Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

99-НЭ ХЪЫБАР

Ищхьэ пэшым

Ищхьэ пэшым

АБЫ ЛЪАНДЭРЭ махуитІ дэкІащ, нобэ махуэкущ, пщыхьэщхьэщ. Хьисэ апостол 12–р и гъусэу къэкІуащ ищхьэ пэшым, ІутІыж пщыхьэщхьэшхэр щащІыну. Мо щІэкІыжыр Иудэ Искариотщ. Ар макІуэр дин пашэхэм деж, Хьисэ къаригъэубыдын щхьэкІэ.

Абы ипэ зы махуэкІэ Иудэ абыхэм я деж кІуэри еупщІащ Хьисэ къаригъэубыдмэ, къратынумкІэ. «Дыжьын ахъшэ щэщІ»,— жаІэри къагъэгугъащ. Иджы мис Иудэ абыхэм я деж макІуэ, Хьисэ здэщыІэр яригъэлъэгъун щхьэкІэ. Телъыджащэкъэ–тІэ абы ищІэр?

ІутІыж пщыхьэщхьэшхэр зэфІэкІащ. АдэкІэ Хьисэ щІедзэ нэгъуэщІ пщыхьэщхьэшхэ хэхам. Абы апостолхэм щІакхъуэ яхуешийри жеІэ: «Мыр фшхы, фэ щхьэкІэ сты си Іэпкълъэпкъращ мыбы къигъэлъагъуэр». ИтІанэ шагъыр иту стэкан яретри жеІэ: «Мыбы фефэ, фэ щхьэкІэ щІэзгъэжыну лъыращ мыбы къигъэлъагъуэр». Библиер мы пщыхьэщхьэм зэреджэр Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэ, е нэгъуэщІыу Зиусхьэным и ПщыхьэщхьэшхэкІэщ.

Израиль цІыхухэм ІутІыжыр щІашхыр, ягу къагъэкІыжу арат Мысырым щыщыІам щыгъуэ Алыхьым и мелыІычыр я унэхэм «блэкІыу», мысырым я унэхэм щІэс щыпэлъхухэр зэраукІар. НтІэ иджы Хьисэ хуейщ и лъэужь итхэм езымрэ, и гъащІэр абыхэм щхьэкІэ зэритамрэ ящымыгъупщэжыну. Абы щхьэкІэ Хьисэ абыхэм йолъэІу илъэс къэс а пщыхьэщхьэшхэ хэхар ягъэлъэпІэну.

Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэ нэужьым, Хьисэ и апостолхэр къыхуреджэ фІэщхъуныгъэшхуэ яІэу хахуэу щытыну. Иуха нэужь, Алыхьым уэрэдкІэ щІыхь хуащІыжри щІокІыж. Жэщыбг хъуащ, жэщыбгми фІэкІагъэнщ. Деплъынти ахэр здэкІуэр дэнэми.