Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

71-НЭ ХЪЫБАР

Алыхьым дыкъегъэгугъэ жэнэткІэ

Алыхьым дыкъегъэгугъэ жэнэткІэ

МЫ СУРЭТЫМ къыщыгъэлъэгъуэжащ Алыхьым и бегъымбар Исай жэнэтыр зэрилъэгъуа щІыкІэр. Ар Инус иужьыІуэкІэ псэуащ.

Жэнэтыр «жыг хадэ» е «паркыу» аращ. Мыбы уигу къигъэкІыжрэ мы тхылъым нэхъапэІуэ щыплъэгъуауэ зыгуэр? Ещхь мыр Алыхьым Іэдэмрэ Хьэуарэ ярита жыг хадэ дахащэм? НтІэ, хъужыну пІэрэ зэгуэр щІылъэр зэрыщыту жэнэт?

И цІыхухэм щхьэкІэ Иеговэ Исай бегъымбарым иригъэтхащ къэкІуэну жэнэтым теухуауэ. Абы жиІащ: «Дыгъужьхэмрэ мэлхэмрэ мамыру псэунущ. ШкІэ цІыкІухэмрэ аслъэн цІыкІухэмрэ зэдэшхэнущ, абыхэм сабий цІыкІухэр кІэлъыплъынущ. Сабий цІынэми щхъухь зиІэ блэм и гъунэгъуу щыджэгуми зэран екІынукъым».

— ЗэикІ апхуэдэ къэмыхъунурат. Дунейр къызэригъэщІрэ гузэвэгъуэ щыІащ, игъащІэкІи щыІэнущ,— жаІэфынущ куэдым. Ауэ егупсысыт, Алыхьым Іэдэмрэ Хьэуарэ псэупІэу яхуищІар сытыт?

Жэнэтт. Алыхьым зэремыдэІуам щхьэкІэщ абыхэм апхуэдэ псэупІэ дахэр яфІэкІуэду, жьы хъууэ щІэлІар. Алыхьым къегъэгугъэ езыр фІыуэ зылъагъу цІыхухэм Іэдэмрэ Хьэуарэ яфІэкІуэда псори яритыжыну.

КъэкІуэну жэнэтыщІэм зэраныгъэ лъэпкъи лей лъэпкъи пхуехынукъым. ДэнэкІи мамыру щытынущ. ЦІыху псори насыпыфІэу узыншэу псэунущ. Алыхьым ищІыну япэм зэримурадам хуэдэу, псори хъужынущ. Ар Алыхьым зэрищІыжынур дауэми иужькІэ къэтщІэнщ.