Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

83-НЭ ХЪЫБАР

Иерусалим и блынхэр

Иерусалим и блынхэр

ЕПЛЪЫТ Іуэхугъуэ екІуэкІым. Израиль лъэпкъым Иерусалим и блынхэр дращІейж. Илъэсищэрэ тхущІрэ тІукІэ узэІэбэкІыжмэ, Навуходоносор пащтыхьым Иерусалим зэхикъутат. Апщыгъуэм блынхэр икъутащ, куэбжэхэр мафІэкІэ игъэсащ. Вавилон къикІыжу зи хэку япэу къэзыгъэзэжа израиль цІыхухэм иджыри блыныр дращІеижатэкъым.

Апхуэдиз илъэскІэ блын зимыІа къалэм дэсахэм сыт яшэчар? ДауикІ гузэвэгъуэр ятелът. Бийхэр занщІэу къатеуэфынут абыхэм. ИкІэм–икІэжым Неемие ядоІэпыкъури лъэпкъым щІэрыщІэу блыныр дращІеиж. ПщІэрэ Неемиер хэтми?

Ар Мардохейрэ Есфиррэ щыпсэу Сузы къалэм дэс Израилым щыщ цІыхухъущ. Пащтыхьым и унэм къулыкъу щегъэзащІэ, шэч хэмылъуи, Мардохейрэ пащтыхьым и фыз Есфиррэ фІыуэ абы ецІыху. Ауэ Библием иткъым Неемие къулыкъу щигъэзащІэр Есфирь и щхьэгъусэ Артаксеркс и пащхьэрауэ. Абы къулыкъу щигъэзащІэр абы къыкІэлъыкІуэу щыІа пащтыхь Артаксерксым и дежщ.

ПщІэжрэ, Артаксеркс пащтыхьыфІыу щытат. Абы Ездрэ ахъшэ иритат Иерусалим дэт унэшхуэр иригъэщІыжыну. Ездрэ Иерусалим и блынхэр дрищІеижакъым. КъэтщІэнти ар ищІыжыну Неемие къызэрылъыса щІыкІэр дауэми.

Илъэс 13 докІ Артаксеркс унэшхуэр иригъэщІыжыну Ездрэ ахъшэ зэрыритрэ. А зэманым Неемие пащтыхьым шагъыр хуизыгъахъуэ нэхъыщхьэу щытт. Абы пащтыхьым шагъыр хурегъахъуэ икІи кІэлъоплъ зыми щхъухь иримыхыну. Ар икъукІэ къалэнышхуэщ.

Зэгуэрым израиль щІыналъэм къокІри Неемие деж къокІуэ и къуэш Ханан, нэгъуэщІ гуэрхэри и гъусэу. Абыхэм къыжраІэж Иерусалим и блынхэр иджыри къэс зэрымыщІыжам щхьэкІэ израиль лъэпкъым ишэч балыхьыр зыхуэдэр. Неемие ар Іейуэ и гуауэ мэхъу икІи абы теухуауэ Иеговэ йолъэІу.

Зэгуэрым пащтыхьым гу лъетэ Неемие и щхьэр зэрижагъуэми йоупщІ: «Сыт уи щхьэр ущІижагъуэр?» — жеІэри. Неемие жеІэр Иерусалим щыІэ къулейсызыгъэмрэ и блынхэр къутауэ иджыри къэс зэрыщытымрэ зэригъэщхьэжагъуэр. «Сыттэ узыхуейр?» — жеІэри къоупщІ пащтыхьыр.

— Хуит сыщІ Иерусалим згъэзэжу и блынхэр дэсщІеижыну,— йолъэІур абы Неемие. Пащтыхь Артаксеркс цІыхуфІщ. Абы Неемие еутІыпщ икІи зыхуейну пхъэхэкІыр къигъуэтынымкІэ къыдоІэпыкъу. Иерусалим къызэригъэзэжу Неемие занщІэу и лъэпкъэгъухэм яжреІэр и мурадыр. Абыхэм а мурадыр ягу ирохь икІи блыныр ящІыжыну мурад ящІ.

Блыныр зэрыдращІейжыр къалъагъури бийхэр зэгуроІуэр: «ДывгъакІуи дывгъэукІ, кърахьэжьа Іуэхури къэдвгъэгъэувыІэ»,— жаІэри. Ар къищІа нэужь, Неемие лэжьакІуэхэм джатэрэ бжыхэмрэ яретри къыхуреджэ: «Фи бийхэм фащымышынэ. Фи къуэшхэм, фи бынхэм, фи щхьэгъусэхэм, фи унэхэм щхьэкІэ фызауэ»,— жеІэри.

Абыхэм къикІуэтыну ягу илъкъым. Жэщми махуэми Іэщэр хьэзыру яІыгъщ икІи блыныр къамыгъэувыІэу ящІыж. Махуэ 52 къудейкІэ ар яух. Иджы ахэр шынэжкъым. Неемиерэ Ездрэрэ лъэпкъыр Алыхьым и унафэхэм хурагъаджэ. ЦІыхухэри насыпыфІэ дыдэщ.

Ауэ, абыхэм я гъащІэр Вавилоным мыкІуэ щІыкІэ зэрыщытам хуэдэжкъым. Иджы лъэпкъым и унафэ зыщІыр Персым я пащтыхьыращ, цІыхухэри абы хуэлэжьэн хуейщ. АрщхьэкІэ Иеговэ псалъэ итащ цІыхухэм мамырыгъэ къахуэзыхьын пащтыхь къигъэкІуэну. Хэту пІэрэ а пащтыхьыр? Дауэ абы мамырыгъэ щІылъэм щыпсэухэм къазэрыхуихьынур? Илъэс 450рэ докІ абы теухуауэ зыгуэр къащІэн ипэ. ИтІанэ тхыдэ псом и кІуэцІкІэ апхуэдэ мыхьэнэшхуэ имыІауэ сабий къалъху. Ауэ абы къыкІэлъыкІуэ хъыбарым дыщытепсэлъыхьынщ.