Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

95-НЭ ХЪЫБАР

Хьисэ зэрыригъаджэ щІыкІэр

Хьисэ зэрыригъаджэ щІыкІэр

ЗЭГУЭР Хьисэ цІыху гуэрым жриІат и гъунэгъур фІыуэ зэрилъэгъун хуейр. Арати, ар къоупщІ Хьисэ : «Хэт гъунэгъукІэ узэджэ хъунур?»— жеІэри. Хьисэ ищІэт ар абы щІыжиІэр. Абы зэрилъытэмкІэ гъунэгъур уи расэм щыщ е уи диныр зыІыгъ цІыхуращ. Абы жэуапу Хьисэ иритам дегъэплъыт.

Зыгуэрым хуигъэІущын щхьэкІэ, Хьисэ хъыбар гуэр щапхъэу къихь и хабзэт. Мы зы гъуэгуи аращ ищІэр. Иудей гуэрымрэ самаритянымрэ теухуауэ хъыбар гуэр жеІэж. НэхъапэІуэ дэ къэтщІат иудейхэм самаритянхэр фІыуэ зэрамылъагъур. Аращи, мис Хьисэ и хъыбарыр.

Зэгуэр иудей гуэр бгыщхьэ гъуэгукІэ Иерихон кІуэну ежьащ. Арати, хъунщІакІуэхэр къытеуащ. Ахъшэр къытрахри ныкъуэлІэ хъуху яубэрэжьащ.

Зэман дэкІауэ а гъуэгу дыдэмкІэ иудей дин пашэ гуэр ирикІуэт. Арати, мис, цІыху яубэрэжьар къилъэгъуащ. Сыт абы ищІауэ къыпщыхъур? Дауэ уеплърэ — адрей гъуэгубгъумкІэ зритри блэкІащ. ИтІанэ диным Іеиущэу хуэлажьэ нэгъуэщІ цІыху, левит, ІущІащ абы. Сыт–тІэ абыи ищІар? Пэжщ, ари къэувыІакъым, а цІыху убэрэжьам дэІэпыкъуну. Плъагъукъэ дин пашэмрэ левитымрэ блэкІауэ зэрехыр.

Иджы еплъыт, а яубэрэжьам бгъэдэсыр хэтми. Самаритяныращ. Иджыпсту ар иудейм дэІэпыкъууращ. И уІэгъэм хущхъуэ хутрелъхьэ. ИтІанэ зыщигъэпсэхуын, щыхъужын щІыпІэм ешэ.

Хъыбарыр иуха нэужь, къеупщІауэ щытам зыхуегъазэри йоупщІ: «Дауэ уеплърэ, а цІыхуищым щыщу яубэрэжьам и гъунэгъум хуэдэу хэт хущытар?»

— Самаритяныращ. Аращ яубэрэжьар зыхуей хуэзыгъэзар,— къет абы жэуап.

— Пэжщ. НтІэ кІуэи уэри апхуэдэу нэгъуэщІхэм яхущыт.

Пэжу Хьисэ фІы дыдэу иригъаджэкъэ? НтІэ, Хьисэ жиІауэ Библием итым быдэу дедаІуэмэ, куэдым зыхуедгъэсэфынукъэ дэ?