Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

79-НЭ ХЪЫБАР

Даниил аслъэнхэм я гъусэу мащэм

Даниил аслъэнхэм я гъусэу мащэм

УАРЭ! КъызэрыщІэкІымкІэ Даниил бэлыхьышхуэ хэхуащ. Ауэ аслъэнхэр къеІусэ хуэдэкъым! Сыту пІэрэ? Хэту пІэрэтІэ Даниил мы аслъэнхэм яхуизыдзар? ИІэт къэтщІэнти.

Иджы Вавилоным тепщэгъуэ щызыІыгъым и цІэр Дарийщ. Абы фІы дыдэу елъагъу Даниил зэрыцІыхуфІым, зэрыІущым щхьэкІэ. ИкІи ар и пащтыхьыгъуэм и унафэщІ ещІ. А пащтыхьыгъуэм щыщ адрей цІыхухэм абы къефыгъуэн щІадзэ. Арати, мис абыхэм адэкІэ ящІэр.

Дарий деж къокІуэри абыхэм къыжраІэ: «Ди пащтыхьышхуэ, дегупсысри тедухуащ зыри махуэ 30кІэ уэр фІэкІа зы тхьи емылъэІуну унафэ къыдэбгъэкІмэ нэхъыфІу. Хэт а унафэм ебакъуэми, аслъэнхэм хурадзэну». Дарий къыгурыІуакъым апхуэдэ унафэ къыдигъэкІыну а цІыхухэр щІыхуейр. Ауэ а унафэр абы игу ирохьри къыдегъэкІ. Иджы а унафэр пкъутэж хъунукъым.

Унафэ ящІар Даниил къищІа нэужь, унэм мэкІуэжри япэм зэрищІыу щытам хуэдэ дыдэу Тхьэ йолъэІу. А цІыху Іейхэм ящІэт сыт къэмыхъуами Даниил Иеговэ елъэІун зэрыщимыгъэтынур. Ахэр мэгуфІэ Даниил иращІэну зыхуеяр къазэрехъулІэм щхьэкІэ.

А унафэр къыдигъэкІыну а цІыхухэр щІыхуеяр къыщищІэм, Дарий ар и гум Іеищэу щІохьэр. Ауэ абы зыри пхуещІэжынутэкъыми, унафэ ищІын хуей мэхъу Даниил аслъэнхэр зэрыс мащэм ирадзэну. ИтІанэ пащтыхьым Даниил жреІэ: «Уэ узыхуэлажьэ Алыхьым укъригъэлыну Іейуэ сыщогугъ».

Арати, апхуэдизу гузэва Дарий а жэщым жеифакъым. Нэху зэрыщыу занщІэу къэжащ аслъэнхэр зэрыс мащэм деж. Сурэтым еплъыт. Ар мэкІий: «Даниил, Алыхь псэум хуэлажьэ! Узыхуэлажьэ Алыхьым укъригъэла, аслъэнхэм уаримыгъэшхыу?»

— Алыхьым мелыІыч къигъакІуэри аслъэнхэм я жьэр зэщІипІэри къызигъэІусакъым,— жэуап етыж Даниил.

Пащтыхьыр къогуфІэж Іейуэ. Даниил кърахыжу, ар зыукІыну хэта цІыху Іейхэр а мащэм ирадзэну унафэ ещІ. Мащэм ищІэм иджыри ахэр нэсатэкъым, аслъэнхэм пкъырыпкъыу щызэпкъратхъам.

Абы иужькІэ Дарий и пащтыхьыгъуэм ис псоми яхуетх: «ЦІыху псоми унафэ ныфхузощІ Даниил и Алыхьым пщІэ хуэфщІыну. Абы телъыджащэу куэд хуощІэ. Даниили аслъэнхэм ямышхыу къригъэлащ».