Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

90-НЭ ХЪЫБАР

ЦІыхубзым и гъусэу псыкъуийм деж

ЦІыхубзым и гъусэу псыкъуийм деж

САМАРИЕ хэкум зыщигъэпсэхуну псы къуийм деж Хьисэ къыщызэтеувыІат. И гъэсэнхэр шхыныхьэ къалэм макІуэ. А зэманым и кІуэцІкІэ Хьисэ псыхьэ къэкІуа цІыхубзым йопсалъэ. Ар абы йолъэІу псы къриту иригъафэну.

ЦІыхубзыр Іейуэ къэуІэбжьащ. ПщІэрэ сыт щхьэкІэми? Хьисэ иудейщ, езыр Самарием щыщщи аращ. Иудейхэм я нэхъыбэм Самарием щыщхэр фІыуэ ялъагъукъым. ФІыуэ ямылъагъур къэгъэнауэ, зэпсэлъэххэкъым! Ауэ Хьисэ цІыху псори фІыуэ елъагъу. Аращ щІыжиІэри: «Псы щхьэкІэ къолъэІур пщІатэмэ, уэ езыр уригъэфэну уелъэІунти къуитынт гъащІэ къозыт псы уригъэфэну».

— Зиусхьэн, — къэуІэбжьащ цІыхубзыр,— псыкъуийр кууущ, уэ къызэрибгъэхъуэни уиІэкъым. Дауэ къызэрипшынур гъащІэ къозыт псыр?

— Мы псыкъуийм щыщ уефэмэ, иджыри псы ухуэлІэжынущ,— гурегъаІуэр абы Хьисэ.— Сэ уэстыну псым цІыхум мыухыж гъащІэ иригъэгъуэтынущ.

— Зиусхьэн,— йолъэІур цІыхубзыр,— кхъыІэ а псым щыщ къызэт, зэикІ псы схуэмылІэжыну! ИтІанэ псыхьи мыбы сыкъэкІуэн хуей хъунукъым.

ЦІыхубзым и гугъэщ Хьисэ зи гугъу ищІыр псы къызэрыгуэкІыу. Ауэ Хьисэ зи гугъу ищІыр щІэныгъэращ: Алыхьымрэ абы и Пащтыхьыгъуэмрэ теухуа щІэныгъэращ. Ар хуэдэщ гъащІэ къозыт псым. Абы къуитыфынущ мыухыж гъащІэ.

ИтІанэ Хьисэ цІыхубзым йолъэІу: «КІуэи уи лІыр мыдэ къашэ»,— жеІэри.

— Сэ лІы сиІэкъым,— зыкъеумысыж цІыхубзым.

— Пэжыр жыпІащ,— жреІэр абы Хьисэ.— Щхьэгъуситху уиІащ, иджыпсту уздэпсэури уи щхьэгъусэкъым.

ЖиІа псори пэжти абы цІыхубзыр къигъэуІэбжьащ. Дэнэу пІэрэ–тІэ Хьисэ ар щищІэр? Пэжщ, Алыхьым цІыхухэр Къызэригъэгугъауэ щыта Мэсихьыращ ар. А псори Алыхьым абы къыжриІауэ аращ. Абы хэту Хьисэ и гъэсэнхэм къагъэзэж. Абыхэм ягъэщІагъуэ Самарие хэку щыщ цІыхубзым Хьисэ епсалъэу щалъэгъум.

Сыт хуэдэ дерс мыбы къыхэтхыфынур? Долъагъур Хьисэ сыт хуэдэ лъэпкъми щыщ цІыхухэм хуэнэшхуэгушхуэу зэрыщытыр. Дэри апхуэдэу нэшхуэгушхуэу дыщытын хуейщ. НэгъуэщІ лъэпкъым зэрыщыщым щхьэкІэ дэ адрей цІыхухэр нэхъ Іейуэ тлъытэ хъунукъым. Хьисэ хуейщ цІыху псоми мыухыж гъащІэр къозыт щІэныгъэр яІэну. Дэри диІэн хуейщ цІыхухэр пэжым хуедгъэджэну гукъыдэж.