Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЕХАНЭ ІЫХЬЭ

Хьисэ къыщалъхуам щыщІэдзауэ лІэжыху

Хьисэ къыщалъхуам щыщІэдзауэ лІэжыху

Мэрем зи цІэ цІыхубз гъуэзэджэм деж ДжэбрэІил мелыІычыр къокІуэри къыжреІэ сабий къызэрилъхунур, ар пащтыхь зэрыхъунур икІи абы игъащІэкІэ тепщэныгъэр зэрыІэщІэлъынур. А сабийр Хьисэщ. Ар жэмэщым къыщалъху икІи ар ялъэгъуну мэлыхъуэхэр къокІуэр. ИужьыІуэкІэ зы вагъуэ гуэрым КъуэкІыпІэмкІэ щыщ цІыхухэр сабийр здэщыІэм къешэ. Дэ къэтщІэнущ а вагъуэр абыхэм езыгъэлъэгъуар хэтми. Хьисэ ямыукІыу къызэрагъэнар дауэми.

ИтІанэ илъэс 12 зи ныбжь Хьисэ Алыхьым и унэшхуэм егъэджакІуэхэм епсалъэу щІэсу къэдгъуэтыжынущ. Илъэс пщыкІуий дэкІа нэужь, Хьисэ псым зыщІегъауэри Алыхьым ар мы щІылъэм къыщІигъэкІуа Іуэхугъуэм, Пащтыхьыгъуэм теухуауэ хъыбырыфІыр гъэІуным, пэрохьэр. ЗыдигъэІэпыкъуну цІыхухъу 12 къыхехри езым и апостол ахэр ещІ.

ИтІанэ абы телъыджэ куэд ещІэ. ЦІыху мин бжыгъэ абы егъашхэ щІакхъуэ тІэкІурэ бдзэжьей цІыкІухэмкІэрэ. Сымаджэхэр егъэхъуж, уеблэмэ, лІахэри къегъэтэджыж. ИкІэм–икІэжым мы Іыхьэм дэ къыщытщІэнущ Хьисэ щылІэнум ипэ махуэм сыт къэхъуами, дауэ ар яукІами. Хьисэ илъэсищрэ ныкъуэкІэ цІыхухэм хъыбарыфІыр яжриІэу къикІухьащ. Аращи, ЕХАНЭ ІЫХЬЭМ къызэщІеубыдэ илъэс 34–м нэхърэ тІэкІукІэ нэхъыбэ зэманым къэхъуахэр.

 

МЫ ІЫХЬЭМ

84 ХЪЫБАР

Мэрем деж мелыІыч къокІуэр

Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбар абы къехь: Мэрем сабий къилъхунущ. Ар игъащІэкІэ пащтыхьу щытынущ.

85 ХЪЫБАР

Хьисэ жэмэщым къыщалъху

Пащтыхь хъунур щхьэ Іэщхэр щагъашхэм къыщалъхун хуей хъурэ?

86 ХЪЫБАР

Вагъуэм зэригъакІуэ цІыхухэр

Вагъуэ зыджхэр хэт Хьисэ деж къэзышар? Уэ бгъэщІэгъуэну къыщІэкІынщ ар хэтми къапщІэмэ.

87 ХЪЫБАР

ЩІалэщІэ Хьисэ Алыхьым и унэшхуэм щІэсщ

Хьисэ Іущагъ бгъэдэлъыр ныбжь зиІэ егъэджакІуэ нэгъунэ ягъэщІагъуэ.

88 ХЪЫБАР

Иуан Хьисэ псым щІегъауэ

ГуэныхьщІакІуэхэр Иуан псым щІегъауэ, ауэ Хьисэ гуэныхь зыри илэжьакъым. Сыт-тІэ Иуан ар псым щІыщІигъэуар?

89 ХЪЫБАР

Хьисэ Алыхьым и унэшхуэр къегъэкъабзэр

Хьисэ и губжьым къигъэлъэгъуащ абы Алыхьым лъагъуныгъэ хуиІэм и кууагъыр.

90 ХЪЫБАР

ЦІыхубзым и гъусэу псыкъуийм деж

Хьисэ зи гугъу ищІ псым дауэ уи псыхуэлІэр зэригъэкІуэдыфынур?

91 ХЪЫБАР

Хьисэ бгыщхьэм щрегъаджэ

Хьисэ бгыщхьэм деж жиІа Іущагъ зыхэлъ псалъэхэм къеджэ.

92 ХЪЫБАР

Хьисэ лІахэр къегъэтэджыж

Хьисэ псалъитІ къудей фІэкІа жимыІэу Алыхьым и къару лъапІэмкІэ Иаир и пхъур къигъэтэджыжащ.

93 ХЪЫБАР

Хьисэ цІыху куэд егъашхэ

Мин бжыгъэкІэ цІыхухэр зэригъэшхамкІэ Хьисэ къыдгуригъэІуэну зыхуеяр сыт?

94 ХЪЫБАР

Абы сабий цІыкІухэр фІыуэ елъагъу

Хьисэ къыдгурегъаІуэ сабий цІыкІухэм теухуауэ куэд къызэрыпщІэфынум нэмыщІ, иджыри абыхэм я деж куэдым зэрызыхуебгъэсэфынур.

95 ХЪЫБАР

Хьисэ зэрыригъаджэ щІыкІэр

Самаритян цІыхуфІым теухуауэ Хьисэ жиІэжа ущием къегъэлъагъуэ абы цІыхухэр зэрыригъаджэу щыта щІыкІэр.

96 ХЪЫБАР

Хьисэ сымаджэхэр егъэхъуж

Хьисэ ищІа телъыджэхэм сыт къыдгурагъаІуэр?

97 ХЪЫБАР

Хьисэ пащтыхьым хуэдэу долъадэр

Абы цІыху куэд къыпожьэ, ауэ къекІуэкІыр псоми ягу ирихьыркъым.

98 ХЪЫБАР

Елеон Іуащхьэм

Нобэ ди зэманым къэхъу Іуэхугъуэхэм теухуауэ Хьисэ и апостолиплІым яжреІэ.

99 ХЪЫБАР

Ищхьэ пэшым

Хьисэ и гъэсэнхэм сыт унафэ щІахуищІар Пщыхьэщхьэшхэ хэхар илъэс къэс ягъэлъэпІэну?

100 ХЪЫБАР

Хьисэ — жыг хадэм

Иудэ Хьисэ щІепцІыжар сыт?

101 ХЪЫБАР

Хьисэ яукІ

Пкъом здыфІэлъым абы цІыхухъур жэнэткІэ къегъэгугъэ.