Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

88-НЭ ХЪЫБАР

Иуан Хьисэ псым щІегъауэ

Иуан Хьисэ псым щІегъауэ

ЕПЛЪЫТ! Мы цІыхухъум и щхьэм тхьэрыкъуэ тотІысхьэ. Мыр Хьисэщ. Мыбы иджыпсту и ныбжьыр илъэс 30–м нос. Абы къыбгъэдэтыр Иуанщ. ПщІэжрэ, Мэрем и Іыхьлы Елисавет деж хьэщІапІэ къыщыкІуам, Елисавет и ныбэм илъа сабийр гуфІэу зэрыдэлъеяр? Ар иджыри къамылъхуауэ ныбэм илъа Иуант. Сыт–тІэ иджыпсту Хьисэрэ Иуанрэ ящІэр?

Иуан Хьисэ иджыпсту псым щІигъэуа къудейуэ аращ. Апхуэдэущ цІыхур псым зэрыщІагъауэр. Япэ щІыкІэ псым щІагъауэри, итІанэ къыдрахьейж. Иуан цІыхубэр псым зэрыщІигъауэм щхьэкІэ, Псым ЩІэзыгъауэ ИуанкІэ йоджэ. НтІэ сыту пІэрэ Иуан Хьисэ псым щІыщІигъэуар?

Езы Хьисэ къакІуэри елъэІуати аращ. ЯщІа Іуэхугъуэ Іейхэм зэрыхущІегъуэжар къэзыгъэлъэгъуэну хуей цІыхухэращ Иуан псым щигъауэр. НтІэ Хьисэ зыхущІегъуэжын хуей Іуэхугъуэ гуэр ищІа? Хьэуэ, зэикІ имыщІэну арат. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар уафэм къикІауэ Алыхьым и къуэщ. Аращи, псым зыщІригъэгъэуэну Хьисэ Иуан щІелъэІуам и щхьэусыгъуэр нэгъуэщІщ. ИІэт къэдгъащІэт сытми. А Іуэхугъуэм ипэІуэкІэ Хьисэ пхъащІэу щытащ. ПхъащІэр пхъэм хьэпшып гуэрхэр, псалъэм папщІэ: Іэнэ, шэнт, тетІысхьэпІэ сытхэр къыхэзыщІыкІ цІыхуращ. Мэрем илІ Исуф пхъащІэти, а ІэщІагъэм Хьиси хуигъэсащ. Ауэ Иеговэ Хьисэ щІылъэм къыщІигъэкІуар пхъащІэу щытын щхьэкІэкъым. АтІэ абы Хьисэ Іуэху хэха и пщэм дилъхьащ. Иджы ар игъэзэщІэн хуейуэ игъуэр къэсащ. Хьисэ Алыхьыр зыхуейр игъэзэщІэну къызэрыкІуар къегъэлъагъуэ Иуан псым зыщІригъэгъэуэну зэрелъэІуамкІэ. Арэзыуэ пІэрэ абыкІэ Алыхьыр?

ДауикІ. Зэрыарэзым и щыхьэту Хьисэ псым къыщыхэкІыжым уафэм макъ къоІукІри: «Мыр си Къуэщ, сэ абы сыхуэарэзыщ»,— жеІэ. Арати, уафэм зызэІуих хуэдэу мэхъури Хьисэ тхьэрыкъуэ къытотІысхьэ. Ар тхьэрыкъуэ дыдэкъым. АтІэ абы ещхьыу аращ. Ар Алыхьым и дух лъапІэращ.

Иджы Хьисэ куэд зэригъэзэхуэн хуейщ, абы щхьэкІэ махуэ 40–кІэ щизэкъуэну щІыпІэм макІуэ. А щІыпІэм ШейтІаныр абы къыщыбгъэдохьэр. Хигъэзыхьыу зыгуэркІэ Алыхьым и унафэм иригъэбэкъуэну щэней Хьисэ иужь къохьэ ар. Ауэ Хьисэ зы щхьэкІи ебэкъуэну хуейкъым Алыхьым и унафэм.

ИтІанэ, Хьисэ къегъэзэжри хуозэ абы кІэлъыкІуэу и гъэсэнкІэ зэджэ хъунухэм ящыщ гуэрхэм. Мис абыхэм языхэзхэр: Андрей, СимонкІэ зэджэ Пётр, Филипп, нэгъуэщІыу ВарфоломейкІэ зэджэ Нафанаил сымэ. Хьисэ и гъэсэныщІэхэр и гъусэу Галилей хэкум макІуэр. ЗдэкІуам къыщызэтоувыІэр Нафанаил къыщалъхуа Канэ къалэм. КъыздэкІуам Хьисэ хьэгъуэлІыгъуэшхуэ гуэрым ирагъэблагъэри мыбы япэу Іуэху телъыджэр щещІэр. ПщІэрэ сыт хуэдэ Іуэхуми? Псым шагъыр къыхещІыкІ.