Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

82-НЭ ХЪЫБАР

Мардохейрэ Есфиррэ

Мардохейрэ Есфиррэ

ИІЭТ, Ездрэ Иерусалим къыщыкІуам ипэІуэкІэ илъэс зыбжанэкІэ дызэІэбэкІыжынти. Перс пащтыхьыгъуэм израиль цІыхухэм щыщу Мардохейрэ Есфиррэ пщІэ лей щаІэщ. Есфирь пащтыхьым и фызщ, Мардохей абы и адэ къуэшым и къуэщ. Аращ пащтыхьым иужькІэ унафэр зыІэщІэлъыр. КъэтщІэнти апхуэдэу зэрыхъуар дауэми.

Есфирь езыр иджыри цІыкІуу и адэанэр лІащ. Арати, Мардохей ар ипІыжащ. Персым и пащтыхь Артаксеркс и унэр Сузы къалэм дэтщ, Мардохей абы и унафэм щІэтхэм ящыщщ. Зэгуэрым пащтыхьым и фыз Астинь къедэІуатэкъыми, нэгъуэщІ фыз щІэуэ къишащ. ПщІэрэ хэтми? Пэжщ — Ефирь дахащэщ.

Плъагъурэ псоми щхьэщэ зыхуащІ мы цІыхухъу пагэр? Ар Аманщ. Абы Персым къулыкъушхуэ щиІыгъщ. Аман хуейщ, зэрыплъагъущи, иджыпсту щысщ Мардохей, езым щхьэщэ зыхуригъэщІыну. Ауэ Мардохей хуейкъым абы щхьэщэ хуищІыну. Абы зэрилъытэмкІэ апхуэдэ цІыху Іейхэм щхьэщэ хуэщІын хуейкъым. Абы Іейуэ Аманыр къегъэгубжь. ИщІэри мис.

Аман пащтыхьым пцІы хуеупс израиль цІыхухэм теухуауэ: «Ахэр цІыху Іейщ, уи унафэхэм едаІуэкъым. УкІын хуейщ ахэр»,— жеІэри. Артаксеркс ищІэкъым и щхьэгъусэ Есфирь израиль лъэпкъым зэрыщыщыр. Аман жиІэм йодаІуэри абы унафэ ещІ махуэ хэха гуэрым израиль лъэпкъыр зэрыщыту укІын хуейуэ.

Ар къищІа нэужь, Мардохей и гум Іеищэу щІохьэ. ИтІанэ Есфирь жреІэ: «Уэ хъыбар ебгъэщІэн хуейщ пащтыхьым икІи уелъэІун хуейщ дыкъригъэлыну»,— жеІэри. Езы пащтыхьым уримыджауэ и деж ущІыхьэмэ, Персым щыІэ унафэм уебакъуэу арат. Ауэ Есфирь пщым деж къемыджауэ макІуэ. ФІамылъэн щхьэкІэ пащтыхьым и дыщэ башыр абы къыхуеший. Есфирь пащтыхьымрэ Аманрэ къырегъэблагъэ ефэ–ешхэшхуэм. Ефэ–ешхэшхуэм здэщыІэм пащтыхьыр Есфирь йоупщІ сыт нэхъ къищтэми. Арати, Есфирь жеІэ пщадей ищІыну ефэешхэм Аманрэ езымрэ къакІуэмэ, яжриІэну.

ЕтІуанэ махуэм ефэ–ешхэшхуэр здекІуэкІым, Есфирь и щэхур пащтыхьым жреІэ: «Си лъэпкъри сэри даукІын хуейуэ щытщ». Пащтыхьыр къогубжь. «Хэт апхуэдэ зыхуэщІэнур?» — къызэрокІ ар.

— Бий бзаджэ Аманщ! — къыщІегъэщыр Есфирь.

Пащтыхьыр нэхъ Іеижу абы кърогубжь. Унафэ ещІри Аман фІырегъалъэ. ИтІанэ езым къыкІэлъыкІуэу Мардохей унафэ ищІыну къулыкъу ирет. Мардохей сэбэп мэхъури израиль лъэпкъыр щаукІыну махуэм я щхьэр яхъумэжыну хуит ищІыу унафэ къыдегъэкІ. Иджы Мардохей апхуэдэ къулыкъу зэриІэм и фІыщІэкІэ израиль цІыхухэм цІыху куэд къадоІэпыкъури бийхэм зыкърагъэл.

Библием и тхылъ Есфирь.