Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

91-НЭ ХЪЫБАР

Хьисэ бгыщхьэм щрегъаджэ

Хьисэ бгыщхьэм щрегъаджэ

ЕПЛЪЫТ Хьисэ Галилей хэкум щыщ бгыщхьэ гуэрым тесу иджыпсту цІыхухэр егъэІущ. Нэхъ гъунэгъуІуэу къыбгъэдэсхэр и гъэсэнхэращ. ЦІыху пщыкІутІ апостол хъуну къыхихащ. Апостолхэр Хьисэ и гъэсэн щхьэхуэу къыхэхахэращ. Абыхэм я цІэр пщІэрэ?

Симон Пётр, абы и къуэшым — Андрей. Адрей зэкъуэшитІым зым Екъуб, адрейм Иуан. Иджыри апостолитІ Екъубрэ СимонкІэ еджэу. НэгъуэщІ апастолитІым Иудэ я цІэщ. Зыр Иудэ Искариотщ, адрейр Иуда Фаддейщ. Адрейхэм я цІэр: Филипп, Нафанаил (иджыри ВарфоламейкІэ йоджэ), Матфей, Фома.

Самарие къикІыжа нэужь, Хьисэ «Уафэм щыІэ пащтыхьыгъуэр къызэрыблэгъар» цІыхухэм яжриІэн щІедзэ. ПщІэрэ пащтыхьыгъуэр зищІысыр? Ар Алыхьым и правительствэ дыдэу аращ. Хьисэ а правительствэм и пащтыхьщ. Езыр уафэм щыІэу мы дуней псор абы мамыр ищІыжынущ. Алыхьым и пащтыхьыгъуэр щытепщэну зэманым мы дуней псом зихъуэжынурэ жэнэт дахащэ хъунущ.

Мыбдеж Хьисэ цІыхухэр а пащтыхьыгъуэм щыхуригъаджау аращ. «Мис мыпхуэдэущ Алыхьым фызэрелъэІун хуейр,— жеІэр абы.— Уафэм щыІэу ди Адэ лъапІэ, уи цІэр цІэрыІуэ ирехъу. Уи пащтыхьыгъуэшхуэр кърекІуэ. Узыхуейр щІылъэми щырехъу, уафэм хуэдэу»,— жеІэр. Куэдым мы тхьэлъэІур зэращІэр «Зиусхьэным и тхьэлъэІуущ». ТхьэлъэІур зэрыщыту пхужыІэжыну пІэрэ уэ?

ЦІыхухэр зэрызэхущытын хуейми Хьисэ цІыхухэр хуегъасэ. «ЦІыхухэр къыфхущытыну фызэрыхуейм хуэдабзэу фэри фахущыт»,— жеІэр абы. Адрейхэр фІыуэ къыщыпхущытым деж пфІэфІкъэ, уэ? Аращ Хьисэ щІыжиІэри дэри адрейхэм апхуэдэу дахущытын хуейуэ. Псори фІыуэ щызэхущытыну мы щІылъэм щыІэну жэнэтым ущыпсэуну фІы дыдэкъэ–тІэ?