Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

59-НЭ ХЪЫБАР

Даут щІыщІэпхъуэжын хуей хъуар

Даут щІыщІэпхъуэжын хуей хъуар

ДАУТ ДжэлутІ иукІа нэужь, дзэм я нэхъыщхьэ Авенир ар ТэлутІ деж къешэ. ТэлутІ ДауткІэ Іейуэ арэзыщ. Ар абы и дзэпщхэм ящыщ зы ещІ икІи и пащтыхь унэм щыпсэуну къегъанэ.

ИужьыІуэкІэ, зауэлІхэр филистимлянхэм езэуауэ къыщыкІуэжым, цІыхубзхэм уэрэд жаІэт: «ТэлутІ мин иукІащ, ауэ Даут — минипщІ куэд». ТэлутІ Даут йофыгъуэ, абы пщІэ нэхъыбэ зэрыхуащІым щхьэкІэ. Ауэ абы и къуэ Ионафан Даут ефыгъуэкъым. Даут ар фІыуэ зэрилъагъум хуэдэу, абыи фІы дыдэу Даут къелъагъу. Абы къыхэкІкІэ абыхэм псалъэ зэрат игъащІэкІэ ахэр зэныбжьэгъуу щытыну.

Даут Іэзэу пшынэ дыкъуакъуэ йоуэ. ТэлутІ абы и мэкъамэхэр игу ирохь. Зэгуэр фыгъуэм къыхэкІыу ТэлутІ телъыджэ гуэр ищІащ. Даут пшынэ дыкъуакъуэм еуэу здэщысым, ТэлутІ бжы къещтэри мыпхуэдэу жиІэурэ иреутІыпщ: «УкІэрысІулІэнщ, Даут, мо блыным!» Ауэ Даут зыпэщІедзри бжыр блоцІэфт. ИужькІэ ТэлутІ аргуэру Даут бжыр иреутІыпщ, ауэ блоукІ. ИтІанэ Даут къыгуроІуэ ар зэрысакъын хуейр.

ПщІэжрэ ТэлутІ псалъэ итар? Абы жиІат ДжэлутІ зыукІым и пхъур фызу иритыну. ИкІэм–икІэжым ТэлутІ Даут жреІэ ипхъу Мелхолэ иритыну, ауэ япэ щІыкІэ биидзэм щыщу цІыхуищэ иукІын хуейуэ. Дауэ къыпщыхъурэ! ТэлутІ щогугъыр абыхэм Даут къаукІыну. Ауэ абыхэм ар къаукІыркъым, и пхъури Даут иритын хуей мэхъу.

Зэгуэр ТэлутІ Ионафанрэ и пщылІхэмрэ яжреІэ Даут иукІыну зэрыхуейр. Ауэ Ионафан и адэм йолъэІу: «КхъыІа, Даут зыри йомыщІэ. Уэ абы Іей лъэпкъ къыуищІакъым. АтІэ ар сытым дежи къыбдэІэпыкъуащ. И гъащІэм темышыныхьу ДжэлутІ иукІащ. Ар щыплъэгъуам угуфІауэ щытати».

ТэлутІ и къуэм жиІэм йодаІуэри къегъэгугъэ Даут Іей лъэпкъ иримыщІэну. Даут къашэжри абы щІедзэж япэм хуэдэу ТэлутІ и унэм къулыкъу щигъэзэщІэн. Зэгуэр Даут пшынэ дыкъуакъуэ еуэу здэщысым, ТэлутІ аргуэру Даут бжыр иреутІыпщ. Даут зыпэщІедзри бжым блыным зыхетІэ. Мыр аргуэру ещанэ! Даут къыгуроІуэ зэрыщІэпхъуэн хуейр!

Мы пщыхьэщхьэм Даут и унэ мэкІуэж. Ауэ ТэлутІ абы цІыху зыбжанэ кІэлъегъакІуэ иригъэукІыну. Мелхолэ и адэм и мурадыр ищІэти и лІым жреІэ: «Ныжэбэ зыщІыпІэ умыкІуэмэ, пщэдей уаукІынущ». А жэщым Мелхолэ доІэпыкъури Даут щхьэгъубжэмкІэ щІопхъуэж. ТэлутІ зыкъримыгъэгъуэтын щхьэкІэ, абы щІыпІэ–щІыпІэкІэ илъэсибл нэскІэ зыщигъэпщкІун хуей мэхъу.