Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

94-НЭ ХЪЫБАР

Абы сабий цІыкІухэр фІыуэ елъагъу

Абы сабий цІыкІухэр фІыуэ елъагъу

ЕПЛЪЫТ Хьисэ мы щІалэ цІыкІум ІэплІэ зэрыхуищІам. ЗанщІэу болъагъу абы сабийхэм гулъытэшхуэ зэрыхуищІыр. Абы кІэлъыплъу щыт цІыхухъухэр Хьисэ и апостолхэращ. Сыту пІэрэ–тІэ Хьисэ абыхэм иджыпсту яжриІэр? ИІэт къэдгъащІэт.

Хьисэрэ и апостолхэмрэ гъуэгуанэ кІыхь зэпачауэ къэсыжа къудейщ. Гъуэгу щытетым апостолхэр зэдэуат. Къэсыжа нэужь, Хьисэ абыхэм йоупщІ: «Гъуэгу фытетыху сыт фыщІызэдэуар?» — жеІэри. Абы ищІэт ахэр щІызэдэуар сытми, ауэ пэжыр къыжраІэрэ къыжрамыІэрэ еплъыну хуейуэ арат.

Апостолхэм жэуап къатакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ хэт нэхъ ину щытынуми зэхагъэкІыну зэдэуауэ арат. Апостолхэм я щыщ гуэрхэр хуейщ адрейхэм нэхърэ нэхъ ину щытыну. Дауэ–тІэ Хьисэ абыхэм зэрагуригъаІуэр нэхъ ину щытыным щІэхъуэпсын зэрыхуэмейр?

Абы щІалэ цІыкІу къреджэри апостолхэм я пащхьэм кърегъэувэ. ИтІанэ абыхэм захуегъазэри яжреІэ: «Сыхуейщ тэмэму къывгурыІуэну: зыфхъуэжу сабийхэм хуэдэу фымыхъумэ, Алыхьым и пащтыхьыгъуэр зэикІ къыфлъигъэсынукъым. Мы сабийм хуэдэ хъуращ пащтыхьыгъуэм нэхъ щыинынур». ПщІэрэ Хьисэ апхуэдэу щІыжиІар?

ЗэикІ сабий цІыкІухэр иригузавэкъым хэт нэхърэ ахэр нэхъинми. АбыкІэ апостолхэм сабийхэм щапхъэ трахыу хэт нэхъ инми зэдэуэн хуэмейуэ арат.

А зэракъым Хьисэ къызэригъэлъагъуэр и гум къыбгъэдэкІыу сабийхэм гулъытэ зэрыхуищІыр. Мазэ бжыгъэ дэкІа нэужь, цІыху гуэрхэм я сабийхэр Хьисэ къыхуашэр. Апостолхэм ахэр Хьисэ бгъэдагъыхьэтэкъым. Арати, Хьисэ абыхэм яжреІэр: «Я гугъу фымыщІыу къысхуэвгъакІуэ сабийхэр. Алыхьым и пащтыхьыгъуэр абыхэм хуэдэхэращ зейр». Арати, ІэплІэ яхуищІыурэ и нэфІыр ящыхуащ. Абы сабийхэр фІыуэ зэрилъагъур пщІэну гуфІэгъуэшхуэкъэ–тІэ?