Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

76-НЭ ХЪЫБАР

Иерусалим зэрызэхакъутэр

Иерусалим зэрызэхакъутэр

ИЛЪЭСИПЩІЫМ щІигъуащ Навуходоносор израиль цІыхухэм щыщу нэхъ щІэныгъэ зиІэхэр Вавилон зэришэрэ. Иджы къэхъуам еплъыт-тІэ! Иерусалим мафІэм ес. Израилым щыщ псэууэ къэнахэр Вавилон ягъэпщылІыну яшэ.

КъэщІэжыт, Иеговэ и бегъымбархэм жыхуаІа дыдэр къэхъуащ, Іуэху Іей ящІэхэр къызэрамыгъэнам щхьэкІэ. ИтІанэми израиль цІыхухэр бегъымбархэм едаІуэтэкъым. Иеговэ хуэлэжьэным ипІэкІэ ахэр нэхъ Іеижу тхьэнэпцІхэм хуэлажьэт. Абы къыхэкІкІэ лъэпкъым тезыр къилэжьащ. Израиль цІыхухэм ящІа Іуэхугъуэ Іейхэр зыхуэдэр бегъымбар Иезекииль жиІэжахэмкІэ къыдощІэ.

ПщІэрэ, Иезекиилыр хэтми? Иерусалим Іеищэу зэхамыкъутэ щІыкІэ пащтыхь Навуходоносор игъэпщылІыну Вавилон иша щІэлэщІэхэм ящыщ зыщ. Апщыгъуэм яшат Даниилрэ абы и ныбжьэгъуищ Седрах, Мисах, Авденаго сыми.

Иезекииль Вавилон здэщыІэм Иеговэ абы ирегъэлъагъу Иерусалим дэт Алыхьым и унэшхуэм щащІэ Іуэхугъуэ Іейхэр. Иеговэ ар Іэмал телъыджэкІэщ зэрищІэр. Вавилоным иджыри Иезекииль щыІэт Иеговэ и унэшхуэм къыщыхъу псори Алыхьым абы щригъэлъагъум. Сыту Іей защІэ Иезекииль илъагъур!

Иеговэ Иезекииль жреІэ: «Еплъыт, цІыхухэм унэшхуэм щащІэ Іуэху гущыкІыгъуэхэм.— ИхъуреягъкІэ блынхэм еплъыт — дэнэкІи блэм е нэгъуэщІ псэущхьэхэм я сурэт тетщ. Израилым щыщ цІыхухэми еплъыт — абыхэм ахэр ягъэлъапІэ!» Иезекииль йоплъри илъагъу псори етхыж.

Иеговэ Иезекииль йоупщІ: «Плъагъурэ, Израилым я унафэщІхэм щэхуу ящІэр?» Ари абы елъагъу. ЦІыхухъу 70 абдеж щытщ, икІи псоми тхьэнэпцІхэр ягъэлъапІэ. ЗдагъэлъапІэм жаІэ: «Илъагъукъым Иеговэ. Ди щІыналъэр къигъэнащ абы».

ИтІанэ Иеговэ Иезекииль ирегъэлъагъу унэшхуэм и ищхъэрэ куэбжэмкІэ щысу цІыхубз гуп. Абыхэм тхьэнэпцІ Фаммуз абдеж щагъэлъапІэ. Унэшхуэм и щІыхьэпІэм деж щыс цІыхухъухэм иджы еплъыт! ЦІыху 25-м нос я бжыгъэр. Иезекииль абыхэм йоплъ. Щыплъэм елъагъу, къуэкІыпІэмкІэ загъэзауэ абыхэм дыгъэр ягъэлъапІэ!

Арати, Иеговэ жеІэ: «Мы лъэпкъым зыуи сыкъырадзэкъым. Іуэху Іей ящІэ къудейкъым, атІэ си унэшхуэми къэкІуауэ мыбыи щащІэр!» Абы щхьэкІэ Иеговэ псалъэ ет: «Си губжьыр здынэсыр езгъэлъэгъунщ абыхэм. Лъэпкъыр ягъэкІуэдми, сфІэгуэныхь хъунукъым».

А псори Иеговэ Иезекииль зэрыригъэлъагъурэ илъэсищи дэмыкІыу, израиль цІыхухэр пащтыхь Навуходоносор пэщІоувэ. ИтІанэ пащтыхьым абыхэм зауэ къарещІылІэ. Илъэсрэ ныкъуэрэ дэкІа нэужь, вавилонхэм Иерусалим и блынхэр якъутэр, къалэми зыри къыхэмынэжу ягъэс. ЦІыхухэм я нэхъыбапІэр е яукІ, е ягъэпщылІыну Вавилон яшэ.

Сыту пІэрэ Иеговэ щІидар израиль цІыхухэм апхуэдэ гузэвэгъуэшхуэ къащыщІу? Пэжщ, ахэр Иеговэ едаІуэтэкъым, и унафэхэри ягъэзащІэтэкъым. Мы къэхъуам дегъэлъагъу сыт щыгъуи Иеговэ жиІэр зэрыдгъэзэщІэн хуейр.

Япэ щІыкІэ цІыху тІэкІу къранэ израиль щІыналъэм щыпсэуну. Абыхэм я унафэщІу Навуходоносор трегъэувэ иудей Годолие зицІэр. Ауэ иужьыІуэкІэ Израилым щыщ цІыху гуэрхэм Годолие яукІ. ЯщІам щхьэкІэ вовилонхэр къакІуэу ахэр яукІынкІэ мэшынэжхэр. ИтІанэ лъэщыгъэкІэ абыхэм Иеремии къыздащтэри Мысырым щІопхъуэж.

Израиль щІыналъэм зы цІыхуи къинэкъым. Илъэс 70–м и кІуэцІкІэ абы зыри щыпсэукъым. ЩІыпІэр зэрыщыту цІыхуншэщ. Ауэ Иеговэ къегъэгугъэр илъэс 70 дэкІмэ, и лъэпкъым я щІыналъэм къригъэгъэзэжыну. А зэманыр къэблэгъэхукІэ Алыхьым и лъэпкъым Вавилон щІыналъэм къащыщыщІыр сыту пІэрэ? ИІэт къэдгъащІэт.