ псы зэрызэрихьэ кхъуэщынымрэ?»

Абдеж ТэлутІ къоуш. Абы Даут и макъыр къецІыхужри йоупщІ: «Уэра ар, Даут?» Щыплъагъурэ ТэлутІрэ Авениррэ мо ищІагъым деж?

— НтІэ, сэращ ар, зиусхьэну си пащтыхь,— жеІэри къыподжэж Даут. ИтІанэ ар ТэлутІ йоупщІ — Сыт си ужь ущІимыкІыр? Сыт Іейуэ уэсщІар? Мис, пащтыхь, уи бжыр. Уи цІыхухэм щыщ гуэр къыдэгъэкІуеи къегъэщтэж.

— Сыкъуэншащ,— зыкъеумысыж ТэлутІ.— Семыгупсысауэ сщІа Іуэхугъуэщ. — Абы иужькІэ Даутрэ ТэлутІрэ зэбгъэдокІыж: Даут и гъуэгу тоувэж, ТэлутІ унэм егъэзэж. Ауэ Даут здэкІуэм игукІэ йогупсыс: «Дэпщэщми зэгуэр ТэлутІ сиукІынущ. Абы нэхърэ филистимлянхэм я щІыналъэм сыкІуэнщи нэхъыфІщ». Зэрыхуеям хуэдэуи ещІ. Даут абыхэм деж макІуэри я лъэныкъуэ хъуа хуэдэу зещІри ахэр хегъэзэрыхьыж.

Зэман гуэр дэкІа нэужь, филистимлянхэр Израилым къезэуэну къытоуэ. А зауэм хуокІуадэ ТэлутІрэ Ионафанрэ. Ионафан зэрыхэкІуэдам Даут Іейуэ иронэщхъей икІи гъыбзэ дахэ хузэхелъхьэ мыпхуэдэ псалъэхэр хэту: «Сыту Іейуэ сыпхуэныкъуэ, си къуэшу Ионафан. Сыту фІыщэу услъагъурэт!»

Абы иужькІэ Даут Израилым щыІэ Хеврон къалэ къегъэзэж. Мыбы щызэзауэт пащтыхьу ТэлутІ и къуэ Иевосфей хэзыхыну хуей цІыхухэмрэ Даут пащтыхьу хэзыхыну хуейхэмрэ. ИкІэм–икІэжым Даут и цІыхухэр токІуэри илъэс 30 зи ныбжь Даут пащтыхьу хах. Ар илъэсиблрэ ныкъуэкІэ Хевроным щытепщэу щытщ. Мы щІыпІэм къыщалъху абы и къуэ Амнон, Авессалом, Адоние сымэ.

Зэман докІри Даут и зауэлІхэр и гъусэу макІуэ къалэ дахэ Иерусалим къизэуну. А зауэм и пашэт Иоав, Даут и шыпхъу Саруи етІуанэ и къуэр. Зэрыпашэм щхьэкІэ Даут ар дзэм я нэхъыщхьэу егъэув. Абдежым щыщІэдзауэ Даут Иерусалим и пащтыхь мэхъу.