80-НЭ ХЪЫБАР
Алыхьым и лъэпкъыр Вавилон йокІыж
ИЛЪЭСИТІ хуэдиз дэкІащ мидянхэмрэ персхэмрэ Вавилон къызэразэурэ. Иджы еплъыт къэхъур сытми! Пэж дыдэщ — израиль цІыхухэр Вавилон йокІыж. Дауэу пІэрэ ахэр щхьэхуит зэрыхъужар? Хэту пІэрэ абыхэм ягъэзэжыну хуит зыщІар?
Персым я пащтыхь Кирщ. Кир къалъхуным куэд иджыри иІэу Иеговэ абы теухуауэ Исай бегъымбарым иригъэтхауэ щытащ: «Уэ сызыхуей дыдэр пщІэнущ. Къэрал къэбзэунум и куэбжэр Іухауэ къагъэнэнущ». Къызэрыхъуари апхуэдэ дыдэущ. Вавилоныр къазэуащ Кир я пашэу. Жэщым зэрымыщІэкІэ куэбжэр Іухауэ къагъанэри мидянхэмрэ персхэмрэ къалэм дыхьащ.
Абы нэмыщІкІэ Иеговэ и бегъымбар Исай жиІат Иерусалимрэ абы дэт унэшхуэмрэ щІэрыщІэу ящІыжыну Кир унафэ ищІыну. ИщІа Кир апхуэдэ унафэ? НтІэ. Мис Кир израиль цІыхухэм яжриІэр: «Иджыпсту Иерусалим вгъэзэжи, фи Алыхь Иеговэ и унэшхуэр хуэфщІыж». Мыхэри иджыпсту щІэкІуэжри аращ.
Ауэ Вавилоным щыІэ израиль цІыхухэм Иерусалим нэс дэлъ гъуэгуанэ жыжьэр псоми яхуэшэчынукъым. Километр 800 нэс дэлъщ абы. Жьы хъуаи, сымаджэ куэди яхэтщ абыхэм. Израиль цІыхухэр мыкІуэжу къыщІэнэ нэгъуэщІ щхьэусыгъуэхэри щыІэщ. Ауэ зымыгъэзэжхэм Кир унафэ яхуещІ: «Иерусалимрэ абы дэт унэшхуэмрэ зыщІыжыну кІуэж цІыхухэм ефт дыщэ, дыжьын е нэгъуэщІ тыгъэхэр»,— жеІэри.
Апхуэдэ щІыкІэкІэ Иерусалим зыгъэзэж цІыхухэм тыгъэ Іэджэ ират. Апхуэдэуи Кир абыхэм яретыж Иерусалим щакъутам щыгъуэ Иеговэ и унэшхуэм пащтыхь Навуходоносор къыщІиха фалъэхэмрэ, бжьэхэмрэ. Арати, цІыхухэм хьэпшып куэд къыздахьыж.
Гъуэгуанэ къапэщылъыр израиль цІыхухэм, мазиплІкІэ якІури жыхуаІа пІалъэм Иерусалим носыж. Илъэс 70 дэкІащ къалэр зэракъутэрэ хэкури цІыхуншэ дыдэу къызэрынэрэ. КъыкІэлъыкІуэ хъыбарым къыщытщІэнущ израиль цІыхухэм я хэку ягъэзэжауэ щытми, гугъуехь куэд зэрыхуэзэр.